ПцІыупсхэр, бзаджагъэ зезыхьэхэр хамэ мылъкур зыІэрагъэхьэным папщІэ зыхуемыкІуэ хьилагъэ Іэмал щыІэкъым. Нэхъ уи жагъуэ хъур аращи, абыхэм къагъэпцІэфри мащІэкъым. Чэнджэщхэри, щапхъэхэри, набдзэгубдзаплъэу щытыным къыхуезыджэхэри, сакъыныгъэ зыхагъэлъын зэрыхуейри мызэ-мытІэу зэхахами, зэрыхъури къыбгурымыІуэу, зыкърагъэгъапцІэ. «ІумыщІэ лІыфІщ» жыхуиІэрагъэнщ, дэри къытпэщытыр тцІыхукъым. Ауэ, гъэпцІакІуэхэм кърахьэжьэ Іэмал зэрыхъахэр зыхуэдэр тцІыхуныр, дысакъыныр зыуи лейкъым.
МВД-м дыщегъэгъуазэ иджыри зы гъэпцІагъэ лІэужьыгъуэм: — Фи электрон пощтым мыпхуэдэ хъыбар къэкІуэнкІэ мэхъу: «Гъуэгум зэрыщызекІуэ хабзэхэр фкъутащи, къыфтехуа тезырым, ар зэрыфпшыныну щытыкІэхэм защывгъэгъуазэ», жэуэ. Абы къыщІагъужынущ pdf форматым ит файл. Зэ щхьэкІэ ар официальнэ дэфтэру къыпщыхъуным зы хуэІуакъым. Абы итщ къохьэлІа тхыгъэхэр: уи цІэ-унагъуэцІэр, уи машинэ номерыр. КъинэмыщІауэ, письмом хэтщ «Оплатить сейчас» кнопкэр. Ар теппІытІэу ссылкэм узэрихьэу, сайт нэпцІым ухишэнущ (уэ абы ущы гъуэзэххэкъым). Сайтыр апхуэдэщи, абы къэрал, банк ресурсхэм ящхьыбзэ теплъэ къещтэри, апхуэмыдэ дыдэу уи фІэщ мыхъуу, гъуэгу нэпцІым утрешэ. Абы уихьэу уи картэм тет бжыгъэхэр, къинэмыщІ хъыбархэр щыбгъэнэІуа нэужь, гъазэ имыІэу гъэпцІакІуэхэм я хъым уихуащ.
Сыт щІапхъэр: — мыгурыІуэгъуэ, гурыщхъуэ уэзыгъэщІ письмохэм я къыхуеджэныгъэкІэ зы сайтми фимыхьэ; — Госуслуги, Къэрал автоинспекцэм я официальнэ сайтхэмкІэ зэвгъэщІэфынущ тезыр фтелъми, хабзэр фкъутами, нэгъуэщІу фызыхуэныкъуэ псори; — фи мынэІуасэ гуэрым къыфхуигъэкІуа файлхэр къызэІувмых, гулъытэ евмыт. Фэри фысакъ, фи нэІуасэ, фи Іыхьлы, фи ныбжьэгъухэри сакъыныгъэм къыхуевджэ!
Зыгъэхьэзырар ШЫБЗЫХЪУЭ Ирэщ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.