Гулъытэм пIалъэ иIэкъым

Джатэхэ Валерэрэ Хьисэрэ я уней тхылъ-тедзапIэм къыщыдэкIащ Дэбагъуэ Хьэтызэ урысыбзэкIэ итха «Память не признает срока давности или жизнь Мухамеда Гогушева» тхылъыр. Ар теухуащ Черкесск къалэм и чэфщIэхужыпIэм (вытрезвителым) 1997 гъэм накъыгъэм и 17-м гуузу щаукIауэ щыта, егъэджакIуэ-гъэсакIуэ къызэрымыкIуэ, экономист цIэрыIуэ, еджагъэшхуэ, профессор Гуэгуш Мухьэмэд Зэчрей и къуэм и фэеплъ нэхум.

Тхылъым и ухэзыгъэгъуазэ псалъэм деж авторым игу къегъэкIыж а махуэ  гущIыхьэхэр. Езыр апщыгъуэм корреспонденту щылэжьащ «Черкес хэку» газетым  икIи а щIэпхъаджагъэм теухуа тхыгъэ куэд адыгэбзэкIи урысыбзэкIи игъэхьэзыращ, щIэсащ хьэкум зэIущIэхэм, яхуэзащ цIыхухэм. Апхуэдэу щыщыткIэ, Iуэхум фIы дыдэу щыгъуазэщ. АдэкIэ езым псалъэ еттынщ: «ЛIыщIыгъуэ плIанэм щIигъу текIыжащ Гуэгуш Мухьэмэд къызэрытхэмытыжрэ. Куэд ар хьэмэрэ мащIэ? Куэдщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, а пIалъэм цIыхур дунейм къытохьэри балигъи мэхъу. Зы ныбжьым ипIэ нэгъуэщI къоувэ. МащIэщ, ар гъадэщIыдэм елъытауэ напIэзыпIэщи.

Ауэ дауэ щымытми, фэеплъым пIалъэ иIэкъым. СэркIэ а илъэс 28-р темыкIам хуэдэщ. Гуэгуш Мухьэмэд зыбжанэрэ редакцэм ныщIыхьауэ, си нэIуасэт. Сыт сэ абы теухуауэ жысIэфынур? ЛIы зэкIуж дахэшхуэт, жьы щIэту, гуфIэпсыжу, хэти дэIэпыкъуну хьэзыру. ЩIэныгъэшхуэ зиIэ IэщIагъэлIт. Апхуэдэщ игъащIэкIи сигу къызэринэжари.

СоцIыхуж адыгэ хъыбарыжьхэм хэт лIыхъужьхэм ар апщыгъуэм зэрезгъэпщар. КъысфIэщIащ ар зэманым зэрыщызекIуэ машинэмкIэ нартхэм я лъэхъэнэм къикIыу къытхуэкIуауэ. АпхуэдизкIэ иджырей цIыхухэм къащхьэщыкIти, и акъылкIэ, и къарукIэ, и цIыхугъэкIэ ар яхуэбгъадэ хъунут Сосрыкъуэ, Бэдынокъуэ, нэгъуэщI нарт хъыжьэхэм. Ар нартхэм я блэкIа жыжьэм е дяпэкIэ зыужьыныгъэшхуэ зыгъуэтыну цIыхухэм  яхэту псэуну хуэфащэт. Ауэ ар дэ къыддалъхуауэ къытхэст, цIыху акъылыфIэр, дахэр, гуапэр, зэманым и лIыхъужьыр зэрыщытын хуейр дигъэлъагъуу, икIи хузэфIэкIат щапхъэ тхуэхъун. Арыншэуи уи нэгу къыпхущIэгъыхьэнутэкъым, ар къызыхэкIа унагъуэшхуэм щытепщэт адыгэ хабзэхэр, нэхъыжьым пщIэ, нэхъыщIэм гулъытэ хуэщIыныр, лэжьыгъэр фIыуэ лъагъуныр, щIэныгъэхэм яхуэпабгъэныр…»

Дэбагъуэ Хьэтызэ игу къегъэкIыж а щIэпхъаджагъэм епха хьэкум Iуэхухэр. Зыри зимылажьэ лIыр чэфышхуэ иIэу ягъэуври чэфщIэхужыпIэм щIадзащ. Абы уфIэкIынщи, ягъэцIыкIуну, щIэнэкIалъэ ящIыну пылъащ. Ауэ хуиту бэнэнымкIэ мастерым и кандидатым ар яхуидакъым, щапэщIэувэм, къанлыгъэр къатекIуэри къытезэрыгуащ чэфщIэхужыпIэм и лэжьакIуэ зыбжанэ. Сытми яIэщIэукIащ. Хабзэншагъэр и чэзум икIи пылъхьэншэу зэхагъэкIащ, белджылы ящIащ къуаншэхэр. Ауэ хьэкум унафэр къэхьыным нэсри, Iуэхур лъэданэ инащ. Уеблэмэ, къуаншэхэр къыхагъэкIыну пылъащ. Ауэ хьэкум унафэ мыхъумыщIэр зигу иримыхьа цIыхухэм зыкъаIэтри къалэ уэрамхэм къыдыхьащ. Жылагъуэр, Гуэгуш Мухьэмэд къыдалъхуахэмрэ и Iыхьлыхэмрэ, и ныбжьэгъухэмрэ къызэрыкIуэ цIыхухэмрэ етIысэхакъым, хьэкум Iуэху мызахуэр лъэныкъуэ ирамыгъэзыжу, щхьэж хуэфащэр лъамыгъэсыжу. Ауэ щIэпхъаджащIэм хуэфащэ тезырыр лъыскIэ, абыкIэ зэфIэкIрэ? Абы адэ-анэм къаритыжынукъым я къуэр, бзылъхугъэм — и щхьэгъусэр, сабийхэм — я адэр.

Ауэ щыIэщ Тхьэм и Iэмыр захуагъэ нэс, абы дапщэщи ещтэж тепщагъэр. ЩыIэщ гугъапIи: Гуэгуш Мухьэмэд дунейм къытринащ къуэ хьэлэмэтхэр. Ахэр адэр зэрыхуей хъуа къудейкъым, ахэр абы ипIэ къиуващ. Мухьэмэд тхэкIыжами, и псэр и бынхэм яхэтщ, и гупсысэкIэмрэ и Iуэху еплъыкIэмрэ зыхаубыдащ и гъэсэнхэм, иригъэджа студентхэм, абыхэм Мухьэмэд и фэеплъыр здэмыкIуэдым щIыпIэ щаIыгъщ щIэныгъэ утыкум. ИкIи абы дэри гугъапIэ къыдет, дяпэкIэ ди жылагъуэ зэхэтыкIэри, ди экономикэ Iуэхухэри нэхъыфI зэрыхъунумкIэ. Ауэ ар щызэфIэкIынур ди блэкIам и гъуащагъэхэр дгъэзэкIуэжмэщ, гуауэр сыт хуэдэу дыджу щымытми, абы дерс къыхэтхмэщ. Абы хуэунэтIащ мы тхылъри.

ЛЫХЬ Тимур


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *