Хэку зауэшхуэр зэриухрэ илъэс 60 текIыжауэ, 2005 гъэм дауэдапщэ иным щIэту Куэш-Хьэблэ къуажэм и зы уэрамым фIащауэ щытащ ГУНДЭХЪУХЭ я лъэпкъым щыщу зауэм къыхэмыкIыжа зэкъуэшихым я цIэр. АтIэ, зауэр къыщежьам щыгъуэ Гундэхъу Шухьэиб и къуиплIрэ, Нухьрэ Iэюбрэ я къуэ зырызымрэ дэкIри, къагъэзэжакъым. Ахэр: Талустэн, Iэмин, Сэхьид, Адэмей, Хъалил, ЛэматIэ сымэщ.







Зауэм хэкIуэда зэкъуэшхэм я щIэблэм хуэфащэ пщIэ хуащIу зэрахьэ мамыр гъащIэм зи щхьэ хуэзыгъэтIылъахэм я фэеплъ сынри, щIалэхэм я цIэр зезыхьэ уэрамри. Гундэхъу зэкъуэшхэм я фэеплъ уэрамым и теплъэр хъуэпсэгъуэщ.
Зэкъуэшхэм я цIэхэр къыздетхэкIа фэеплъ пхъэбгъур къыщызэIуахым, Талустэн къыщIэна и къуэ Мусэ мыпхуэдэ гукъэкIыжхэмкIэ къыддэгуэшауэ щытащ, и адэмрэ адэ къуэшхэмрэ яхуэгъэзауэ: «Си адэр 1941 гъэм къуажэм дашри, 1942 гъэм зэ къигъэзэжауэ щытащ. ИтIанэ, Сталинград лъэныкъуэмкIэ зауэм Iууващ. Абы иужькIэ тлъагъужакъым.
Ауэ и хъыбар къытIэрыхьауэ щытащ си адэр зыхэта дзэ пакIэр Курскэ Дугам яшауэ, абдеж щекIуэкIа зэхэуэ хьэлъэ дыдэхэм езыри къызэрыхэмыкIыжамкIэ. Сэхьид къулыкъум щыIэу зауэр къэхъейри Харьков и Iэхэлъахэм щыхэкIуэдащ.
Адэмей «Сталинград дашэ» жиIэри, зы тхыгъэ къыIэщIэкIри, иужьым и хъыбар щыIэжакъым. А тхьэмыщкIэм бын къудей къыщIэнакъым.
НэхъыщIэ Хъалил зауэм ипэкIэ 1939 гъэм и къулыкъур иухщ, къэкIуэжри, унагъуэ ищIауэ щытащ. Лейтенанту зауэм ираджэри, Одессэ зыхъумахэм яхэтащ. Хъалили, Iэмини, ЛэматIи хъыбарыншэ хъуащ».
Шухьэиб и къуэ Талустэн 1895 гъэм къалъхуащ. Рядовойщ. 1943 гъэм и мазае (февраль) мазэм хъыбарыншэу кIуэдащ. КъуитI Мусэрэ Рэшидрэ иIащ.
Шухьэиб и къуэ Адэмей 1943 гъэм хъыбарыншэ хъуахэм ящыщщ, бын иIакъым.
Шухьэиб и къуэ Сэхьид 1941 гъэм и щэкIуэгъуэ (ноябрь) мазэм нэмыцэшэм ихьащ.
Шухьэиб и къуэ Хъалил 1914 гъэм къалъхуащ, сержантщ, отделенэм и командиру щытащ. 1941 гъэм фокIадэм (сентябрым) и 20-м хъыбарыншэ хъуащ. Е 5-нэ шуудзэ полкым и етIуанэ шуудзэ дивизэм хэтащ. Хъалил и щхьэгъусэ Цуцэ фызабэу къыщынам, и къуэ закъуэ Хъызыр сабий цIынэт.
Шухьэиб и къуэ Исуф Зауэм къыхэкIыжри, лажьэурэ дунейм ехыжащ.
Нухь и къуэ ЛэматIэ 1942 гъэм хъыбарыншэу кIуэдащ.
Iэюб и къуэ Iэмин 1942 гъэм хэкIуэдащ Сталинград областым и Рязановскэ жылагъуэм и Iэгъуэблагъэм. Бын иIакъым.
Нухь и къуэ Казбек (ТIалэ) 1942 гъэм и гъатхэпэ (март) мазэм Казбек фронтым Iухьащ. ЩIэх дыдэ сержант хъуащ. 256-рэ Бэракъзехьэ фочауэ дивизэм и 937-нэ полкым хэту, зауэ гъуэгуанэ хьэлъэр икIуащ. Щытащ танковэ пулемётхэр бийм тезыгъэпсыхь отделенэм и командиру. Яхэтащ Сталинград щекIуэкIа зэхэуэ хьэлъэ дыдэхэм. И лъакъуэ сэмэгу зэфIэгъэщIапIэм шэм удынышхуэ кърихыгъащ, и пхэщIыщхьэ сэмэгум кIэрылъ лыпцIэри къриудат…
Даут и къуэ Али-Мырзэ 1941 гъэм зауэм дашащ. Япэ щIыкIэ Курсавск къалэм деж зауэ Iуэхум щыхуагъэсащ, иужьым ТулэкIэ яунэтIащ. 1942 гъэм Ленинград къалэр зыхъумахэм яхэтащ. Абдежращ япэ дыдэ уIэгъэ щыхъуари. Къалэр хуит къыщащIыжам, ар зэфIэгъэувэжыным хэлIыфIыхьащ. Иужьым, зыхэта дзэ пакIэр МурмансккIэ ягъэIэпхъуэри, Али-Мырзэ абдеж тылым и лэжьыгъэм гуащIэшхуэ щыхилъхьащ.
Зыгъэхьэзырар АБИДОКЪУЭ Люсанэщ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.