
Черкесск къалэм щыпсэу Матусевичхэ Александррэ Маринэрэ унагъуэ зэрызэдащIэрэ илъэси 5-щ зэрыхъуар. Ауэ, а пIалъэ кIэщIым къриубыдэу, гъуэгуанэшхуэ зыкIуа унагъуэхэм ябгъэдэбгъэувэфыну гугъуехь куэд зэщхьэгъусэхэм къызэранэкIащ.
Александр СВО-м и ветеранщ, ди къэралым и мамырыгъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ ихъумэу гъэунэхуныгъэ хьэлъэхэм пхыкӏащ, тхуэнейрэ уIэгъэ хъуащ. Зауэ операцэ хэхар зэрыщIидзэрэ, контракткIэ и къулыкъур иригъэжьащ икIи зэрихьа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ я щыхьэту, нагъыщэ лъагэхэр къыхуагъэфэщащ. СВО-м хэтыхукIэ, Суворовым, Жуковым, Хахуагъэм и медалхэмкӏэ и цIэр къраIуащ. Инженер-сапёр ротэм и IэщIагъэлI нэхъыжьу щытащ. Унагъуэ жьэгумрэ Хэкумрэ зыхъумэ, зэгурыIуэу зэдэпсэу Матусевич зэщхьэгъусэхэр я ныбжькIэ щIалэми, абыхэм яхузэфIэкIащ яухуа унагъуэщIэм лъапIэныгъэ нэхъыщхьэхэр лъабжьэу хуагъэтIылъын.
Ар, япэрауэ, дэтхэнэ гугъуехьми зэгъусэу пэщIэтыныр, зэхуэгуапэныр, шыIэныгъэ тIуми зыхагъэлъыныр. Зи ныбжьыр илъэситху ирикъуну, Алексадррэ Маринэрэ я къуэ Матвей цIыкIу зыщIапIыкIри езым ябгъэдэлъ хэкупсагъэмрэ фIылъагъуныгъэмрэщ. Хэкум я хъумакӏуэхэмрэ лэжьакӏуэхэмрэ я династиекӏэ уеджэ хъунущ мы унагъуэм. Ар Матусевичхэ щIэблэкIэрэ зэIэпах лъапIэныгъэщ. Мы унагъуэм я зауэ тхыдэр къыщожьэ кадровэ зауэлӏу щыта, Хэкум хуэлэжьэным зи гъащӏэр тезухуа Александр и адэшхуэ НоренкIэ. Зэманымрэ гъащIэмрэ зэрагъэунэхуамкIэ, нобэ къуэрылъхум хэлъ хэкупсагъэри, и хьэл-щэн быдэри, къалэным зэрыхуэпэжри къызыпкърыкIар щапхъэгъэлъагъуэу къыщхьэщыта и адэшхуэрауэ елъытэ езы зауэлIым.
— Пэжыр жыпӏэмэ, уи Хэкур къыпхуэныкъуэныр насыпышхуэщ, икIи пщӏэшхуэщ! Дэрмырамэ хэт? Фашизмэри, неонацизмэри — ди адэжьхэр зыпэщӏэта бзаджэнаджагъэхэр, дунейм щыӏэн хуейкъым! Ар сэри, къыздэщIыгъуу зэуа си ныбжьэгъухэмкӏи нэрылъагъущ, — жеӏэ Александр. Хэкум щхьэпэну, хъумакIуэхэм я сатырэм хэувэну и чэзур къылъысауэ щилъытэм, Александр зы дакъикъи къызэтеувыIакъым, и адэшхуэм и ӏуэхум пищэныр, Хэкум хуэщыпкъэныр и къалэн пажэу къилъытащ.
Зауэ операцэ хэхам хэтыху, жагъуэ зэрыхъущи, уӏэ гъэ хьэлъи хъуащ, и узыншагъэкIэ хуабжьу гугъуи ехьащ. Ауэ абы емылъытауэ, хъумакӏуэм и псэр быдэт, адэкIи зэуапIэм зэрыкIуэжыным хущIэкъут. АрщхьэкIэ зауэлIыр и узыншагъэкIэ къулыкъум къыхагъэкIыжащ, «Контролер» ООО зэгухьэныгъэм ЭВМ-м и оператору иджыпсту щолажьэ. И щхьэгъусэ Маринэ къалэн куэд здыщагъэзащӏэ расчетнокассовэ купсэм и IэщIагъэрылажьэщ, абыхэм я къуэ цӏыкӏури къыдокӏуэтей, сыт и лъэныкъуэкӏи и адэм щапхъэ трихыу. Нобэ зи унагъуэр, зи жьэгур зыгъуэтыжауэ мамыр гъащIэм лъэ быдэкIэ хэувэжа Александр щIегъуэжкъым зауэ гъуэгуанэм зэрытетар, къэралым хузэфIэкIыр зэрыхуилэжьар. ЗауэлIыр и унэм къекӏуэлIэжа нэужь, гъащIэм и IэфIагъыр къызыгурыIуа зэщхьэгъусэхэм зэдагъакӏуэ дакъикъэ къэс нэхъри пщӏэ хуащӏ хъуащ. Нобэ Матусевичхэ я къалэн нэхъыщхьэу ялъытэ я унагъуэр къызэгъэпэщыныр, къащIэхъуэ щIэблэр гъэсэныр, зэдэӏэпыкъуурэ гъащIэщIэ ухуэныр.
— Дримыгушхуэну Iэмал зимыIэщ си щхьэгъусэ Александр и быдагъымрэ и псэ къарумрэ. Уӏэгъитхур пшэчыныр, гъащIэм хууиIэ лъагъуныгъэр пхъумэныр, мамыр псэукIэм ухуэкӏуэжыныр, ӏэщӏагъэщӏэр зэбгъэщӏэныр — лӏыгъэ нэсщ. Псэр зыIэтщ, икIи зыгъэпIейтейщ и адэ-лӏыхъужьым гурэ псэкӏэ иригушхуэ ди къуэ Матвей. Дызэдэӏэпыкъуу дыпсэуныр ди унагъуэм и лъабжьэщ, арыншамэ, Александр и реабилитацэ гугъуехь хьэлъэ псоми дыпэлъэщынутэкъым, — къыддогуашэ Маринэ.
ГурыIуэгъуэщ зауэлIым и щхьэгъусэр и щIыб къыдэткIэрэ, Александр зэуапIэми къызэримыкIуэтар, унагъуэм и шхэпсу щыт бзылъхугъэ щабэм езыми гугъуехь куэд и закъуэ зэригуэщIар. ТIуми къагуроIуэ, гъащIэм и пIалъэ хьэлъэу зыпхыкIам дерс къызэрыхахар, ари я унагъуэр нэхъри быдэ зыщIа Iуэхугъуэ хьэлъэу зэрыщытыр. Александррэ Маринэрэ я зэхущытыкIэмрэ я гъащIэ щапхъэмрэ, шэчыншэу, гулъытэ зыхуэфащэщ. Езыхэр апхуэдизкIэ насыпыфIэу, зэгурыIуэрэзэдэIуэжу зэдопсэу, зэдолажьэри, щапхъэу зэрыримыкъу щыIэкъым, псом хуэмыдэу унагъуэщIэ къэунэхухэмкIэ.
ТIуми я нэхъыжьхэм къыбгъэдалъхьа хэкупсагъэмрэ хьэл-щэн зэтеубыдамрэ я фIыгъэкIэ, къэралымкIи республикэмкIи и зы унагъуэ узыншэ хъуащ. АтIэ, апхуэдэ унагъуэ зырызурэщ лъэпкъыр, къэралыр, зэрыдунейуэ зэрызэхэтыр.
— Къулыкъур иухыу, Александр унэм къыщыкӏуэжа дакъикъэр насып нэсу зыхэтщIащ. Матвей цӏыкӏурэ сэрэ ӏэплӏэ щыхуэтщӏаращ къыщыдгурыIуар нэхъ шынагъуэ дыдэу щыӏэр къызэрызэднэкIар. Си фIэщ мэхъу, ди лъагъуныгъэм и къарум ар сыт хуэдэ шынагъуэми зэрыщихъумар, псэууэ и жьэгу къызэрыришэлIэжар, — жеIэ бзылъхугъэм.
Лъагъуныгъэ къабзэм пэрыуэгъуи, щхьэусыгъуи зэрыхуэмыхъуфынур нэрылъагъу ящIащ Матусевичхэ. Зэщхьэгъусэхэм къызэранэкIа илъэсхэм нэхъри япсыхьащ я унагъуэр, нэхъри зыхрагъэщIащ гъащIэм и лъапIэныгъэ нэхъыщхьэхэр. ЩIэблэ узыншэ къащIэхъуэу, ахэр нэхъыжьхэм яхуэфащэу гъащIэм хагъэувэу иджыри куэдрэ щыIэн Тхьэм ищI Александррэ Маринэрэ я унагъуэ дахэр!
АСЛЪЭНЫКЪУЭ Мадинэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.