КъЧР-м и Правительствэм и Унэм щызэIущIащ вице-премьер Поляков Евгений, егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэкIэ министр Кравченко Иннэ, «ЮНАРМИЯ» ВВПОД-м и хэгъуэгу штабым и унафэщI Пуля Александр сымэ.
ЗэIущIэм ипкъ иту къаIэта упщIэхэр теухуауэ щытащ республикэм и щIалэгъуалэр хэкупсэу гъэсэнымрэ а лъэныкъуэгъазэм зегъэужьынымрэ, апхуэдэуи, Правительствэмрэ «ЮНАРМИЯ» организацэмрэ я зэдэлэжьэныгъэм зегъэужьыным. Зэпсэлъэныгъэм хэтахэм къыхагъэщащ щIалэгъуалэр программэ щхьэхуэхэм хэшэным мыхьэнэшхуэ зэриIэр, апщыгъуэми ахэр хуэгъэзауэ щытыпхъэщ ныбжьыщIэхэм я граждан еплъыкIэр зэфIэгъэувэным, пашагъэ, къызэгъэпэщакIуэ хьэл-щэнхэр яхэлъу гъэсэным. Поляков Евгений гу лъитащ адэкIи хэкупсэ Iуэхугъуэхэм зэгъусэу зэделэжьын зэрыхуейм, абыхэм къэралым и тхыдэ щIэинымрэ щIалэгъуалэмрэ зэрызэпищIэнум. Кравченко Иннэ нэхъыщхьэу къызытеувыIар хэкупсэ гъэсэныгъэр егъэджэныгъэ бэзым нэхъри пыщIа щIынращ, абы къыдэкIуэу, ныбжьыщIэхэр зыщалъхуа къэралымкIэ, республикэмкIэ гушхуэу къызэрытэджынур къыхигъэщащ. Пуля Александр щхьэихауэ и гугъу ищIащ «ЮНАРМИЯ»-м хэгъуэгум щигъэзэщIэну жэрдэмхэм, къыхэлъхьэныгъэщIэхэм, егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэр къыхашэкIэрэ, зэгъусэу зэдагъэзэщIэну лэжьыгъэхэм. ЗэгурыIуащ зэпыщIэныгъэм дяпэкIи зрагъэужьыну, зэдащIэну Iуэхухэм я план зэдащIыну.
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.