
ТекIуэныгъэшхуэр ди къэралым къызэрихьрэ мы гъэм илъэс 80 ирокъу. А махуэр хуабжьу лъапIэу къыхуэкIуащ ди Хэкум: зы унагъуэ къэнакъым и псэ химылъхьауэ, е ныкъуэдыкъуагъ къыхимыхауэ. Арагъэнщ ноби абыхэм я цIэр щIытщымыгъупщэр. Нэхъыжьхэм тхузэфIэкI къэдгъанэкъым къытщIэхъуэ щIэблэм абыхэм я цIэр ящымыгъупщэн папщIэ. Гъуэтыгъуейщ жылэ фэеплъ сын дэмыту, зауэм хэкIуэдахэм я цIэ-унагъуэцIэр темыту…
Ди республикэм щыяпэ дыдэу жыпIэми угъуэщэнукъым, Куэш-Хьэблэ къуажэдэсхэм я мылъку зэхэдзэкIэ къуажэм къыдагъэувауэ щытащ апхуэдэ сын, ТекIуэныгъэр илъэс 25-рэ зэрырикъум ехъулIэу. ЕджакIуэхэри егъэджакIуэхэри хэтащ а ухуэныгъэм. Накъыгъэм (майм) и 9-м сыныр къызэIутхащ, зауэм хэкIуэдахэм я цIэ-унагъуэцIэр дыщэпскIэ тетхауэ. А махуэр гуфIэгъуэ пэтми, нэпс куэди щIагъэкIащ къуажэдэсхэм, кIэрылъ пхъэбгъухэм бгъэдыхьэурэ, я Iыхьлыхэр къагъуэтурэ, Iэ далъэт, я нэпсри къафIэкIуэт. ФIыщIэшхуэ къытхуащIат сыныр гъэувыным елэжьахэм.
Ноби а фэеплъ сыным и Iуэху нэхъыщхьэр — щIэблэр хэкупсэу гъэсэныр — пщIэ иIэу егъэзащIэ. Щытхъу яхуэфащэщ абы кIэлъыплъ гупми, еджапIэм щIэсхэми.
ЦIыхубэм я пщэ дэлъщ сыт хуэдиз темыкIами, зауэм хэкIуэдахэм, фэбжь хахауэ къыхэкIыжахэм, тылым щылэжьахэм я фэеплъыр яхъумэну, ящымыгъупщэжыну. Хэку зауэшхуэм и ветерану нобэ къынэсар мащIэ дыдэщ. 1980 гъэхэм къуажэ Советым сыщылажьэм Зеикъуэ, Куэш-Хьэблэ, Ботэщей къуажэхэм зауэм хэтауэ нэрыбгэ 228-рэ дэсащ, нобэ псэууэ зыри дунейм тетыжкъым. Я мащэр Тхьэм нэху ищI Псэууэ зауэм къыхэкIыжахэр IэнатIэ хьэлъэ пэрыувахэщ: псэукIэр зэфIэгъэувэжыным, бынхэр зыхуей хуэгъэзэным. Сэ зэрысцIыхужымкIэ, ахэр цIыху хьэлэлу, гущIэгъу яхэлъу щытащ. Я быным хуэдэ къабзэу япылът ибэу къэнахэм, зи адэ зауэм хэкIуэдахэм. Нэхъыжьхэм дызрашалIэти, къыдэущиет, лэжьэгъу дыздащIт, шхынкIэ, щыгъынкIэ къытхуэсакът. Ди ныбжь щIалэ цIыкIухэр абыхэм ягъусащ IумпIэIыгъыу, прицепщикыу. Лэ-жьыгъэ хьэлъэм дыщахъумэт, дызэреджэн хуейр къыддаIыгът.
Губгъуэм дыщиткIэ зэи ди ныбэ дыхуагъэныкъуэтэкъым, къытхуэсакът. Гъаблэр къыщыттеуами, ахэращ дыкъезыгъэлар. ЦIыхур зэхуэфIт, зэхуэгъэкIуатэ яку дэлът. ЗэгурыIуам хуэдэу, унагъуэ дэхуэхам зыщIагъакъуэт.
IэнатIэшхуэ зыIыгъми и гур хуэмыгъуэт зэтехуа, хуэмыщIа цIыхум. И IэнатIэм ирикъейтэкъым. Си щхьэкIэ срихьэлIащ мы къыкIэлъыкIуэ хъыбарым.
… Гъунэгъу сиIащ Щауэхэ Ахьмэдрэ Мулидрэ. Мулид-нанэ Инжыджышхуэ къуажэм щыпсэу Мэремыкъуэхэ япхъут. Абы дэлъху иIэт Хьэсин и цIэу. Ар зауэм къелат, IэнатIэшхуи пэрагъэуват. Зы тхьэмахуэ дэмыкIыу и шыпхъум деж ар лъагъунлъагъу къакIуэт. Мулиди и дэлъхум щыгуфIыкIыпэти, адыгэ шхыныгъуэхэр иригъэшхт, щыкIуэжкIэ гъуэмылэу шэ, шху, кхъуей иритт. Мулид и дэлъхур къыщыкIуэнур и псэм ищIэт, уэрамым къыдэкIти ежьэт.
Зы махуэ гуэрым Хьэсин и шыпхъум деж къэкIуащ Къардэн Мурат (Совет Союзым и ЛIыхъужьращ), Агыр-бэ Рэшид, Шурдым Кушыку сымэ и гъусэу. Абыхэм яку ныбжьэгъугъэ быдэ дэлът. Агырбэ Рэшид зауэм къыдыхэтауэ ди хьэблэдэс Щауэ Хьэсини кърихьэлIат.
Мулид лъэтэным хуэдэу псынщIэ хъуат и Мамыху (арат и дэлъху Хьэсин анэцIэу иIэр) и ныбжьэгъухэр и гъусэу къызэрыкIуам щхьэкIэ. Адыгэ шхыныгъуэу къахуимыIэта щыIакъым апщыгъуэм. ЩIалэхэри уэршэру, хъыбар яIуатэу куэдрэ зэхэсащ.
ХьэщIэхэр ежьэжыну заIэтыжауэ, уэшхышхуэ къыщIидзащ, уэ пIащи хэту. Ар зэрызэпыууэ, Мулид ди деж-кIэ кърекIуэкIащ уэм зэран къыдищIылIамэ къищIэн пап-щIэ. Ди анэр гъыуэ дэкIуеипIэм тесу хуэзащ. Унащхьэм дэплъеямэ, шабзэм кIуэцIрихам хуэдэу, гъуанэ хъуат. Ди хьэблэм ди унэ закъуэрат шифер зытелъри, зэхикъутат. Ди анэр игъэудэIужри, Мулидхэ я дежкIэ ирекIуэкIыжащ. Абы хьэщIэхэм яжриIащ гъунэгъум и унэм къыщыщIар.
ЩIалиплIри ди пщIантIэм къыдыхьэри, Iуэхур зыIутыр зрагъэлъэгъуащ.
— Умыгужьей, ди шыпхъу. Пщэдей нэхъ пIалъэ имыIэу зэдгъэзэхуэжынщ, — жаIэри дэкIыжахэщ.
ЕтIуанэ махуэм къытхурагъэшащ унащхьэм хурикъун къэнжал, лъэгум итлъхьэн, щIымахуэм дгъэсыну тхурикъун фIамыщI жэуэ.
Ди анэр дунейм тетыхункIэ а щIалэхэм фIы къайхъулIэну Тхьэм яхуелъэIуащ. ЛъэIур Тхьэм ищтауэ къыщIэкIынщ. ЦIыхуфIт ахэр.
МОЛЭ Рэшид
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.