Хэт ди бжэщхьэIум къытеувар?

Къэсыпащ, ди бжэщхьэIум тетщ 2026 ИлъэсыщIэр. Ар къызэрымыкIуэ зыщIынур МафIэш Плъыжьращ. А псэущхьэм и гъэр къыщихьэр илъэс 60-м деж зэщ. Къихьэну илъэсым и нагъыщэ нэхъыщхьэу щытынущ лIыгъэр, хэлъэт — жыджэрагъыр, гъащIэм хуэнэхъуеиншэныр. А псоми къикIыр аращи: иджырэ къэс фызытемыгушхуэфа лъэбакъуэр фчыным и пIалъэщи, фи псэр зыщIэхъуэпсам фыхуэкIуэ, фыздэкIуэ лъэныкъуэр фхъуэжынми фытегушхуэ, фызрикIуэ гъуэгур нэфхусарэ къэуатыншэ хъуауэ къыфщыхъуамэ, фыщымышынэ а гъуэгум фыкъытекIыным, фи жэрдэмхэмкIэ фи щхьи, нэгъуэщIри къызэщIэвубыди девгъэхьэх, хьэл-щэныр, псэ щытыкIэр, гукъыдэжыр фпсыхьу.

МафIэш Плъыжьым фIыуэ илъагъухэм ящыщщ зэгъэтIылъэкI имыIэу и мурадыр зэзыгъэхъулIэфхэр; нэгъуэщIхэм чэнджэщ къытрахьэми, зи фIэщхъуныгъэр быдэхэр; тегушхуэныгъэ зыхэлъхэр, ауэ ар зэпэшэчарэ шынагъуэншэу къэзыгъэсэбэпыфхэр; хуитыныгъэмрэ пэжыгъэмрэ пщIэ хуэзыщIхэр, и щхьэм ехьэлIауи, нэгъуэщIым ехьэлIауи щрет.

Дыпевгъажьэ МафIэшым гу къабзэ зэIухакIэ, езы псэущхьэр зэрыкъабзэм, зэрыпэжым дыхуэфащэу. Аращи, гъащIэ шыуанэм зыдодзэри, ехъулIэныгъэщIэхэмрэ текIуэныгъэщIэхэмрэ худоунэтI. Дынэхьэс, МафIэш Плъыжь!

Адыгэ лъэпкъым псэущхьэ псоми яхиIэтыкIыу шыр фIыуэ зэрилъагъур доцIыху. Апхуэдэ лъэпкъ фIылъагъуныгъэм МафIэш Плъыжьыр фIыкIэ къыпэджэжыну, ифI псори лъэпкъым къыхуигъэфэщэну Тхьэм жиIэ!


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *