Къэрэшей-Черкес Республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид лэжьыгъэ IуэхукIэ IущIащ Урысейм и МЧС-м ди хэгъуэгум щиIэ Управленэм и унафэщI Голоколенко Александр.
Ахэр тепсэлъыхьащ махуэщIхэм цIыхухэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным, гъатхэ-гъэмахуэ мазэхэм ди хэгъуэгур мафIэсымрэ псыдзэмрэ зэрыщыхъумам, МЧС-м и лэжьакIуэхэмрэ республикэм и властым и къулыкъухэмрэ зэрызэдэлажьэм яхьэлIа упщIэхэм.
Ди хэгъуэгум и лIыщхьэм жиIащ ТекIуэныгъэ Иным и Илъэс 80-м хуэгъэза махуэщIыр къыщызэрагъэпэщкIи, щрагъэкIуэкIкIи цIыхухэм я шынагъуэншагъэр хъумэным гулъытэшхуэ хуэщIын зэрыхуейр.
КъинэмыщIауэ, ирипсэлъащ къэхъукъащIэ шынагъуэхэр къэмыгъэхъунымкIэ, цIыхухэр куэду здызэхуэс щIыпIэхэр ткIийуэ нэIэм щIэгъэтынымкIэ щыIэ Iэмалхэм, апхуэдэхэр къэхъумэ, ахэр зэрыIуагъэкIуэтыну къарурэ мылъкурэкIэ МЧС-р зэрызэтегъэпсыхьам. КъыкIэлъыкIуэу, зэIущIахэр хэплъащ гъатхэ-гъэмахуэ пIалъэм мафIэс, псыдзэ къэхъумэ, хэгъуэгу МЧС-р абы зэрыхуэхьэзырым, абыкIэ къэрал властымрэ щIыпIэ самоуправленэмрэ я къулыкъухэмрэ республикэм и организацэхэмрэ зэрызэдэлажьэм, жаIащ щIэплъыкIыныгъэхэр, командэштаб егъэджэныгъэхэр сыт щыгъуи зэрырагъэкIуэкIыр. Апхуэдэ лэжьыгъэхэр мы гъэми къызэрызэрагъэпэщар къыхигъэщащ Голоколенко Александр икIи жиIащ ирагъэкIуэкIа щIэплъыкIыныгъэм я къалэнхэр зэфIэхыным республикэр зэрыхуэхьэзырыр.
Ди корр.
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.