«Хэтащ уэрэдри зауэм…»

ТекIуэныгъэм и Илъэс 80-м хуэкIуэу ди хэгъуэгум IуэхугъуэфI куэд щрагъэкIуэкI. Псом хуэмыдэу, мыхьэнэ иIэщ егъэджэныгъэм епха IуэхущIапIэхэм зауэ-хэкупсэ гъэсэныгъэм хуэгъэза дауэдапщэхэр къыщыIэтыным, сабийхэр а еплъыкIэхэм къыщIэгъэтэджэным.
Хьэбэз районым и еджапIэхэмрэ сабий IыгъыпIэхэмрэ апхуэдэ Iуэхухэм IэхъуэгъуэтегъэкIыу зэи бгъэдыхьэкъым. Сыт къамыIэтми ягурэ я псэрэ халъхьэ, нэхъыфI, нэхъ гъэщIэгъуэн зэрыхъуным хуэдэу къызэрагъэпэщ.
Апхуэдэт ТекIуэныгъэм и махуэщIым хуэкIуэу, «И песня тоже воевала…» хэкупсэ уэрэдхэмкIэ хэгъуэгу зэпеуэ-фестивалым и муниципальнэ Iыхьэр зэрекIуэкIари. Хьэбэз дэт щэнхабзэмкIэ Унэм цIыхур щIэзу а махуэм къызэхуэсат.
Фестиваль-зэпеуэм хэтхэмрэ хьэщIэхэмрэ фIэхъускIэ зыхуагъэзащ Хьэбэз район администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Унэжь Олегрэ район администрацэм егъэджэныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщI Сидакъ Жаннэрэ.
— Илъэс 80 текIыжащ бзылъхугъэхэмрэ сабийхэмрэ лэжьыгъэ хьэлъэхэм щыпэрыува, ди адэхэмрэ адэжьхэмрэ фашизмэм текIуэнымкIэ лIыхъужьыгъэ щызэрахьа гъэ хьэлъэхэр зэриухрэ.


«Хэти тщыгъупщакъым, зыри тщыгъупщакъым» жыIэгъуэм сыт щыгъуи мыхьэнэ хэха иIэнущ. Сыту жыпIэмэ, ди сабийхэм а зауэ гуащIэр зэрацIыхур кино трахахэмрэ интернетым кърахымрэкIэщ. КъытщIэхъуэ щIэблэм дэ янэтхьэсын хуейщ а гукъэкIыжхэр. Нобэ, гъэсэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ къызыбгъэдэкI егъэджакIуэхэм ди сабийхэм янывохьэсыф а зауэр тщыгъупщэ зэрымыхъунур икIи зэрытщымыгъупщэнур, — къыхигъэщащ Унэжь Олег.
Фестивалым хэта егъэджакIуэ гупхэм я зыкъэгъэлъэгъуэныгъэ къэс удихьэхт, утезашэтэ-къым, апхуэдизкIэ творческэ бгъэдыхьэкI хэлъу, я теплъэкIи зэкIужу Iуэхур ирагъэкIуэкIти.
Апхуэдэу зыкъагъэлъэгъуащ районым и къуажэ къэс къыбгъэдэкIа егъэджакIуэ, гъэсакIуэ гупхэм. Абыхэм ягъэзэщIащ псоми зэдацIыху «Катюша», «На Мамаевом кургане», «Майский вальс», «Журавли», нэгъуэщI зауэ уэрэд куэди. Уэрэд цIэрыIуэхэр урысыбзэкIэ зэрыжаIам къыдэкIуэу, адыгэбзэкIи нэгъуеибзэкIи ягъэIуащ а махуэм.
ЕгъэджакIуэхэм уэрэд жыIэнымкIэ зэфIэкI инхэр къагъэлъэгъуащ. Макъ зэщхьэщыхуакIэ зэдежьууэ, макъамэ щIэмыту (акапельнэу) ягъэзэщIа уэрэдхэри Iуэхум хэтащ. Щхьэхуэу къыхэбгъэщ хъунущ зыкъэзыгъэлъэгъуахэм я щыгъынхэр. Утыку къихьэхэм Iуэхугъуэр зытраухуам екIуу бостей дахэхэр, зауэ фащэхэр ящыгъащ.
Уэрэд щыжаIэкIэ театр теплъэгъуэхэр къыхэзыгъэхьахэри яхэтащ. ЕгъэджакIуэхэм куэду къыхашащ сабийхэри. ЦIыкIухэм зауэм хэта я нэхъыжьхэм я сурэтхэр, шэху уэздыгъэ зэщIэ-гъэнахэр, ныпхэр утыкум кърахьэурэ, ахэр зи гъусэ гупхэм я зыкъэгъэлъэгъуэныгъэр хуагъэдэхащ…
Уэрэдым и къарур инщ. Псом хуэмыдэу зауэ лъэхъэнэм щаусахэм, щыжаIахэм. Уэрэдым щIэту зауэлIхэр къулыкъум дашт, уэрэдым дежьууэ сэлэтхэр бийм ебгъэрыкIуэт, уэрэд зэдыжаIэу ТекIуэныгъэ Инри къытхуахьащ. Шэч хэмылъу, апхуэдэ уэрэдхэр цIыхубэми фIыуэ илъэгъуащ, нобэр къыздэсми щыгъупщакъым. Аращ утыкум къыщыIуа уэрэду хъуам залым щIэсар зэрыщыту щIыдежьууари.
Шэч хэмылъу, зауэ уэрэд жыIэнымкIэ зэпеуэ-фестивалым и купщIэ нэхъыщхьэр мы махуэм хэти нэрылъагъу щыхъуащ. Зауэ уэрэдхэм дыхуахьыжащ илъэс 80 зытекIыжа зауэ гуащIэм ехьэлIа гукъэкIыжхэм, ТекIуэныгъэ Иныр къэзыхьахэм я щIэблэу дызэрыщытымкIэ ди гушхуэныгъэм нэхъри хагъэхъуащ.

ЖюримкIэ хьэлъэт нэхъыфIыр гъэбелджылыныр. Зыкъэгъэлъэгъуэныгъэ къэс зыгуэркIэ къыхэбгъэщ хъунут. Мы Iуэхум хэтауэ хъуам Хьэбэз администрацэм егъэджэныгъэмкIэ и къудамэм къыбгъэдэкIыу щIыхь тхылъхэмрэ тыгъэхэмрэ хуагъэфэщащ.
— Хэкупсагъэ зэрытхэлъыр, ди зэкъуэтыныгъэр зэрыбыдэр нобэ нэрылъагъу тхуэф-щIащ, ди егъэджакIуэхэ! Фыкъыддэгуэшащ егъэджакIуэхэм сыт щыгъуи къадэгъуэгурыкIуэ гукъыдэжыфIымкIэ. Сыт щыгъуи псэуащ икIи псэунущ уэрэдыр. Нобэрей ди дауэдапщэр абы и щыхьэтщ. Мы фестивалым и мыхьэнэ нэхъыщхьэри наIуэ хъуащ.
Ди егъэджакIуэ-гъэсакIуэхэр сыт хуэдэ лъэныкъуэкIэ къапщтэми, сыт хуэдэ Iуэху яужь имыхьэми, ар нэгъэсауэ зэрагъэзэщIэнур хьэкъщ, къыхаха IэщIагъэм хуэфащэу дэтхэнэми и Iуэху егъэкIуатэ, — жиIащ Сидакъ Жаннэ.
УнафэщIым фIыщIэ яхуищIащ мы дауэдапщэр къызэгъэпэщыным зи гуащIэ Iыхьэ хэзылъхьа дэтхэнэми. Апхуэдэщ, щэнхабзэмкIэ Унэм и унафэщI Даур Аннэ я пашэу район администрацэм щэнхабзэмкIэ и къудамэм и лэжьакIуэхэр.
— Щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм ди къыхэлъхьэныгъэу хъуар сыт щыгъуи къыддаIыгъ, тхуагъэдахэ. Зы унагъуэм хуэдэу дызэкъуоувэри, ди Iуэхухэр нэхъыфIу, нэхъ гъэщIэгъуэну зэрыдгъэлъэгъуэным дыпылъщ, — жиIащ абы.
Дауэдапщэм зэпеуэ мыхьэнэ щиIэкIэ, дауэ мыхъуми, зыр къыхэгъэщын хуейт. Жюрим игъэбелджылащ районым къыбгъэдэкIыу «Хэтащ уэрэдри зауэм…» хэгъуэгу зэпеуэм Хьэбэз къуажэм дэт Арэшыкъуэ Р. и цIэр зезыхьэ еджапIэм къыбгъэдэкIа гупыр ягъэкIуэну. Республикэ утыкуми екIуу зыкъыщагъэлъэгъуэну абыхэм дащогугъ.
АМИРОКЪУЭ Мадинэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *