Хэкупсэ тхылъым къилъэща саугъэтыр

Ди республикэм апхуэдэ хабзэ щыгъэуващи, илъэситI къэс зэ хэгъуэгум щыпсэу лъэпкъхэм къахэкIа творческэ интеллигенцэм къагъэщIа тхыгъэ нэхъыфIхэр зэпеуэм ипкъ иту къыхах, абыхэм я авторхэм литературэмрэ гъуазджэмрэкIэ Къэрэшей-Черкес Республикэм и Iэтащхьэм и саугъэтыр хуагъэфащэ. Апщыгъуэми, гу зылъытапхъэщи, мыхьэнэшхуэ ират хэгъуэгум щыпсэу лъэпкъ къэс къабгъэдэкIа авторхэр къыхагъэщыным. Илъэсыжьым и кIэух махуэхэм къапщытэжащ ищхьэкIэ зи гугъу тщIа зэпеуэм кърикIуахэр икIи республикэм и Iэтащхьэм и саугъэтым хуэфащэу къалъытахэм – мыхьэнэ ин зыкIуэцIылъ тхыгъэ гъуэзэджэхэм, тхылъыфIхэм я автор хэм – хэгъуэгум щыщ тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ щIыхь нагъыщэхэр хуагъэфэщащ. ГуфIэгъуэ дауэдапщэр щекIуэкIащ Къэрэшей-Черкес Республикэм щэнхабзэмкIэ и Министерствэм. Абы къеблэгъащ «Союз писателей России» ООО-м и Къэрэшей-Черкес республикэ къудамэм и тхьэмадэ Байрамкулов Наурыз, ягъэлъэпIэну лауреатхэр.

КъЧР-м и Iэтащхьэм и саугъэтыр зэрахуигъэфэщам къыдэкIуэу, КъЧР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Къэбардэ Иринэ лауреатхэм яхъуэхъуащ дяпэкIи ехъулIэныгъэрэ гулъытэрэ щымыщIэну, я творчествэм зиужьыну, ефIэкIуэну, сыт щыгъуи гулъытэ ягъуэтыну. Апхуэдэу, мы гъэм литературэмрэ гъуазджэмрэ кIэ КъЧР-м и Iэтащхьэм и саугъэтыр зыхуагъэфэщахэм яхэхуащ тхакIуэхэу, усакIуэхэу, публицистхэу Айбазов СулътIан (къэрэшей), Братковэ Татьянэ (урыс), Капаев Иса (нэгъуей), Шыбзыхъуэ Ларисэ (абазэ), Абидокъуэ Люсанэ (адыгэ) сымэ. — Мы саугъэтыр хуэгъэзащ Къэрэшей-Черкес Республикэм и псэкупсэ, интеллектуальнэ къэкIуэнум зегъэужьыным, литературэмрэ гъуазджэмрэ яхьэлIа творческэ лэжьыгъэ къэзыгъэщIхэр гъэгушхуэным. ХабзэфI хъуауэ, ди республикэм и Iэтащхьэм и саугъэтыр зыхуагъэфащэр ди хэгъуэгум щыщ литератор, журналист, гъуазджэм и лэжьакIуэ цIэрыIуэхэр, зи творческэ гуащIэкIэ щIыхь нагъыщэ лъагэхэр къэзылъэщахэращ. ТхакIуэхэм я хэгъуэгу Союзым хэт дэтхэнэми мы саугъэтыр къылъысащ къигъэщIа тхыгъэфIым и щIыхькIэ, ар гъащIэм сэбэп зэрыщыхъунур, гъэсэныгъэ мыхьэнэ, лъэпкъхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ, хэкупсагъэлъэпкъыпсагъэр къыхэщу зэрыщытыр къыхалъытэкIэрэ, — жиIащ Къэбардэ Иринэ. Гуапэ зэрытщыхъуну, республикэм и Iэтащхьэм литературэмкIэ и саугъэтыр зыхуагъэфэщахэм яхэхуащ «Черкес хэку» газетым и редактор нэхъыщхьэри, и «Афган 1979-1989» тхылъым и фIагъыр къыхалъытэкIэрэ. — Дэтхэнэ творческэ цIыхум дежкIи къыпхуэмылъытэну гуапэщ и лэжьыгъэм уасэ къыщыхуащIкIэ. АтIэ, гуфIэгъуэм сызэщIеIэтэ «Афган 1979-1989» тхылъым апхуэдэ уасэ къызэрыхуащIам — КъэрэшейЧеркес Республикэм и Iэтащхьэм литературэмкIэ и саугъэтыр къызэрыхуагъэфэщам папщIэ! Шэч хэмылъу, апхуэдэ гулъытэр авторымкIи, си лъэпкъымкIи, а тхылъыр зытезухуа ди зауэлI – интернационалистхэмкIи щIыхь лъагэщ, пщIэ инщ. Нобэрей зэманым деж тхылъым игъэзащIэ гъэсэныгъэ лэжьыгъэр, пкъырылъ мыхьэнэр хуабжьу инщ.

АтIэ, а щIалэ хахуэхэм къакIуа зауэлI гъуэгуанэм, Хэкум и хьэлэмэтхэр хъумэн папщIэ абыхэм къагъэлъэгъуа лIыхъужьыгъэмрэ гуеягъымрэ щапхъэ зэрыримыкъу щыIэкъым. Абыхэм ядэплъейурэщ нобэрей щIэблэр зэрыдгъасэр, хэкупсагъэ зэрахэтлъхьэр… А лэжьыгъэм, шэчыншэу, къэралым и тхыдэм уасэ хууегъэщI, уегъэлъытэ, лъэпкъхэр зэрегъэубыд, пщIэ зэхурегъэщI. Аращ нэхъыщхьэр. Илъэс 15-м къриубыдэу си гуащIэ зыбгъэдэслъхьа «Афган 1979-1989» тхылъым къыпэкIуа щIыхьыр сэркIэ уасэншэщ! Апхуэдэ гулъытэм сызэрыригуфIэр псалъэкIэ къэIуэтэгъуейщ. ФIыщIэ ин яхузощI си лэжьыгъэр къыхэзыгъэщахэм, гулъытэ къыхуэзыщIахэм, — къыддэгуэшащ зи щIыхьыр саугъэткIэ къыхагъэща авторыр.

ХЬЭТАЙ Мадинэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *