Зауэ операцэ хэхар зэрыщIидзэрэ Хьэбэз районым зэпымыууэ щолажьэ «Родные сердца» зи фIэщыгъэцIэ волонтер гупыр. Абыхэм тхьэмахуэ къэс ди зауэлIхэм хурагъашэ гуманитар дэIэпыкъуныгъэ, я нэIэм щIагъэтщ ди лъэпкъэгъухэр зэуапIэм нэхъ зыхуэныкъуэр, зыщIэлъэIур. Абыхэм ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм, къинэмыщIауэ, СВО-м хэт ди щIалэхэм я Iуэхур зыIутым сыт щыгъуи щыгъуазэщ Хьэбэз муниципальнэ район администрацэм и Iэтащхьэ Жу Тимур.
И пэжыпIэкIэ, районым а лъэныкъуэмкIэ щекIуэкI сыт хуэдэ Iуэхугъуэми и нэIэ тригъэтщ, зауэлIхэм зэпыщIэныгъэр ядиIыгъщ. А псори къыхалъытэкIэрэ, «За содействие специальной военной операции» медалыр Тимур къыхуагъэфэщащ. Ар къритащ СВО-м хэт Быж Руслан. Район администрацэм и Iэтащхьэм къыхуащIа гулъытэр и гуапэ хъуащ икIи районым щрагъэкIуэкI лэжьыгъэр зэрызэпымыунур къыхигъэщащ: — Ди зауэлIхэм дадэIэпыкъуныр — псоми ди зэхуэдэ къалэнщ. Мы нагъыщэр си щхьэ закъуэу слъытэкъым зыхуагъэфэщар, атIэ зэрырайону хуащIа уасэщ. Районым щыпсэу дэтхэнэри СВО-м и япэ махуэм щегъэжьауэ ди зауэлIхэм дэIэпыкъуэгъу зэрахуэхъуным хущIэкъуащ. Абыхэм дадэIэпыкъукIэрэ, ди щхьэкIэ нэхъыфI дохъу, псоми ди плъапIэ ТекIуэныгъэр къыдогъэгъунэгъу! — фIыщэ псалъэ пэджэжым щыжиIащ Жу Тимур. Зыгъэхьэзыра
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.