Кавказ зауэжьым кърихужьэу, хэгъэзыхьыныгъэкIэ щIыпIэ-щIыпIэхэм Iэпхъуэу къэзыкIухьа адыгэ жылэхэм я тхыдэм къыхощыж здыщыпсэуа щIыпIэхэм я фIэщыгъэцIэ куэд. Мыр мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэщ, сыту жыпIэмэ, фIэщыгъэцIэжьхэм я нэхъыбэр яIэщIэхужауэ къагъэсэбэпыжкъым, и ныкъуэхэри хамэбзэ зэхъуэкIыкIэ хабзэхэм ирагъэувэкIэрэ апхуэдизу яхъуэжащи, я къежьапIэхэр адыгэ псалъэхэм зэрыхуэкIуэжыр нэгъэсауэ къыпхуэхутэжкъым. Абыхэм ящыщщ Тебэрды, Псыжь, Инжыдж ЦIыкIу, Инжыджышхуэ, Уарп, Щхьэгуащэ, Лабэ псыхъуэхэм хьэжрэт жылэхэр здетIысэха щIыпIэхэм, Iуащхьэхэм, псы цIыкIухэм я цIэр. Арами, ахэращ нобэ къозыгъэщIэжыр, щыхьэт техъуэр а щIыпIэхэм адыгэ жылэхэр зэрыщыпсэуам. Нобэрей тхыгъэмкIэ фи пащхьэ идолъхьэ адыгэ къуажэхэм я тхыдэ лъагъуэхэм дыщрикIуэм, адыгэ фIэщыгъэцIэжьу мы псыхъуэхэм дызыпэщIэхуахэр.
Инжыдж ЦIыкIу псыхъуэ Базырджэнхэ я псынэжь — Ботэщей къуажэмкIэ Инжыдж ЦIыкIум къыхэлъадэу къэгъэлъэгъуащ. Бэтэгъэжь — Зеикъуэ и адрыщI Iуфэм къыщылъ щIыпIэу итщ. Ардыдэр Инжыджышхуэ и Iэгъуэблагъэми къыщыхощ. Зэлэн щыгу — Али-Бэрдыкъуэ и къухьэпIэмкIэ къыщылъ Гынгухъущхьэм ищхьэжкIэ иIэ лъагапIэм и цIэу къыхощ. «Наш аул АлиБердуковский (Хахандуковский)» тхылъми, къуажэм и тхыдэм лъэIэс иджырей тхылъхэми къыхэщыжу и лъэужь дгъуэтакъым. Арами, ХХ лIыщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм, щIыпIэ фIэщыгъэцIэжьхэр къэзыхутэжу, мы лъэныкъуэмкIэ къэкIуа КIуэкIуэ Жумэлэдин и лэжьыгъэм къыщыдгъуэтащ. КIуэкIуэм ар къыжезыIауэ итыр Али-Бэрдыкъуэ къуажэдэс Маху Мусэщ.
Мы фIэщыгъэцIэм мыхьэнэ ин иIэщ. Япэрауэ, ар къызытекIар адыгэ псалъэщ – зэлэн, къызэрылэжын – «договориться, прийти к согласию». Зэлэн щыгу — «вершина, где договаривались, вершина примирения». И цIэ закъуэм къыбжеIэ ар хэгъуэгум пасэм щыпсэуа адыгэхэм я зэгурыIуэныгъэ щIыпIэу зэрыщытар. Мыр къуажэ фIэщыгъэцIэкIэ къанэкъым, хьэгъундыкъуейдэсхэр зэгурыIуэнумэ, абы нэс дэмыкIми хъут. ЕтIуанэрауэ, ар зи цIэ лъагапIэм и лъэныкъуитIымкIи къыщылъ псыхъуэхэми, псы ежэххэми я цIэр абы къызэрытекIам шэч хэлъкъым. Зэвгъапщэ: «Зэлэн щыгу» — «Зеленчук». Къамылыкъуэ — Инжыдж ЦIыкIум и ижьырабгъумкIэ къыхэлъэдэжу къыхощ. Кхъузанэкхъэ — Инжыдж ЦIыкIу и ижьырабгъумкIэ ирехыу къыппэщIэхуэ фIэщыгъэцIэщ.
Адыгэхэр здыщыпсэу щIыгухэм куэду къыщыппэщIохуэ. НэгъуэщIу йоджэ «Iуащхьэ бын» цIэмкIэ. Псыхуом — къиугъуейуэ, зэпIэзэрыту къежэх зи хабзэ, Марыхъу псым къыхэлъэдэж, нобэ «Аксаут»-кIэ зэджэ псыращ. ХьэщIэмахуэ Iуащхьэ – Инжыдж ЦIыкIу и ипщэмкIэ иIэу къыхощ. Инжыджышхуэ псыхъуэ Дыгъужьыб — Беслъэней ипщэмкIэ къыщылъ щIыпIэу къыхощ. Лъакъуищ — ПсэукIэ-Дахэ къуажэм и ищхъэрэ-къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ къыщыппэщIэхуэ щIыпIэ. Инжыдж ЦIыкIу псыхъуэми деж къыхощ «Пхъэ лъакъуищ Iуащхьищ» фIэщыгъэцIэр.
Шэтлауч — ПсэукIэ-Дахэ ищхъэрэ-къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ, Инжыдж ЦIыкIу псыхъуэм ижьырабгъум къыIулъ щIыпIэхэм зэрахьэ фIэщыгъэцIэу къыхощ. ЩыгущI (Шугус) — Инжыджышхуэрэ Лабэшхуэрэ я къежьапIэхэм щыIэ щIыпIэхэм я цIэщ. Шыбланэкъуэ — иджырей Ново-Кувинский къуажэм и щIагъкIэ Инжыджышхуэ къыхэлъэдэж псы цIыкIу. Шылыч — Чэфар (Кяфар) псым и сэмэгурабгъумкIэ къыхолъадэ. Псыжь, Тебэрды псыхъуэхэр Дэгъуэт — Псыжь къыхэлъадэ псыуэ къэгъэлъэгъуащ. Дыгъуагъуэ — Хъумэрэ ипщэкIэ Псыжь къыхэлъэдэж псы. Жыгуэнэз (Джегонас) – Псыжь ижьырабгъумкIэ къыхэлъэдэж псымрэ бгыжьэмрэ я цIэщ.
Жыгуэтэ (Джегута) — Псыжь ижьы рабгъумкIэ къыхэлъэдэж псымрэ бгыжьэмрэ я цIэщ. ЖыгейщIэхъу — Хъумэрэ къуажэм и Iэгъуэблагъэм къыщыхощ. Жьэгъу лъабжьэ — Хъумэрэ ипщэкIэ уридэкIуеймэ узыхуэзэ бгыжьэмрэ абы и щIагъымрэ зэрахьэ цIэуэ къыхощыж. Индыш — Псыжь и ижьырабгъумкIэ къыхэлъэдэж псыуэ къыхощыж. Къуэбыщ псы кIуэцI — иджырей Къумыщ къуажэм и ищIагъымкIэ (Псыжьыпсым лъэмыжыр здытелъ щIыпIэм хуэзэу). Къуэбыщ псы кIуэцI жиIэмэ – «вода, замкнутая в ограниченном пространстве ущелья» къикIыу аращ. Хьэжрэт гъуэгужь — Гумыпс къыщежьэу, иджырей УчкекенкIэ къыщхьэдэхыу, Карачаевск къалэм ипщэкIэ, иджырей Каменномостым деж зэпрыкIыпIэ иIэм ухуэзышэ гъуэгу. ХьэщIэукI — Тебэрды и сэмэгурабгъумкIэ къыщылъ нэпкъ, къыр. Хъыцэкъуэ — Тебэрды псыхъуэм. Шокуэ — Псыжь и сэмэгурабгъумкIэ къыхэлъэдэж псы цIыкIу Шыгуарэ, Шыгуарэ цIыкIу — Хъумэрэ ипщэмкIэ, Псыжь ижьырабгъумкIэ къыхэлъэдэж псы цIыкIухэ. Уарп псыхъуэ Дэдэнжьиишхуэ, ДэдэнжьийцIыкIу — Уарп къыхэлъэдэж псыщ тIури. Хъан-Джэрий деж къыхощыж.
Джэджэн — Отраднэ деж Уарп и сэмэгурабгъумкIэ къыхэлъэдэж псыщ. (Адыгэ псалъэщ. Джэджэн – «переливаться цветом»). ЖылэтIмэз (Джелтимесские высоты) — Уарпрэ Лабэшхуэрэ я куэщIым илъ мэзылъэ бгыжьэм и цIэщ (Апостолов деж къыхощыж). Щхьэгуащэ псыхъуэ Абагъуэ — Щхьэгуащэпсым и сэмэгурабгъумкIэ къыхэлъэдэж псы. А цIэ дыдэр Шугъусэ бгым ищхъэрэ бгыжьэм ирикIуэу къегъэлъэгъуэж Апостоловым. Вийдыкъуэ — Щхьэгуащэ и ижьырабгъумкIэ къыхэлъэдэж псы цIыкIуу Хъан-Джэрий къегъэлъагъуэ. Гъуд — Щхьэгуащэ и Iуфэм, Даховскэ станицэм къыбгъурылъ бгылъэ. Гъузэрыплъэ — Щхьэгуащэ и ипщэкIэ щыIэ бгым, псы къыхэлъэдэжым, жылэ щысым жэуэ я цIэщ. Дахъуэ (Дахэ) — Лабэрэ Щхьэгуащэрэ я куэщIым дэт бгыхэм, Щхьэгуащэпсым ижьырабгъумкIэ къыхэлъэдэж псыхэм я цIэщ. Абы и Iуфэм Iусым Даховскэ станицэ и цIэр «Даховский отряд» абдеж тIысам къытекIауэ иджы ягъэхъыбарми, ахэр хэгъуэгум къыщимыхьами щIыпIэм цIэр зэрихьэххэт. ДжэгуакIуэ (Дегуак) — Щхьэгуащэ псым и сэмэгурабгъумкIэ къыхэлъэдэж псым, Даховскэ станицэм и адрыщI Iуфэм къыщылъ губгъуэм зэреджэщ. Дыдыгуш — Щхьэгуащэ и ипщэ ижьырабгъу лъэныкъуэм къыщылъ бгылъэм и цIэщ. Жымарыкъуэ (Джимарук) — Щхьэгуащэ и къежьапIэмкIэ щылъ бгы. Къамылыкъуэ (Чамлык) — иджырей Хьэгъундыкъуейм купщIэ хуэхъуа жылэр Щхьэгуащэ и Iуфэм здыIусам деж, блэж псы цIыкIущ (Щхьэгуащэ холъэдэж).
ТхьэщI — Щхьэгуащэрэ Лабэ ЦIыкIумрэ ипщэ куэщIым иIэу къыхощ. Лабэ псыхъуитIым Ажэкъуэ — Лабэ и ижьырабгъумкIэ къыхэлъэдэж псымрэ абы къыIулъ хъупIэмрэ. Архъыз — Лабэ ипщэкIэ щыIэ къущхьэхъу хъупIэ. Ахъмэтыбг — Лабэшхуэмрэ Лабэ цIыкIумрэ здызэхэлъэдэжым пэгъунэгъу бгыжьэ кIыхь. Архъэшу и сын — Ахъмэтыбгым и щыгум тет мывэ сын лъагэ. Гъуагъэ — Лабэ и ижьырабгъумкIэ къыхэлъэдэж псы. Дамэгъурц — Лабэшхуэ ипщэкIэ къыхэлъэдэж псым, абыхэм я къежьапIэхэм щыIэ бгымрэ щхьэдэхыпIэмрэ я цIэщ. Иджы зэратхыр «Дамхурц»-щ. Ауэ къызытекIар адыгэбзэщ – Дамэ+гъурц – «каменистое, сухое плечо». ДамэщIыкъуэ — Лабэ къыхэлъэдэж псыщ. Джэдуунэ — иджырей Лабинскыр зытес щIыпIэм щыса адыгэ жылэм и цIэщ. Зэгъдан — Лабэшхуэ и ипщэм ижьырабгъумкIэ къыхэлъэдэж псы. Къызылбэч — Лабэ ЦIыкIу и ижьырабгъумкIэ къыхэлъэдэж псыщ. Кхъужьджабэ — Лабэшхуэ и ижьырабгъумкIэ къыхэлъэдэж псы цIыкIумрэ абы къыIулъ щIыпIэмрэ я цIэщ. Шэкъан — Лабэ псыхъуитIым я куэщIым иIэ мэз. Шэрэдж (Шередь) — Лабэ къыхэлъэдэж псы. Хъан-Джэрий и деж къыхощыж. БЕМЫРЗЭ Зураб
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.