Хэкум и хъумакIуэхэм — гулъытэ

Къэрэшей-Черкесым СВО-м хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ защIэгъэкъуэным хуэгъэзауэ, федеральнэм къинэмыщIауэ, хэгъуэгу Iэмал зэхуэмыдэхэр щолажьэ. Ахэр ди зауэлIхэм зыIэрагъыхьэнымкIэ дэIэпыкъуэгъу яхуэхъу IуэхущIапIэхэри щыIэщ. Апхуэдэщ «Защитники Отечества» фондыр.

Абы и Къэрэшей-Черкес къудамэм СВО-м хэтхэмрэ абы къикIыжахэмрэ ядэIэпыкъуным теухуауэ и лэжьыгъэр зэпыукъым. Абы зыкъыхуагъазэ зауэ операцэ хэхам хэтхэм, ветеранхэм, къулыкъум пэрыту хэкIуэдахэм я унагъуэхэм медицинэ, юридическэ Iуэхутхьэбзэхэм, лэжьапIэм, IэщIагъэ зэгъэгъуэтыным, дэфтэр зэхуэхьэсыным, мылъку дэIэпыкъуныгъэм, нэгъуэщIу зыгъэпIейтей упщIэхэр зэфIэхынымкIэ.

Иджыблагъэ фондым зыкъыхуигъэзащ къулыкъум къыхэкIыжа Сэкий Рем уней хъызмэтым зригъэужьын папщIэ социальнэ зэгурыIуэныгъэ игъэхьэзырынымкIэ зыкъыщIагъэкъуэну. Фондым и лэжьакIуэр щIалэм хуабжьу сэбэп къыхуэхъуащ зыхуэныкъуэну дэфтэрхэр зэхуэхьэсынымкIэ, и щхьэм хуэлэжьэжу зэрыщытыр (статус) къыдэхынымкIэ. IэщIагъэрылажьэр абы щIыгъуу социальнэ хъумэныгъэмкIэ къулыкъущIапIэхэм кIуэурэ щIалэм и Iуэхур хузэрихуащ икIи зыхуэныкъуэну дэфтэрхэр псори ягъэхьэзырри, фондымрэ Хьэбэз районым гуащIэдэкIымрэ социальнэ зыужьыныгъэмрэкIэ и Управленэмрэ я зэдэлэжьэныгъэфIым къыхэкIыу, Iуэхур псынщIэу зэфIэкIащ. Абы кърата ахъшэмкIэ Iэщ къищэхуащ. — Фондым лэжьыгъэшхуэ ирегъэкIуэкI СВО-м къыхэкIыжа ди щIалэхэр мамыр гъащIэм къыхэшэжыным, лэжьапIэкIэ къызэгъэпэщыным, нэгъуэщIхэми яхьэлIауэ. Гулъытэ яхудощI абыхэм я унагъуэхэми. Апхуэдэу, щIэгъэкъуэн дыхуэхъуащ зыкъытхуэзыгъэза зауэлI Сэкий Рем. Абы социальнэ зэгурыIуэныгъэ ищIащ Iэщ зыIэригъыхьэнымкIэ икIи ди хэгъуэгум и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид и унафэкIэ, республикэ бюджетым къыбгъэдэкIыу социальнэ пособэ къыхухагъэкIащ. КъинэмыщIауэ, Москва областым щыIэ реабилитацэ купсэм и узыншагъэр щызэфIигъэувэжыну путевкэ къратащ, — жиIащ фондым и социальнэ лэжьакIуэ Жухэ Земфирэ.

Сэкийм къыхигъэщащ фондыр СВО-м къулыкъу щезыхьэкIхэмрэ абы щыIахэмрэ егъэлеяуэ сэбэп зэрахуэхъур икIи абы и щIыналъэ къудамэм и лэжьакIуэхэм фIыщIэ яхуищIащ зауэ операцэ хэхам хэтахэмрэ абы щыIэ сэлэтхэмрэ я нэIэ зэрытрагъэтым папщIэ. — Къулыкъум сыкъыщикIыжам, сызэлэжьынур сцIыхутэкъым. Уней хъызмэтым зезгъэужьыну сыхуейт, ауэ хэкIыпIэ гуэр уимыIэу Iуэхур пхуэгъэкIуэтэнутэкъым.

Сытегушхуэри, «Защитники Отечества» фондым зыхуэзгъэзащ икIи сыщIегъуэжакъым. Фондым и лэжьакIуэм и нэIэм сыщIигъэувэри, ипэм къыщегъэжьауэ икIэм нэгъунэ си Iуэхур схузэрихуащ. Абы и фIыгъэкIэ сызыхуеину дэфтэрхэр хъарзынэу зэфIэкIри, мылъку дэIэпыкъуныгъи къысхухагъэкIащ. АбыкIэ жэмрэ мэлрэ къэсщэхуащ — иджы ди унагъуэр дызэлэжьыни, хэхъуэ къыздитхыни диIэщ. Псом хуэмыдэу си гуапэ хъуар, фондым и лэжьакIуэхэм цIыхугъэшхуэ къазэрыкъуэкIаращ. Дэтхэнэми фIыщIэ яхузощI ветеранхэм зыщIагъакъуэу мамыр гъащIэм адэкIэ хыхьэжынымкIэ дэIэпыкъуэгъу къызэрытхуэхъум папщIэ!» — жиIащ Сэкий Рем.

Зыгъэхьэзырар ЕЗАУЭ Маринэщ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *