ИлъэсыщIэпежьэу, дыгъэгъазэм и 30-м Хьэбэз районым щыIэ «Родные сердца» жэрдэмщIакIуэ гупым къабгъэдэкIыу СВО-м ирагъэшащ къыкIэлъыкIуэ гуманитар гулъэр: техникэ, зауэлIхэмкIэ нэхъапэ хьэпшыпхэр, IэфIыгъэкIэхэр, тхыгъэ гуапэхэр, ерыскъыхэкIхэр. ЖыIэпхъэщи, мыпхуэдэ гуманитар дэIэпыкъуныгъэхэр зэхуэхьэсынри, СВО щIыпIэхэм егъэшэнри ирагъэкIуэкI КъЧР-м и Iэтащхьэм къызэригъэпэща, Зыуэ щыт республикэ оперативнэ штабым и нэIэм щIэту. Хьэбэз районым щылажьэ псапащIэ гупым и пашэр, и унафэщIыр Тамэ Сусанэщ.
Мы бзылъхугъэмрэ и гупымрэ емышыжрэ емытIысэхыжу псапащIэ Iуэхум пылъщ СВО-р къызэрежьэрэ. ЖыпIэ хъунущ ар абыхэм я гъащIэ щытыкIэ, я псэ Iыхьэ хъуауэ. Я IэкIэ зэралъхьэ сэмбхэм, ашычхэм щIагъуж я гу хуабагъэр, псапащIэ тыгъэр зылъэIэсыну псоми, зауэлI дэтхэнэми псэууэ, узыншэу къигъэзэжынымкIэ я хъуэхъу псалъэ гуапэхэр. СВО хьэргъэшыргъэр зэрекIуэкIрэ республикэм щыпсэууэ дэIэпыкъуныгъэ Iэпэр зымышия, псори дызыгъэпIейтейм зэщIимыIулIа къэнаIауэ къыщIэкIынкъым. Арами, зыгуэркIэ СВО-м зыщIигъэкъуэну хуейуэ, ауэ и дэIэпыкъуныгъэр здрихьэлIэн щIыпIэр зымыцIыхуи щыIэщ.
Ар къыдгурыIуэкIэрэ, фигу къыдогъэкIыж Хьэбэз районым и къуажэхэм къыщызэрагъэпэща псапащIэ дэIэпыкъуныгъэ щIыпIэхэр здэщыIэр. Жьакуэ, Али-Бэрдыкъуэ, Хьэбэз къуажэхэм — администрацэхэм; Зеикъуэ къуа жэм — щэнхабзэмкIэ Унэм; Куэш-Хьэблэ, Ботэщей, Бэвыкъуэ, ПсэукIэ-Дахэ, Беслъэней, Инжыджышхуэ — къуажэ администрацэхэм. «Родные сердца» псапащIэ жэрдэмщIакIуэ гупым илъэсыщIэ дэIэпыкъуныгъэ гулъэр иутIыпщри, зэуэ и ужь ихьащ къыкIэлъыкIуэ псапащIэ дэIэпыкъуныгъэр зэхьэлIэным икIи ари зэфIэкIри, мы махуэхэм гъуэгу трагъэхьащ. Хущхъуэхэр, хуабагъэр фIыуэ зыIыгъ ботэ лъагэхэр — «сапоги-пенки», IэфIыгъэкIэхэр, лъэпэдхэр, пыIэхэр, шей, кофе, щIытI шэху уэздыгъэхэр, нэгъуэщIхэри — апхуэдэщ гуманитар гулъэ ашычхэм ирагъэзэгъар. — Ди зауэлIхэм дадэIэпыкъуным купщIэшхуэ иIэщ. Ар — зауэлIхэр зыхуэныкъуэр ядгъэгъуэтыным и мызакъуэу, фIыщIэу яхуэтщIыр, дазэрыкъуэтыр, дазэрежьэр захедгъэщIэным, ягухэр, я псэхэр къэтIэтыным и зы Iэмалщ. Мыхьэнэшхуэ иIэщ ди щIалэхэм зэрамызакъуэр, мыбыкIэ псори къазэрежьэр зыхащIэным.
ПсапащIэ дэIэпыкъуныгъэм куэд-мащIэ жэуэ пщалъэ иIэкъым. Дэтхэнэ хэлъхьэныгъэри сэбэпщ икIи игъуэщ. Дызэкъуэвгъэувэ махуэ къэс ди зауэлIхэм дадэIэпыкъунымкIэ, — жеIэ Тамэ Сусанэ. АтIэ, нобэ зи унэхэм имыс, ерыскъы хуабэ зымышх, зыхуейр зымыгъуэт ди щIалэхэм псоми дигу яхуоуз, дыдейщ ахэр, ди лы джанэщ, зы унагъуэшхуэу зэхэт жылагъуэм и бынщ. ЩыапхуэдэкIэ, защIэдгъэкъуэнщ ди хъумакIуэхэм, Хэкум, къэралым и хъумакIуэ хахуэхэм!
ШЫБЗЫХЪУЭ Ирэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.