ЦIыхум пщIэ къызэрилэжьыр и Iуэху-щIафэ дахэмкIэщ, и акъылымрэ щIэныгъэмрэ къитIэсу иубзыхуф лэжьыгъэмкIэщ, адрейхэм къащхьэщыкIыу гъащIэм хилъхьэ гуапагъэмрэ цIыхугъэмрэщ, псапэ щIэныр зи гъуазэу къызэрыгъуэгурыкIуэмрэ гущIэгъу зэрыхэлъымрэщ. Апхуэдэм, зы мащIэ нэхъ мыхъуми, дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэу гу зылъита дэтхэнэми и гуащIэ псор триухуэфынущ.
Мис а хьэл-щэныфIхэр зыхэлъ, псэ къабзэ, гу зэIуха зиIэ щIалэщ нобэ зи гугъу фхуэтщIынур. Абы хэлъ цIыхугъэмрэ зыбгъэдэт лэжьыгъэм хуиIэ IэкIуэлъакIуагъымрэ ди щхьэкIэ дгъэунэхуащ…
ЦIыхур и узыншагъэкIэ гузэвэгъуэ ихуамэ, Алыхьым иужькIэ, зыгъэхъужыну зыщыгугъыр медицинэм и лэжьакIуэхэращ. Апщыгъуэм деж куэд дыдэ елъытащ узыпэщIэхуэ дохутырым. Си цIыхугъэ гуэрым «дохутыр псори дохутыркъым» зэрыжиIауэ щытар мыбдеж сигу къокIыж. А псалъэхэр зэрыпэж дыдэм щыхьэт дытехъуащ…
Тхьэмахуэ махуэ гуэрым ди пщащэ цIыкIум и жьэпкъыр зэрымыщIэкIэ къыщIэпкIат. Зэуэ «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэр» къедджащ. Абы иса медицинэм и лэжьакIуэ ныбжьыщIэм сабийм и узыфэр зригъащIэри, район сымаджэ-щым щыIэ дежурнэ дохутырым телефонкIэ епсэлъащ. Iуэхур зытетыр щыгуригъаIуэм: «ЧеркессккIэ ефшэх» къыжриIащ. Абы хэтуи къалэмкIэ дунэтIащ. «Умыгужьей, си хъыджэбз цIыкIу, иджыпсту сымаджэщым дынэсмэ уагъэхъужынщ, тIэкIунитIэ зыхуэгъэшэч» — сабийм сеущиеурэ республикэ сымаджэщым дынэсащ. АрщхьэкIэ, ди Iуэхур фIыкIэ тхузэблэзыхыну дызыщыгугъа дохутырхэр дазэрыщымыгугъауэ къыщIэкIащ.
КIэлындорым дыкъыдэнэри, дыкъэзыша фельдшерыр приемнэм щIэс бзылъхугъэм и деж щIыхьащ. Дакъикъэ зытIущ нэхъ щIэмытауэ къыщIэкIыжащ: «Дащтэн ядэкъым, районымкIэ вгъэзэж жаIэ» жери. Узым игъэдзыхэу кIэлындорым дэс сабийм ауи къеплъын зи щхьэ тезмылъхьа бзылъхугъэм деж сыщIыхьэри сеупщIащ: «Сыт вгъэзэжым къикIыр, мо сабийр плъагъукъэ, гъуэгу дытетыну ди Iуэху Iуткъым. КъывашэлIа сымаджэм щхьэ фыкъыхуэмыгузавэрэ?» — соупщI.
— Сыт сэ фхуэсщIэнур-тIэ? — бзылъхугъэм и щхьэр къимыIэту жэуап къызет.
— ЕпщIэнур пцIыхун папщIэ зыкъэпIэту, сабий сымаджэм убгъэдыхьэу, уеплъын хуейкъэ? — дохутырым и цIыхугъэншагъэм сыкъигъэпщтырауэ жэуап изот.
— Рентген зэращI аппаратыр къутащ, сыт езыбгъэщIэнур?» — сымаджэм еIэзэн и мураду, щIэныгъэ зэзыгъэгъуэту, лэжьыгъэм пэрыува медицинэм и лэжьакIуэм аращ жэуапу къыпысхыр.
ПщIэншэу зэманыр зэрыдгъакIуэр къызгурыIуэри псынщIэу гъуэгу дыкъытехьэжащ. «Районым къыщытщхьэпэфынумэ къалэм нэс дагъэкIуэнутэкъым, дгъэзэжмэ къытпэплъэр сыт?!» — гузэвэгъуэм сызэщIиубыдащ. АпщIондэхукIи уз зытелъ сабийр томэхыкI, медсестрам зыкърегъэщIэжри кIэрысщ. Район сымаджэщым дыщынэсыжам, дохутыр нэхъыщхьэм рентген зыщI щIалэр къриджэжауэ дрихьэлIэжащ. Зэуэ и пэшымкIэ щIишэри снимок трихащ. Дежурнэ врачым къыджиIащ стоматолог-терапевтыр къызэрыкIуэр, ди пщащэм къеIэзэн хирург мыбдеж зэрыщымыIэм къыхэкIыу, абы Ставрополь къалэм дызэриунэтIынур. «СыхьэтитI хъуауэ узым игъэдзыхэ сабийр Ставрополь нэгъунэ дауэ зэрытшэнур, ишэчыфыну?» — мы гупсысэхэр си щхьэм зэрегъэзахуэ.
Уи хущхъуэ зыхэлъыр пцIыхунукъым зэрыжаIэщи, абдеж рентген зыщIа щIалэр къыдбгъэдохьэ: «Сэракъым дохутырыр. Ауэ ар къэсыхукIэ, хуит сыкъэфщIмэ, схузэфIэкIым сеплъынщ. Сабийр хуабжьу сигу къоуэ», — жери. Апхуэдэу, и щIэныгъэмрэ и къарумрэ шэч къытримыхьэу, зы мэскъалкIи мыгупсысэу, Къумыкъу Аслъэн пщащэм и узыр щхьэщихыну и ужь ихьащ. Зэран зэрыхуэмыхъуным хуэдэу хуэмурэ, еныкъуэкъуурэ къигъэлантIэри, хуэсакъыпэурэ еIэри, сабийм и жьэпкъыр щIигъэпкIэжащ. ИужькIи снимок ищIыжри, жьэпкъыр и пIэм зэриувэжар, дагъуэ зэримыIэр къыджиIащ. Абыи щыхьэт техъуащ иужькIэ къынэса стоматолог-терапевтыр.
Апхуэдэу Къумыкъухэ я щIалэм и IэщIагъэмкIэ къылъыс жэуаплыныгъэр зэрызыхищIэмрэ Гиппократ хуищIа тхьэлъанэмрэ зэрахуэпэжым я фIыгъэкIэ, сабийм и узыр щхьэщихащ! АтIэ, апхуэдэ цIыхухэращ щапхъэр, пщIэрэ щIыхьрэ зыхуэфащэр.
«А щIалэр хуабжьу Iэзэщ. Ар «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэм» щылэжьам, си малъхъэм хуабжьу щхьэпауэ щытащ. Дэтхэнэ зыми гукIи псэкIи хуэгумащIэу, цIыхум и узыншагъэр зэрефIэкIуэжым щыгуфIыкIыу щытщ. ЖыпIэнурамэ, дохутыр нэсым хэлъын хуей хьэл псори дыболъагъу. И цIыхугъэр здынэсыр, и зэфIэкIыр зыхуэдэр ди унагъуэм дгъэунэхуащи, пщIэ худощI», — къыджиIащ апхуэдэу къытхуэгузэва, ди сабийм и узыр щхьэщызыха щIалэм и цIэ-унагъуэцIэмкIэ дызэупщIа санитаркэм.
КъызэрыщIэкIамкIэ, си тхыгъэр зытеухуа щIалэм апхуэдэ щытхъу, фIыщIэ псалъэхэр и куэдт. Ди унагъуэми мыр етIуанэу къытщхьэпат. Илъэс зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, ди анэм и пэм лъы къыщиудауэ яхуемыгъэубыду, «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэр» къраджауэ щытащ. Мис мы щIалэрат апщыгъуэм ди анэм къыхуэкIуар. ИрищIэну хъуар ирихьэлIа пэтми, си Iуэхур зэфIэкIащ жиIэу емыжьэжу, и гур зэгъэху ди анэм бгъэдэсащ.
Мы щапхъэхэм къагъэлъагъуэ Къумыкъур зэрыгупцIанэр, и Iэр къызыпекIуэкI сыт хуэдэ IуэхукIи зыкъыпщIигъэкъуэну зэрыхьэзырыр, зэрыпсэхьэлэлыр, гу къабзэ зэрыкIуэцIылъыр.
ЖытIэнщи, дохутыру лэжьэну хуейхэр куэд мэхъу, ауэ IэщIагъэлI нэсу абыхэм яхэтыр мащIэщ. Мис а мащIэхэм ящыщщ Кисловодск медколледжым медицинэ щIэныгъэ щызэзыгъэгъуэта, Хьэбэз район сымаджэщым и «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэм» илъэс 12-кIэ щылэжьа, нобэ рентген-лаборанту мы сымаджэщым Iуэху щызыщIэ Къумыкъу Асчэрбий и къуэ Аслъэн.
А махуэм дызыхэта гузэвэгъуэм сригъэгупсысащ: «медицинэм и лэжьакIуэ IэщIагъэр къыщыхахым и деж абы гугъуехьу пылъыр зыми и кIэм нэсу къыгурыIуэу къыщIэкIынкъым, ауэ Къумыкъум хуэдэу зи IэнатIэр пщIэрэ щIыхьрэ пылъу езыхьэкIхэр цIыхугъэ лъагэм и щапхъэщ. Абы дэтлъэгъуа хьэлыфI псори мы IэщIагъэр къыхэзыххэм яхэлъамэ, дауи, сымаджэхэм я гукъеуэр куэдкIэ нэхъ мащIэнут».
ЦIыхухэм фIы яхуищIэу псэ хьэлэлкIэ зи IэнатIэм пэрыт Къумыкъу Аслъэн си щхьэкIи зыдэIэпыкъуа нэгъуэщI сымаджэхэми къабгъэдэкIыу фIыщIэ хузощI икIи сохъуэхъу насып, ехъулIэныгъэ иIэу, и IэщIагъэм и хъер илъагъуу гъащIэ дахэ ирихьэкIыну!
Тхьэм уигъэпсэу, Аслъэн, уи цIыхугъэм, уи гу къабзагъэм, уи Iэм къыпыкI угъурлыгъэм папщIэ!
ЕЗАУЭ Маринэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.