Хабзэр щIэблэм ехъумэ

Адыгэ лъэпкъым иIэщ хабзэ дахэ куэд.Абыхэм языныкъуэр зэрыщыта дыдэу къыднэсауэ ноби зыдохьэ, языныкъуэм зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр ягъуэтауэ къыддокIуэкI. Яхэтщ тщыгъупщэжыпэным и щыхупIэм теувахэри.КIуэ аракъэ, жыжьэ-гъунэгъу зыхужыпIэнщ ахэр.

Жыжьэщ къыщыщIидза зэманкIэ уещэмэ, гъунэгъущ, я купщIэр, я мыхьэнэр ноби хэткIи гурыIуэгъуэщ, нэхъыщхьэращи, зи пщIэр зэманым имыгъэкIуэд гуащIэдэкIым, цIыхубэ зэкъуэтыныгъэм, зэдэIэпыкъуныгъэ хабзэфIхэм я нагъыщэщи.Дыхуейт дыкъытеувыIэну щIым телажьэ, губгъуэм ихьэ мэкъумэшыщIэм, къуажэдэс цIыхубэм къыдекIуэкIыу щыта вакIуэдэкI адыгэ хабзэжь дахэм. Жагъуэ зэрыхъущи, мыр къуажэхэм щызэрахьэжыщэкъым, зэрахьэжыххэкъым жумыIэнумэ. Арами, сабий IыгъыпIэхэм, курыт еджапIэхэм теплъэгъуэ щIыкIэу къызэрагъэпэщри, утыку кърахьэ. АбыкIэ фIыщIэр яхуэфащэщ гъэсакIуэхэм, егъэджакIуэхэм, щIэблэ губзыгъэ цIыкIум.

ВакIуэдэкI хабзэм теухуа тхыгъэ гъэщIэгъуэн итщ Шэрджэс Алийрэ Хьэкъун Мухьэмэдрэ къызэдагъэщIа «Адыгэхэмрэ ахэм я хабзэхэмрэ» тхылъ телъыджэм. Ар тегъэщIапIэ тщIыуэ, пасэрей махуэщIым дриплъэжмэ, дерс тхуэхъунущ, лъэпкъ хабзэжьхэм языхэзми дыщыгъуэзэнущ. Абыхэм зэратхымкIэ, вакIуэдэкIыр махуэщI хэIэтыкIа дыдэу адыгэм игъэлъапIэу щытакъым.

Тхьэм ирещIи, абы и щхьэусыгъуэр мэкъумэшыщIэм къыпэщыт лэжьыгъэм и хьэлъагъыр зэрызыхищIэрагъэнт. Абы къыгурыIуэт и пщIэнтIэпс шыугъэрэ и Iэпщэ къарурэкIэ къигъэгъерэтыр и илъэс гъуэмылэу зэрыщытынур икIи и Iуэху зэрызэкIэлъыкIуэнрат нэхъыбэу и гулъытэр зытегъэщIар. ВакIуэдэкIым махуэ хэха иIэтэкъым, сыту жыпIэмэ адыгэхэр зыщыпсэу хэгъуэгу къэс езым и дуней щытыкIэ иIэжти, абы зытрагъахуэт. Гъатхэпэ, мэлыжьыхь мазэхэм нэхъ убгъуауэ губгъуэм ихьэт. Дауэ щымытми, накъыгъэ мазэм губгъуэ лэжьыгъэр, вэныр, япэ вагъэр илъэныр зэлъэщIагъэхьауэ трагъыхьэт.

Губгъуэм дэкI цIыхухъухэм къуажэдэсхэр къакIэлъыкIуатэт, хэти жьагъэ хьэзыр иIыгъыу, хэти махъсымэ кхъуэщын и гукIэм къригъэувыкIыу. Фызхэм джэд, гуэгуш гъэва, шыгъупIастэ къыдахт. ВакIуэ дэкIхэм пхъэIэщэ къэс пхъэIэщэжьхэр, ВакIуэ Тхьэмадэр я пашэт. Псори къуажэкIэм тхьэрыкъуэф Iэнэм щетIысылIэти, я вэныгъуэр къадэхъуну, я Iуэхухэр тыншу зэкIэлъыкIуэну, гъэфIкIэ, бэвыфIкIэ зэхъуэхъухэт. «ВакIуэ мэжаджэ» такъыр зыIуагъахуэт, хъыджэбзхэм вы бжьакъуэхэм пэлъэщI плъыжьхэр кIэращIэт, вакIуэдэкI цIыхухъухэр зыхэфа махъсымэхэм щыщкIэ вы натIэхэр, я пэбгхэр ятхьэщIт. ДжэдыкIафэхэр къызэщIакъуэжт, ягъэщащэти, щIым трапхъэт. Мыбдеж тфIэгъэщIэгъуэныр лъэпкъ зэхуэмыдэхэм я хабзэхэм зэщхь куэд зэрыхэлъращ. АтIэ, мыр ебгъэщхь хъунукъэ урысхэм я IутIыж махуэм джэдыкIафэхэр щIым зэрытрапхъэм? Уеблэмэ жыдоIэ «урысым я джэдыкIафэр щIым нэмысу хуабэ уемыжьэ» жэуэ.

ВакIуэдэкI Iуэхум къафэ-джэгушхуэ иращIэкIыу щытакъым. АтIэ, цIыхухъухэр еужьэрэкIт губгъуэм псынщIэу нэсу, пщыIэхэр ягъэувыным, зэман ямыгъэкIуэду лэжьыгъэм пэрыувэным. Тхылъым итщ вакIуэ пщыIэхэмрэ вакIуэдэкI хабзэхэмрэ гъэщIэгъуэну зэрыщытам ущызыгъэгъуазэ сатырхэр. Апхуэдэти, дзейуэ зэгухьа гупхэр псори пщыIэ зэпыту зэтIысылIэт. Псоми зы вакIуэ Тхьэмадэ яIэт. Абы езым хихауэ и къуэдзэ, ажэгъафэ, IуэхутхьэбзащIэ, уэлий, къинэмыщIхэр иIэт. Дзеууэ зэгухьа гуп къэс езым и гъуэмылэ иIэжми, псори зи нэIэм щIэтыр Тхьэмадэрат. Абы и унафэкIэ, пщэдджыжьым жьыуэ псори къызэщIиIэтэти, лэжьыгъэм щIадзэт. Тхьэмадэм и унафэт лэжьыгъэр зэпагъэунуми, къыхэкIыжынуми, шэджагъуашхэ ящIынуми. Ауэ, ари гъэщIэгъуэнкъэ, пщыхьэщхьэм щхьэж и къарурэ и гукъыдэжрэ къызэригъэгугъэти, лэжьыгъэм пащэнуми-къыхэкIыжынуми я щхьэ унафэр езыхэм яижт. Уеблэмэ, нэхущыгъуэ нэгъунэ лэжьэнкIи хъунут.

Лэжьыгъэр гугъут, шэч хэлъкъым. Арами, гупхэм я гушыIэри, сэмэркъоунри я щIасэт. ВакIуэ дэкIахэм ящыщу зи Iуэху зыухар къахэжу къуажэм къехыжтэкъым. ЗэдэIэпыкъут, икIэ къинам зыщIагъакъуэт, лIы закъуэ-пхъэIэщэ закъуэ губгъуэм къратэнэтэкъым. Абы къыщымынэу, къуажэдэс фызабэхэм, зеиншэхэм, зыхуэмыгъэкъаруунэхэм я щIыгухэр явэт, ясэт. «КъакIуэ и Iыхьэ» жаIэт апхуэдэм щхьэкIэ икIи зы щIыгу Iыхьэ лей явэу щытащ.

Гуапэ зэрыхъущи, сабий IыгъыпIэхэми курыт еджапIэхэми адыгэбзэ дерсхэмкIэ егъэджакIуэхэм я нэIэ щIэт классхэми вакIуэдэкI хабзэжьыр гулъытэншэу къагъанэкъым, иреклассщIыб лэжьыгъэ, иресабий зыкъэгъэлъэгъуэныгъэ, дауэми, утыкум илъэс къэси кърахьэ икIи сабийхэр, ныбжьыщIэхэр зыхэт Iуэхур яфIэгъэщIэгъуэну, дихьэхыу, гурыхуэрэ набдзэгубдзаплъэу пыкъуокI, дяпэкIи лъэпкъ хабзэхэр, IуэрыIуатэр зэрыпсэунымкIэ фIэщхъуныгъэ быдэр къыпхалъхьэу.

ТУАРШЫ Ирэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *