Илъэс блэкIам дунейм къытехьа «Зэшыпхъуибл» псысэр зытеухуар Сирием къиIэпхъукIыжу, Къэбэрдей-Балъкъэрым лъабжьэ щызыгъэтIылъа Махуэ Къэрэгъул и унагъуэрт. Тхылъым и зэхэлъыкIэр нобэрей махуэм быдэу зэрепхам нэмыщI, абы и къыдэкIыкIэри тхыгъэм и зы Iыхьэ хъуа пэлъытэу, гукъинэжт.
ГъэщIэгъуэну зэхэт гъащIэм щIэуэ зыри къыумыгупсысыжми, езым и щIэщыгъуагъыр хурокъуж. «Зэшыпхъуибл» тхыгъэр хьэзыр хъууэ, тхылъу къыдэзгъэкIын мурад щысщIам, ипэкIэ зэи сызыдэмылэжьа «Печатный двор» тхылъ тедзапIэр къыхэсхат.
ТелефонкIэ сызэпсэлъам IуэхущIапIэр здэщыIэр урысыбзэкIэ къызжиIэри, гъуэгу сытеуващ. Ухуэныгъэ куэд щекIуэкI къалэм къыщыгъэлъэгъуа адресхэмрэ къэплъыхъуэ унэхэмрэ фIыуэ щызэпэжыжьэ куэдрэ къохъу. Сытми, сыздынэса типографием къыщыспежьа лIыкум и урысыбзэм къыпхыщ акцентыр апхуэдизкIэ зыми ещхьтэкъыми, уеблэмэ адыгэу гурыщхъуэ хуэсщIакъым. Тхыгъэр къэщыпа хьэзыру щыIэщIэслъхьэм, «АдыгэбзэкIэ укъеджэфыркъэ?» упщIэр щIызмыгъужами хъунут. Ауэ «Сыкъоджэф» жэуапым иужькIи зыкъомрэ урысыбзэм дытетащ.
ИтIанэ езым жеIэ: — ИIэ, анэдэлъхубзэм дытегъэхьэ! Тхылъым итым къеджэнкIэ сымыгугъэу, псалъэхэр зэкIэлъызогъэпIащIэ:
— Сирием къикIыжа унагъуэм теухуауэ аращ. И жинтыр зэрысщIынур сщIэркъым… — Сыт а темэр къыщIыхэпхар? — Езыр-езыру хъуащ, — дызогъэуей си дамащхьэр. ЩIэхъуам сегупсысурэ, жэуапыр нэгъэсын хуейти: — КъурIэным сезыгъэджа цIыхубзым и унагъуэм сахэсати, аращ нэхъыбэу щхьэусыгъуэ хуэхъуар. — Хэтхэ? – къызоупщI аргуэру. — Афэмгъуэтхэ, Нарткъалэ дэсщ. — Ар щIыжысIэр, сэри Сирием сыкъикIыжащи аращ.
Абдежым си бзэр иубыдащ. Илъэс бжыгъэ хъуауэ «къесхьэкI» си тхыгъэр икIэм-икIэжым щытездзэну сыкъыщыхута IуэхущIапIэм и унафэщIыр абы хэзгъэхьа унагъуэ щымыIэххэм къыхэкIа фIэкIа умыщIэну, илъэс щэщI е нэхъыбэ ипэкIэ Сирием къиIэпхъукIыжа, Налшык щыпсэу Идрис Яссерт.
Хэкум къэзыгъэзэжахэм я Махуэр блэкIагъащIэти, Яссер сигъэлъэгъуащ «Горянкэ» газетым къытехуа, езым и унагъуэм теухуа тхыгъэр. ПсалъэкIи къыщIигъуащ пасэу къэкIуэжахэм зэращыщыр, Къэбэрдей-Балъкъэ рым щыщ бзылъхугъэ къишэу, Хэкум унагъуэ зэрыщиухуар, и хъыджэбзхэр унагъуэ зэрихьар, къуэрылъху-пхъурылъхухэр зэриIэр.
Нэхъ гъэщIэгъуэныжрати, Яссер и унэцIэ дыдэр сэ си нэIуасэ Афэмгъуэтхэ я унэцIэм ещхьу Къардэнт, ахэри ицIыхурт. Си мурадыр къызэхъулIащ. «Печатный двор» тедзапIэм и цIэр игъэпэжат, лэжьыгъэр хьэзыр зэрыхъуа псынщIагъымкIи къинэмыщIхэмкIи.
«Тхылъыр къыдэкIмэ, япэ щIэджыкIакIуэу сыщытынущ», — унафэщIым къызэрызжиIам, си лъэр нэхъ жан зэрищIам ущIэмыупщIэ. Гукъинэж сщыхъуахэм ящыщщ сызытегузэвыхьа жинтым цIыху сурэт тетыну сызэрыхуэмейр щыжесIэм, Яссер Вагъуэзэшиблыр зэшыпхъу цIыкIухэм я дамыгъэ хуэдэу тедгъэувэну игу къызэрыкIар.
«Зэшыпхъуиблым» згъэзэжмэ, абы Сирием къикIыжауэ нэIуасэ сызыхуэхъуахэм ядэслъэгъуа Iэсагъымрэ щабагъымрэ къыщызгъэлъэгъуэну сыхэтащ. Хьэл зырыз зимыIэ щыIэ — щабэщ Щамым къикIыжахэр. Хьэрып хабзи ядэплъагъукъым, адыгэжьу къэнэжахэщ.
Уи тепщэгъуи еныкъуэкъукъым, я бын егъэпIыж къудей. Адэжь Хэкум муслъымэну ибгъэсыжмэ, арщ зыхуейр. Сюжетым лъабжьэ хуэхъуар 1990 гъэхэм Щамым къикIыжа унагъуэм иужькIэ къэхъуа зауэм кърихужьа я благъэхэр къазэрыкIэлъыкIуарт. КъыдэкIыгъуэр хьэзыр хъуху, Асад Башар и тетыгъуэр щиуха Iэуэлъауэхэм щIидзати, Яссер сеупщIащ:
— УщIэгузавэ зыгуэр къина Сирием? ГурыIуэгъуэт ар а Iуэхум гулъытэншэу зэрыхущымытыр. Ауэ жиIари мащIэщ: — Иджыри къэс къэкIуэжыпIэ яIэу зызымыгъэхъеяхэм сыт яхуэпщIэфынур? Сирием къыпэщылъ махуэ нэхъ Iейхэр иджыри къэсатэкъым абы щыгъуэм. Къэралыр зыбгынахэми абы къинахэми жаIэжхэм уедаIуэмэ, уи щхьэфэцым зресэ. Мэжджытыр тIу иращIыкIарэ, зымкIэ цIыхухъухэр, адреймкIэ — цIыхубзхэр щIэсу, зэпыугъуэ имыIэу уIэгъэхэр ирашалIэу…
Абы псэууэ къелахэм я нэхъыбэм гууз хахам къигъэхъея узыфэхэр къахуинауэ апхуэдэщ, я гъащIэм и IэфIыр фIыуэ кIэрыхуауэ. Тхьэм цIыхубэ хейр Iей псоми щихъумэ. Пасэрейхэм зэрыжаIауэ, гуауэри гуапэри зэпылъщ. Хэкум къэкIуэжа ди лъэпкъэгъухэм я ещанэрей щIэблэр гъащIэм щыщ хъужахэщ, «къэзыгъэзэжакIэ» демыджэжу. Ауэ абыхэм хуэдэу Адэжь щIыналъэм и уасэр зыми фIыуэ ищIэу къыщIэкIынкъым.
ЧЭРИМ Марианнэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.