Хэкум и щыжакIуэр — лIыхъужьщ

ФIЫМИ, IЕЙМИ укъыздалъхуа, узыщыпсэу къэралым, уи лъэпкъым я тхыдэр къыпщIэхъуэ щIэблэм ебгъэцIыхупхъэщ.

Уи блэкIар умыщIэу къэкIуэни уиIэнукъым зэрыжаIэу, ди къэралым и къекIуэкIыкIар дэтхэнэми IупщIу и нэгу щIэдгъэтмэ, ар мыхъумыщIагъэу щыта — апхуэдэр къытемыгъэзэжыным, IуэхугъуэфI зэрахьа — абы и щапхъэм ирикIуэным дэтхэнэри хущIэкъунущ.

Нобэ зи гугъу тщIыну Iуэхугъуэр зэхьэлIар Кавказ туземнэ шууей дивизием хэта лIыхъужьщ. Абы папщIи, тхыдэм мащIэу дыхэIэбэжынщ. Адыгэхэм Урыс пащтыхьым къулыкъу хуащIэн хуейуэ щыттэкъым. Ауэ езы цIыхур хуеймэ, ар зыми къыпиубыдынутэкъым, къулыкъум ящтэт. Япэ Дунейпсо зауэр къыщежьам «ФхузэфIэкIмэ, фи дэIэпыкъуэгъурэ щIэгъэкъуэнрэ дыхуэныкъуэщ» жиIэри, пащтыхьым бгырысхэм закъыхуигъэзауэ щытащ. ИкIи апщыгъуэращ къущхьэдэсхэм къахэкIыу Кавказ туземнэ дивизиер къыщызэрагъэпэщауэ щытар. Дивизием ухыхьащ, уащтащ жэуэ, занщIэу уагъэзэуэн щIадзэтэкъым. АтIэ, япэщIыкIэ уи Iэщэм узэрыхуэфащэр, лIыгъэ, зауэлIым екIу хьэл-щэнхэр зэрыпхэлъыр къэбгъэлъэгъуапхъэт. А псом къинэмыщIыжауэ, зауэм Iухьам езым иши и Iэщи иIэжын хуейт.

Зи цIэ къитIуа дивизием зи адэшхуэм и адэр хэта, Малэ Зеленчук (Ботэщей) щыщ Шыбзыхъуэ Альберт къыддэгуэшащ и дадэжьым  хуэгъэзауэ унагъуэм щызэIэпах тхыдэ хъыбархэмкIэ. — Зи гугъу сщIыну Iуэхугъуэр 2006 гъэращ къыщыхъуар. ЗэрымыщIэкIэ къысIэщIыхьа газет гуэрым тету сыкъыщеджат Япэ Дунейпсо зауэм хэтахэм къащIэхъуэжахэр Краснодар къалэм щызэхуашэсу. ИкIи, «Япэ Дунейпсо зауэм щызэуа Кавказ туземнэ дивизием хэта бгырыс – лIыхъужьхэм къатехъукIыжа щIэблэр фыкъыдогъэблагъэ!» щхьэщIэдзапIэм тету екIуэкIа зэIущIэшхуэм сэри зыхэзгъэхуауэ щытащ.

Си анэм жиIэжу зэрызэхэсхамкIэ, и адэшхуэ Битлустэн а зауэм щыIат, уеблэмэ бгырысхэм къызэрагъэпэщауэ щыта Кавказ шууей туземнэ дивизиеми хэтат. Си анэм и адэшхуэр ЕСЧЫНДАР Битлустэнщ. Ар Урыс-Япон зауэми хэтащ, и япэрей Георгий жорри абдежращ къыздыхуагъэфэщар. А зауэм къикIыжщ, унагъуэ ищIэри, Япэ Дунейпсо зауэр къыщежьэм, бгырысхэм езыхэм я арэзыныгъэкIэ къызэрагъэпэща Кавказ туземнэ дивизием хыхьащ.

Жагъуэ зэрыхъущи, а лъэхъэнэм теухуауэ хъыбару къэнэжар мащIэщ. Ауэ Краснодар зэIущIэм дыкIуэу гъуэгум нэIуасэ къыщысхуэхъуащ, сэ схуэдэу зи Iыхьлы а диви зием хэта зы къэрэшей щIалэ. Абырэ сэрэ дызэпсэлъылIащ. КъызэрыщIэкIамкIэ, си адэшхуэм и адэу зи сурэт сIыгъыр а щIалэм Краснодаррэ Москварэ я архивхэм къыщилъыхъуагъэххэт!

«Битлустэн Тхьэстыкъуей (иджырей Беслъэнейм) къуажэм щыщти, и лъэпкъкIи, къуажэм и цIэр зэрызимынэIуасэми къыхэкIыу, ди лъэныкъуэкIэ щымыщу згъэуват», — къызжиIат а щIалэм. Арами, абы сыщигъэгъуэзащ Битлустэн — Черкес полкым лIыгъэшхуэ зезыхьэ офицеру зэрыхэтам, уеблэмэ Георгий жорищ зэриIари къызигъэщIат. ЯIуэтэжу ди деж къызэрынэсыжамкIэ, пащтыхьым езым и IэкIэ япэ дыщэ жорыр си дадэшхуэм къыхилъхьауэ щытащ, — дыщегъэгъуэзэ Альберт.

ЗауэлI ахъырзэману щыта Битлустэн и псэр щитащ зэхэуэ ин здыщекIуэкIа Польшэм и щIыналъэм. ЛIыхъужьыр зэрыхэкIуэдам теухуа хъыбарыр Ботэщей къуажэм щыпсэуа, зи ахърэтыр дахэ хъун Брат Мэжид къажриIэжащ. Ар Битлустэн къыкъуэту щытат.

АтIэ, абы къызэриIуэтэжамкIэ, Черкес полкым хэта зауэлIхэм нэхъ щхьэмыгъазэрэ лIыгъэ ин къэзыгъэлъэгъуарэ а зауэм Iутакъым. Къару лъэщу урысыдзэм иIар черкес, къэбэрдей, ингуш полкхэрат. Яхэтт абыхэм абхъаз, абазэ зауэлI щэ бжыгъи.

Иужьрейуэ фронтым Iухьэным ипэкIэ, дадэшхуэр махуищкIэ и унагъуэм къагъэкIуэжауэ щытащ. Апщыгъуэращ икIэ дыдэу си адэшхуэм и адэр щилъагъужар. ЖаIэж Битлустэн къуажэм къыщыкIуэжам, зэрыхуэфащэу, пщIэшхуэ хуащIу кърагъэблэгъэжауэ. Хуабжьу ягъэщIагъуэт абы хъумакIуэу нэрыбгэ пщIы бжыгъэ къызэрыдэкIуауэ щытари… Апхуэдэу, зэхэуэ гуащIэ екIуэкIыу, зауэлIхэм я пашэ Битлустэн топышэр къеуэри, езыри ишри зэпкъриудауэ щытащ. Ар къыщыхъуар 1916 гъэращ. «АпхуэдизкIэ къамэр быдэу и Iэм IэщIэлъти, гугъу дыдехьащ къыIэщIэтхыным… Муслъымэн диным тету щIэтлъхьэжащ», — къажриIэжат Мэжид.

Битлустэн щыгъа фащэри, иIыгъа къамэри, и бгъэм хэлъа дыщэ жорхэри унагъуэм къыхуахьыжат. — Фащэм и кIуэдыкIар нобэ зыми ищIэжкъым, ауэ дыщэ жорхэр 1933 гъэм щыIа гъаблэм щыгъуэ ерыскъыкIэ къахъуэжауэ щытащ, — къыпещэ адэкIэ Альберт. — Тхьэм ещIэ иджы а дыщэ жорхэр зи коллекцэ хэлъыр… ЩIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, а лъэхъэнэм къыдагъэкIауэ щытауэ пащтыхьым и дыщэ жор 20-25-рэ хуэдизщ щыIэжыр.

Апхуэдэу лIыгъэ хэлъу Урысейм щхьэкIэ зэуа адыгэлIым и унагъуэр зыхуэныкъуэншэу пащтыхьым игъэпсэуащ. Битлустэн дунейм ехыжри, революцэр къежьэу пащтыхьыр трагъэкIыху, ахъшэшхуэ унагъуэм къаритурэ, быныр зэтриIыгъащ. Ауэ, зэман кIэщIкIэ къэралым и тетхэм захъуэжащ… — Ди анэм и адэм къызэрыжриIэжамкIэ, — пещэ адэкIэ Альберт,— и адэшхуэм и дэфтэрхэр революцэм щыгъуэ кумб къатIщ, иралъхьэри, ягъэсыжауэ щытащ… Зэманым зызэридзэкIа пэтми, Битлустэн къызэрымыкIуэу и пщIэр лъагэт, и цIэр ящыгъупщэтэкъым, ялъытэти, къэралыр зэхэзехуэныгъэ хьэлъэхэм щыхэхуам, Кавказ туземнэ дивизием лIыгъэшхуэ щызезыхьэу хэта Битлустэн и унагъуэм кIэщIэпсэлъэн къахэкIакъым. Уеблэмэ, а дадэшхуэм и фIыгъэкIэ унагъуэр Хэкум ирамыгъэкIыу къызэтенащ. — А зэхуэсышхуэ дызыхэтауэ щытар нэхъыщхьэу зыхуаунэтIар щIалэгъуалэрат, — и гукъэкIыжхэм пещэ Альберт. — Сэ сыкъапщтэмэ, сыкъыздэхъуа къэралым, си лъэпкъым я тхыдэм зыгуэр хэсщIыкI къысфIэщIу щытами, а зэIущIэм иужь къызгурыIуат ди лъэпкъым и тхыдэм иджыри и щэху куэдым сызэрыщымыгъуазэр. «Мы фащэ тщыгъыр дэ тыгъэ къытхуэзыщIар черкесхэращ икIи абы дыхуэфащэу сыт щыгъуи дыщытыпхъэщ» — жиIэгъат апщыгъуэм къэпсэлъа генерал Громовым.

А псалъэхэр зэрыжиIа къудейм, уи щхьэм пщIэ гуэр хуэпщIыжмэ, уимыгъэгушхуэнкIэ, уимыгъэинынкIэ Iэмал иIэтэкъым. Сыт щыгъуэ зэмани, лъэхъэни лIыгъэ зыгъэлъэгъуар, зыщыпсэу къэралым хуэпэжу, хуэщыпкъэу, и телъхьэу увар лIыхъужьу щытыпхъэщ!

Тхыгъэр зыгъэхьэзырар АБИДОКЪУЭ Люсанэщ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *