Адыгэр хьэщIэкIэ жумартщ. Адыгэ унагъуэм ихьа хьэщIэм пщIэрэ щIыхьу ирагъэгъуэту щытам теухуа, апхуэдэ щытыкIэр къызыхэщыж куэдым урехьэлIэ. Ауэ тцIыхуу пIэрэ хьэщIэ псори зэхуэдэу ягъэхьэщIэу зэрыщымытар? Абы ехьэлIа тхыгъэ гъэщIэгъуэн къыщидгъуэтащ Шэрджэс Алийрэ Хьэкъун Мухьэмэдрэ къагъэщIауэ щыта тхылъ хьэлэмэтыщэм, адыгэм и хабзэ-бзыпхъэ псоми теухуам. «… Абы елъытауэ хьэщIэхэр мыпхуэдэу зэщхьэщыхуат: хьэщIэ лъапIэ; хьэщIэ къызэрыкIуэ; цIыхухъу хьэщIэ; бзылъхугъэ хьэщIэ; хьэщIэщ хьэщIэ; лэгъунэ хьэщIэ (я Iыхьлы дыдэ е и гъунэгъу дыдэ ныбжьэгъу къакIуэмэ); хьэщIэ нахуэ; хьэщIэ щэху (зи цIэ къизымыIуэххэу щытахэр.
Апхуэдэхэм еупщIтэкъым); хьэщIэ благъэ; хьэщIэ хамэ; зэджа хьэщIэ; зэмыджа хьэщIэ; хьэщIэ уэкъулэ (мылъкукIэ зэтехуа, мафIэс е зэрыпхъуэ къызылъыса цIыхур хамэ къуажэхэм щаIэ ныбжьэгъу, цIыхугъэ хуэдэхэм екIуалIэти, къуажэр къакIухьурэ щхьэж хузэфIэкIымкIэ зыдагъэIэпыкъут, мылъку гуэр яугъуеижт. Апхуэдэ хьэщIэм уэкъулэкIэ е хьэщIэлъаIуэкIэ еджэт); бий хьэщIэ (адыгэ хабзэм къызэриубыдымкIэ, хьэщIэу къокIуэлIар убийрауэ щытми, и гугъу умыщIу хьэщIагъэ епхын хуейщ). НобэкIэ хьэщIэм кIэлъызэрахьэ е кIэлъызэрахьэн хуей хабзэхэр кIэщIу къыхэхауэ мыпхуэдэщ:
хьэщIэр Тхьэм щилIыкIуэкIэ, шэч хэмылъыжу, адыгагъэкIэ пщIэрэ нэмысрэ зылъысыпхъэ цIыхущ. ХьэщIэм зы мащIэкIи гурыщхъуэ ебгъэщI мыхъунщ къызэреблэгъар уи мыгуапэу, ухуэщIыIэу. Ауэ жаIакъым: «ХьэщIэ къихьэмэ, хэгъэрейр мэгуфIэ»,— жэуэ. Хабзэм тету хьэщIэм пыкъуэкIыпхъэщ. УиIэ мащIэрами — псэ къабзэкIэ хьэщIэм пепхьэжьэмэ къабыл къыщыхъунщ. «Адыгэм я нэхъ мыгъуэри бысымщ!» — псалъэжьыр хэти ищIэну и пщэрылъщ. ФэрыщIыгъэншэу «еблагъэ» жиIэн хуейщ адыгэм, хьэщIэ зэхэдзи ищIын хуейкъым. ХьэщIэ къишэщ щыIэр, нэхъ хьэщIэишыжкъым.
Зэхэгъэж щымыIэу, жьыми щIэми, бейми хуэмыщIами, цIыхухъуми бзылъхугъэми, ныбжьэгъуми жагъуэгъуми хьэщIагъэ ехыпхъэщ. ХьэщIэ бжыгъэ зэтехуамэ, нэхъ пщIэ зыхуэщIыпхъэр нэхъ жыжьэ къикIаращ. Иджы хьэщIэщ щымыIэжми, «пэш лей»-кIэ зэджэхэм хуэдэхэр унагъуэхэм иджы яIэщи, хьэщIэм хуагъэтIыгъуэ. ХьэщIэм и закъуэу пэшым къыщIэбнэныр емыкIущ. ХьэщIэр тIысу тэлай текIа нэужь, ущIэупщIэмэ хабзэщ.
ХьэщIэр куэдрэ Iэнэм пэбгъэплъэныр къекIукъым. Ноби хьэщIэгъафIэу бжьэ хутрагъэувэныр хабзэщ, ауэ хьэщIэр фадэ гуащIэмкIэ бгъэудэфэныр емыкIущ. ХьэщIэр унагъуэм исыху, хабзэщ абы и щыгъыным кIэлъыплъыныр, гъэкъэбзэныр, ету тедзэныр, лъакъуэфIэлъхьэр лъэщIыныр. ХьэщIэ Iэнэм дэмынэцIеин папщIэ, хабзэщ псом япэ сабийхэр гъэшхэныр. ХьэщIэр щысу хэгъэрейхэр езыхэм я Iуэху тепсэлъыхьыну, хьэщIэм едэуэну емыкIущ. ХьэщIэр ежьэжын хъумэ, абы ущыгуфIыкIыу гу лъебгъатэмэ емыкIущ. Гъуэгу махуэ техьэжыну, иджыри узыншэу куэдрэ зэхуэзэну, зэрылъагъуну йохъуэхъуж, къызэрыкIуахэмкIэ фIыщIэ хуащI. ХьэщIэр щежьэжкIэ, хьэщIэ лъапIэу щытмэ,тыгъэ гуэр хуащI, фэеплъ папщIэу. Мыр щытыкIэ куэдым щыщу гъэкIэщIауэ къэтхьа зыбжанэщ.
Фызэрезэгъынщи, къызэрыкIуэщ, ауэ ди нобэм тIэпыхужу хуежьахэри хэтщ».
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.