Адыгэбзэмрэ тхыбзэмрэ я Махуэр «Адыгэ Купсэ» Фондым хэIэтыкIауэ игъэлъэпIащ. Абы ипкъ иту Хьэбэз районым адыгэбзэмкIэ щезыгъаджэ егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ ягъэлъэпIащ.
Пшыхь дахэр щрагъэкIуэкIащ Хьэбэз къуажэм дэт щэнхабзэмкIэ Унэм. Абы къеблэгъащ Фондым и къызэгъэпэщакIуэ Аргун Олег, Хьэбэз район администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Унэж Рэмэзан, Хьэбэз район администрацэм егъэджэныгъэмкIэ и къудамэм и гуащэ Сидакъ Жаннэ, КъЧР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэкIэ и Министерствэм и лэжьакIуэ ХьэтIохъущокъуэ Амиран, «Адыгэ Купсэ»-м и унафэщIым и къуэдзэ Балэ Мурат, Купсэм и адыгэбзэ къудамэм и унафэщI Шэрджэс Расьят, егъэджакIуэхэмрэ сабий IыгъыпIэхэм я гъэсакIуэхэмрэ.
Пшыхьыр езыгъэкIуэкIа, щэнхабзэмкIэ Унэм и методическэ пэшым и пашэ Мамхэгъ Зуридэ хъуэхъу псалъэкIэ захуигъэзащ къеблэгъахэм:
— Нобэрей гуфIэгъуэ зэхыхьэр зипкъ къикIар «Адыгэ Купсэ»-ращ. ЖыIэпхъэщи, мы зэгухьэныгъэм лэжьэн зэрыригъажьэрэ, адыгэбзэм, хабзэм, адыгэ щыIэкIэм ехьэлIауэ Iуэ-хугъуэ куэд зэфIах. Ди гъащIэм и лъэныкъуэ куэдри я нэIэ щIагъэтщ, куэдым дэIэпыкъуэгъу яхуохъу, адыгэ лъэпкъым и Iуэхур ипэкIэ гъэкIуэтэным псэемыблэжу пылъщ. Адыгэбзэр щIэблэм яIурызылъхьэ егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ я цIэр хэIэтыкIауэ утыку кърахьэн мурадкIэ, Купсэм къызэригъэпэщащ нобэрей пшыхь къызэрымыкIуэри… — жиIащ Зуридэ.
Иужьым псалъэр хуигъэфэщащ Фондым и къызэгъэпэщакIуэ, лъэпкъым ди нэхъыжьыфI, адыгэлI щыпкъэ Аргун Олег. Абы и къэпсэлъэныгъэм лъэныкъуэ куэдкIэ зригъэубгъуащ — унагъуэм щызекIуэн хуей хабзэм, нэмысым, цIыху зэхущытыкIэхэм, адыгэм ди зыужьыныгъэм тепсэлъыхьащ, бзэр лъэпкъым зэрыIэщIэху гукъеуэми къытеувыIащ.
— Нэрыбгэ къэс ди пщэрылъщ, дяпэ итахэм къытхуагъэна фIыгъуэр тхъумэныр. Къэрал куэд зэрыдунейуэ къызэхэскIухьащ, икIи жысIэфынущ ди адыгэ хабзэхэмрэ къыддекIуэкI щэнымрэ нэхъ дахэ зыщIыпIи зэрыщымыIэр. Абы къыхэкIыу, зы къарууэ зызэщIэдгъакъуэу дытелэжьэн хуейщ бзэр, щэнхабзэр, тхыдэр хъумэным, къыкIэлъыкIуэ щIэблэм янэтхьэсыным, — къыхигъэщащ лъэпкъым и нэхъыжьыфIым.
А лъэныкъуэмкIэ Хьэбэз районым лэжьыгъэшхуэ щезыгъэкIуэкI, Фондым и адыгэбзэ къудамэм и унафэщI Шэрджэс Расьят фIыщIэ яхуищIащ Купсэм и унафэщIым, район администрацэм и Iэтащхьэм, сыт хуэдэ и гупсысэ яримыхьэлIами, ахэр дэIэпыкъуэгъу, акъылэгъу къызэрыхъухэм папщIэ.
— Нобэрей махуэщIыр гъэлъэпIэныр куэд щIауэ си гум щызгъафIэ, сызыщIэхъуэпс Iуэхугъуэт. ДяпэкIи а лэжьыгъэм нэхъри щIэгъэхуэбжьауэ дызэрытелэжьэнум шэч къытесхьэ-къым. Дамэ къыстекIам хуэдэщ, утыкум къитшэ егъэджакIуэхэр щыслъагъукIэ. АтIэ, зи цIэ къитIуа дэтхэнэ егъэджакIуэми и щIыб лэжьыгъэшхуэ къыдэлъщ, адыгэбзэр хъумэным IуэхуфIхэр хуэзылэжьщ. КъызэрымыкIуэу зыхуэфащэ защIэщ, — жиIащ Расьят.
АдэкIи къыхигъэщащ кърихьэжьа Iуэху дахэр — этно-классхэр къэгъэщIыныр къуажэ куэдым къызэрыпащар, уеблэмэ районым и сабий IыгъыпIэхэми щаухуэну и ужь зэритыр. КъинэмыщIауэ, нэгъуэщI хэгъуэгухэми ар щапхъэ зэрахуэхъуар, а лэжьыгъэм нэхъ гъунэгъуу зыщагъэгъуэзэну къызэрыщIэлъэIури жиIащ.
Зэхыхьэм къеблэгъа хьэщIэхэм я къэпсэлъэныгъэм къыщыхагъэщащ районым щылажьэ егъэджакIуэхэр етауэ, я псэ халъхьэу я IэнатIэхэм зэрыпэрытыр, педагогическэ гуащIэдэкIым и ветеранхэм пщIэ зэрырагъэгъуэтыр, егъэджакIуэ щIалэгъуалэр щапхъэфIхэмкIэ зэрагъэгушхуэр.
Мы махуэм «Адыгэ Купсэ»-м утыку къришащ районым адыгэбзэмрэ литературэмрэ и егъэджакIуэ нэхъыжьыфIхэр. Ахэр нобэ пенсэм тIысыжа пэтми, еджапIэм я гъащIэр зэрыщагъэкIуар, бзэм зегъэужьыным хэлъхьэныгъэу хуащIар Фондым щыгъупщакъым. Ахэр: Шыбзыхъуэ Бэрэсбий (Малэ Зеленчук), Псэун Марие (Инжыджышхуэ), Къумыкъу Юлэ, Акъ Софье (Хьэбэз), Бетыгъуэн Сэнят (Али-Бэрдыкъуэ), Сонэ Риммэ (Жьакуэ) сымэщ.
АдэкIэ я цIэ къраIуащ Хьэбэз районым и къуажэ еджапIэхэм адыгэбзэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ хуэзыщI нэрыбгэ 16-м.
Ахэр: Абдокъуэ ФатIимэт (ПсэукIэ-Дахэ), Лий Майе (Куэш-Хьэблэ), ПэтI Айшэт (Бес-лъэней), Дзэгъэщтокъуэ Зуридэ (Али-Бэрдыкъуэ), Куэшбий Жаннэ (Зеикъуэ), Жу Жаннэ (Али-Бэрдыкъуэ), Туаршы Фатимэ (Хьэбэз), Мамхэгъ Залинэ (Жьакуэ), Хъату Анетэ (Мало-курганнэ), Сэит Фатимэ (ВакIуэ-Жылэ), Тамбий Анжелэ (Куэш-Хьэблэ), Сидакъ Эллэ (Хьэбэз), ЛIымаху Заретэ (Али-Бэрдыкъуэ), Абидокъуэ Тэужан (Малэ Зеленчук), сабий IыгъыпIэхэм я гъэсакIуэхэу Аслъэнхэ Земфирэрэ (Хьэбэз), Пхъэшхэ Мадинэрэ (Али-Бэрдыкъуэ).
ЕгъэджакIуэхэм къыхуащIа гулъытэм пэджэжу утыкум къыщыпсэлъащ Жьакуэ къуажэм адыгэбзэмрэ литературэмрэ илъэс 48-кIэ щезыгъэджа, нобэкIэ пенсэм щыс Сонэ Риммэ.
— Сызыпэрыта лэжьыгъэр апхуэдизымкIэ фIыуэ слъагъути, зэи сыхущIегъуэжакъым а лъагъуэм сызэрытехьам, ноби згъэзэжамэ, адыгэбзэм сыхуэлэжьэнрат къыхэсхынур. Адыгэбзэм и Махуэшхуэм и цIэр измыIуэу сигу идэкъым а бзэр лъагапIэм изыхьа, абы зи псэр хэлъа, ди усакIуэ гъуэзэджэ Бемырзэ Мухьэдин, абы и усэми сыкъыфхуеджэмэ си гуапэт… — гум хыхьэу усакIуэм и усэм шэщIауэ къеджащ Риммэ.



ЖыIэпхъэщи, махуэщI дахэкIэ районым и егъэджакIуэхэр зыгъэгуфIа «Адыгэ Купсэ»-м зыкъыщIигъэкъуащ щэнхабзэмкIэ Унэмрэ район библиотекэм я лэжьакIуэхэмрэ. Щэнха-бзэ концертыр ягъэбжьыфIащ «Ашэмэз» къэфакIуэ ансамблым, «Нур» сабий IыгъыпIэм и гъэсэн цIыкIухэм, уэрэджыIэ ТхьэкIумашэ Расул, къинэмыщIауэ сценэм япэу къытехьа, Расул и къуэ, уэрэджыIэ ныбжьыщIэ ТхьэкIумашэ Ренат цIыкIу.
Район библиотекэм утыку кърихьащ «Черкес хэку» газетым щегъэжьауэ адыгэбзэмкIэ къыдэкIа, тхылъ гъэщIэгъуэныщэкIэ къызэгъэпэща гъэлъэгъуэныгъэр.
АСЛЪЭНЫКЪУЭ Мадинэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.