Мы дунейм IэщIагъэ куэд тетщ, дэтхэнэми гъащIэм ущыхуэныкъуэщ. Ауэ цIыху къэс езым къыхихыжын хуейщ гукъыдэж зыхуиIэ, гурэ псэкIэ къыхиха лэжьыгъэр.
МЫЖЕЙ Маргаритэ курыт еджапIэр фIы дыдэу къиухыу щIэныгъэ гъуэгур хишын щыхъум, куэдрэ гупсысакъым. Инжыджышхуэ жылагъуэм щыпсэу, къуажэдэс сабийхэм щIэныгъэрэ гъэсэныгъэ нэсрэ яхэлъу къэгъэтэджыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа Бэчхэ Германбийрэ Светланэрэ я унагъуэ дахэм къихъухьа пщащэр зэрысабийрэ зыщIэхъуэпса IэщIагъэм Къэрэшей-Черкес къэрал университетым щыхуеджащ.
Абы лъандэрэ илъэс 30 мэхъури, зыщалъхуа къуажэм дэт, Дер Станислав и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэм щолажьэ. Ар щIэблэм щIэныгъэ ябгъэдэлъхьэным, анэдэлъхубзэм пщIэ хуащIу, абы и къулеигъэр цIыкIухэм зыхащIэным зи къарури зэманри щхьэузыхь хуэзыщI егъэджакIуэ нэхъусащ.
— Бзэр — лъэпкъымкIэ мыхьэнэрэ пщIэшхуэрэ зиIэщ. Абы къыхэкIыу, сабийхэмрэ къыхэсха IэщIагъэмрэ яхузиIэ фIылъагъуныгъэр къэзгъэсэбэпкIэрэ, анэдэлъхубзэр хъумэным си гъащIэ Iуэхур тезухуащ. ЖысIэнщи, апхуэдэ гукъыдэжыр къызэзытар си адэ-анэращ, адыгэбзэмкIэ сезыгъэджа Псэунхэ Мариещ. Си адэшхуэри, си адэ-анэри егъэджа кIуэу щытащ. Абыхэм я лъэужьым сэ пысщащ, — дыхегъэгъуазэ Маргаритэ. Гудзакъэ зиIэщ, и лэжьыгъэм и пIалъэр фIыуэ зыщIэщ, и IэщIагъэм къыхуигъэщIащ зыхужаIэм хуэдэщ Маргаритэ.
Абы и лэжьэкIэр зылъэгъуам жиIэфынущ Iуэху зехьэкIэ дахэ, щIэныгъэшхуэ зэрыбгъэдэлъыр, сыт щыгъуи Iуэхур щIэ гуэркIэ игъэнщIыну зэрыхущIэкъур. ЦIыхум езым бгъэдэлъымкIэщ къызэрыбдэгуэшэфынур. Абы щыгъуэми и псэм щыщ Iыхьэ нэгъуэщIым лъызыгъэсыфыр и гупсысэр лъагэу, и зэхэщIыкIыр куууэ, и псэр къулейуэ къэгъуэгурыкIуэращ. Апхуэдэ цIыхуу къалъытэу гупым яхэтщ Маргаритэ. Ар егъэджакIуэ гумызагъэу зэрыщытыр лэжьэн зэрыщIидзэу наIуэ хъуащ. И щIэныгъэм хигъахъуэм, и зэхэщIыкIым зиубгъуурэ, ар хъуащ зэманыщIэм къезэгъ гъэсэкIэм, егъэджэкIэм хуэIэзэ лэжьакIуэ. Адыгэбзэмрэ анэдэлъхубзэмрэкIэ езыгъаджэ бзылъхугъэм и ехъулIэныгъэхэм хигъахъуэу, цIыкIухэмрэ и лэжьэгъухэмрэ пщIэ къыхуащIу, куэдым я дежкIэ щапхъэу къокIуэкI. И дерсхэр зэманым декIуу, купщIафIэу, гъэсэныгъэ, щэнхабзэ мыхьэнэ куу хэлъу къызэрегъэпэщ, Iэмал зэхуэмыдэхэр зэрихьэурэ сабийхэр зыхуригъаджэм дрегъэхьэх.
— Си дерсхэр сабийхэм яфIэгъэщIэгъуэну, яфIэтыншу зэрезгъэкIуэкIыным сыхущIокъу. Абы папщIэ зэманым декIу технологиер къы огъэсэбэп. Апхуэдэ бгъэдыхьэкIэхэмрэ класс щIыб лэжьыгъэхэмрэ сабийхэр адыгэбзэр джыным нэхъ къыхуегъэуш. Сыт щыгъуи си гум илъщ анэдэлъхубзэр пIурылъмэ, бгъэлъапIэмэ, лъэпкъри зэрыпсэунур, зэрымыкIуэдыжынур, щIэблэр лъэпкъыпсэу гъэсэным мыхьэ нэшхуэ иIэу зэрыщытыр. А псалъэхэр си тегъэщIапIэу щIэблэм и пащхьэ соувэ, — жеIэ егъэджакIуэм.
Маргаритэ и дерсхэр купщIафIэу, гукъинэжу зэрыщытым и щыхьэтщ абы и еджакIуэхэр щIыналъэ, хэгъуэгу зэхьэзэхуэхэм, конференцхэм, олимпиадэхэм, зэпеуэхэм зэрыхэлэжьыхьыр, фIыуэ зыкъызэрыщагъэлъагъуэр. Апхуэдэу ахэр хэтащ адыгэбзэмкIэ олимпиадэхэм, «Джэгурэш» КВН-м, адыгэбзэкIэ сочиненэ тхынымкIэ «Ди нэхъыжьхэм я бзэкIэ» («Язык предков») къэралыбэ зэпеуэм, «ЩыIащ зауэ…» еджапIэ къэхутэныгъэ проектхэм я къэ ралыбэ зэхьэзэхуэм, Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я бзэмкIэ усэ къеджэнымкIэ «ТекIуэныгъэм и бзэр» зэпеуэм, нэгъуэщIхэми. ИкIи увыпIэ зэхуэмыдэхэр къахьащ, призери хъуа хэщ. КлассщIыб лэжьыгъэми гулъытэ лей хуэ зыщIхэм ящыщщ мы егъэджакIуэр. И гъэсэн цIыкIухэм яхуэдэу, Маргарити и IэщIагъэмкIэ, и лэжьыгъэмкIэ иIэ лъэкIыныгъэхэмрэ бгъэдэлъ зэфIэкIхэмрэ къыщигъэлъагъуэу зэпеуэ, зэхыхьэ зэхуэмыдэхэм холэжьыхь. Апхуэдэхэм ящыщ зыуэ, 2024 гъэм «Адыгэбзэмрэ анэдэлъхубзэмрэкIэ егъэджакIуэ нэхъыфI» Урысейпсо зэпеуэм зыкъыщигъэлъэгъуащ икIи муниципальнэ Iыхьэм щытекIуэри, хэгъуэгу зэхьэзэхуэм етIуанэ щыхъуащ. Ар Iуэхум къыхалъытэкIэрэ, «Адыгэ Купсэ» Фондым къыбгъэдэкIыу Маргаритэ къыхуагъэфэщащ щIыхь тхылъ, саугъэтри щIыгъужу, лъэпкъым и щIэблэм адыгэбзэр емышыжу зэраIурилъхьэм, хабзэхэм зэрыхуигъасэм папщIэ.
КъинэмыщIауэ, илъэс зэхуэмыдэхэм екIуэкIа, «Воспитать человека» зи фIэщыгъэцIэ, пе дагогическэ лэжьакIуэхэм я Урысейпсо зэпеуэм и хэгъуэгу Iыхьэми бжьыпэр щиубыдащ, «За нравственный подвиг учителя», «С песней по жизни» фестиваль-зэпеуэм, лъэпкъ хабзэхэмрэ унагъуэ щIэинхэмрэ яхьэлIауэ методикэ зэхэгъэувэныгъэмкIэ педагогхэм я Урысейпсо зэпеуэхэм я призер хъуащ. Маргаритэ еджапIэм зэрыщылэжьа илъэс 30-м къриубыдэу классищ къыщIигъэкIащ. Нобэ абы и пащхьэ къитIысхьэжащ и гъэсэнхэу щытахэм я бынхэр. ЕгъэджакIуэм и ехъулIэныгъэшхуэу къе лъытэ 2022 гъэм ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэкIэ щыIэ адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэхэм я хэгъуэгу ассоциацэм иригъэкIуэкI «ЕджапIэ къэс этнокласс» проектым ипкъ иту, этногра фическэ класс къызэрызэIуихар. Нобэ ар абыхэм я класс унафэщIщ. Проектыр хуэунэтIащ адыгэбзэр цIыкIухэм куууэ ягъэджыным, лъэпкъым и щэнхабзэ щIэинхэр хъумэным.
А махуэ дыдэм Ищхъэрэ Кавказым щыцIэрыIуэ еджа гъэшхуэ, филолог, IуэрыIуэтэдж, адыгэ мифо логием и къэхутакIуэ, тхакIуэ Мыжей Михаил Исмэхьил и къуэм и цIэр зезыхьэ адыгэбзэмрэ анэдэлъхубзэмрэкIэ пэшри къызэIуахауэ щытащ. Сыт хуэдэ къалэн цIыхум и пщэ къыдэмыхуэми, къызыхэкIа лъэпкъым и пащхьэ щиIэ хьэкъыр зэи щыгъупщэ хъунукъым. Адыгэ унагъуэр щызыгъэIэ псэкупсэ щIэблэм лъэпкъыбзэмрэ щэнхабзэмрэ щыгъуазэу къыдэгъэ кIуэтеин хуейщ. Зыгъаси, хасэм кIуэ, щIыжаIэр аращи, цIыхур зыщыщ лъэпкъым и щыIэ кIэм хэту къэгъэтэджыпхъэщ.
Адыгэбзэмрэ литературэмрэкIэ я къалэн хуэдэу хъуа а Iуэхур Маргаритэ зэи зыщхьэщихкъым, адыгагъэр зэрыхэлъын, лъэпкъым хуэфащэу зэрыщытын хуейр зэи щIалэгъуалэм и щхьэ ирихкъым. Ар зэфIэкIышхуэщ, гулъытэ лей зыхуэщIыпхъэ щи, абы щхьэкIэ фIыщIэшхуэ хуэфащэщ. Маргаритэ зэрыегъэджакIуэм къинэмыщIауэ, ар къызэгъэпэщакIуэ нэсщ. ИлъэсиблкIэ еджа пIэм и методисту лэжьати, а илъэсхэм наIуэ хъуащ абы адыгэбзэм, лъэпкъ щэнхабзэм, Адыгэ Хабзэм яхуиIэ фIылъагъуныгъэр. А илъэсхэм бзылъхугъэ гуакIуэм гулъытэ хэха хуищIащ ныбжьыщIэхэр хэкупсэ — лъэпкъыпсэу къэгъэхъу ным. Мыжейм гуащIэшхуэ зытригъэкIуадэ егъэджэныгъэ Iуэхур гулъытэншэ зэрымыхъуар къегъэлъагъуэ Къэрэшей-Черкесым и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым), республикэм егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэкIэ и Министерствэм я щIыхь тхылъхэр къызэрыхуагъэфэщам. Жылагъуэ гъащIэми щыжыджэрщ ар. «Адыгэ Хасэ — Черкесский Парламент» жылагъуэ зэгухьэныгъэм хэтщ, республикэм и ве теранхэм я зэгухьэныгъэхэм хэлъхьэныгъэ хуещI. Муниципальнэ, хэгъуэгу, федеральнэ, лъэпкъыбэ программэхэмрэ проектхэмрэ зэ хэгъэувэным холэжьыхь. Социальнэ зэпыщIэныгъэхэм «Дыгъэ бын» напэкIуэцI адыгэбзэкIэ щиIэщ. Усэ тхынми зрепщыт. Абы и Iэдакъэм къыщIэкIащ «Си къуажэ Инжыджышхуэ» уэрэдыр. И дуней тетыкIэкIи, цIыху хэтыкIэкIи, и лэжьыгъэкIи зэкIужу псэу Маргаритэ ехъулIэ ныгъэрэ гукъыдэжрэ иIэну ди гуапэщ.
ЕЗАУЭ Марин
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.