ГукъэкI щIагъуэхэр ягъэбагъуэу

Бзэр лъэпкъым и псэщ, бзэр лъэпкъым и дамэщ, жаIэ. Ар пфIэкIуэдамэ, ущымыIэж пэлъытэщ. Ауэ ар къэбгъэIурыщIэмэ, лъагэу уиIэтынущ, уздынимыхьэсын щIыпIи щыIэжкъыми, дамэ щIэхъужыр аращ. Ауэ сыту Iуэхушхуэ-тIэ къыпщIэувэ щIэблэм илъэс мин лъандэрэ лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ бзэр Iурылъхьэжын хуейуэ, ар абы къызэрищтэн, лъагъуныгъи зэрыхуищIын Iэмал къэплъыхъуэу щытыкIэ уитыныр… Бзэр кIуэдынкIэ шынагъуэ зэрыщыIэм и гурыгъузыр гуащIэу иджыри къэс абы ирилажьэхэмрэ иригумэщIхэмрэ зыхащIэу щытамэ, ар адэ-анэхэми къагурыIуэ хуэдэу хъуащ, къулыкъущIэхэри ирипсалъэу хуежьащ.
Анэдэлъхубзэм гузэхэщIэ хуаIэу щIэблэр къэгъэтэджыным хуаунэтIащ иджыблагъэ Къэбэрдей-Балъкъэрым егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэкIэ и Министерствэм егъэджакIуэхэм я Iэзагъымрэ щIэныгъэмрэ зэпымыууэ хэгъэхъуэнымкIэ и центрымрэ Дунейпсо Адыгэ Хасэмрэ зэщIыгъуу къызэрагъэпэща хэгъэгупсо щIэнIуатэр.

Ар теухуат лъэпкъыбэу зэхэт къэралым щызекIуэ анэдэлъхубзэхэр хъума хъун папщIэ курыт еджапIэм и пщэ къыдэхуэ Iуэхугъуэхэр егъэфIэкIуа, щыIэ щIэныпхъэхэмрэ егъэджэкIэ Iэмалхэмрэ иджырей егъэджэныгъэ мардэхэм къитIасэу, атIэми ныбжьыщIэхэм ар гъэщIэгъуэн къащыхъуу бгъэдэлъхьа зэрыхъуным. ЩIэнIуатэм кърихьэлIащ адыгэбзэмрэ литературэмрэкIэ егъэджакIуэхэр, КъБКъУ-м и лэжьакIуэхэр, щIыналъэхэм егъэджэныгъэмкIэ я IуэхущIапIэхэм щIэныпхъэмкIэ и IэщIагъэрылажьэхэр, курыт еджапIэм щIэс ныбжьыщIэхэмрэ студентхэмрэ, жылагъуэ лэжьакIуэхэр.

Апхуэдэу щIэнIуатэм и лэжьыгъэм пэIудзауэ хэтащ Къэрэшей-Черкесым адыгэбзэмрэ литературэмрэкIэ и егъэджакIуэ 40-м нэблагъэ. ЗэрытщIэщи, курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэр зэрылажьэ программэхэм зэхъуэкIыныгъэ куэд ягъуэтащ. Сыхьэт бжыгъэхэр зэрагъэмэщIам къыдэкIуэу, дерсхэр зэрырагъэдж щIыкIэми хэпщIыкIыу зихъуэжащ. А зэхъуэкIыныгъэхэр къалъэIэсащ анэдэлъхубзэхэми. Къызэхуэсахэр бзэм иIэ хъуа щытыкIэм зэрырипIейтейр къапщIэу, ар зэрырагъэдж тхылъхэм я гъэпсыкIэм, егъэджыкIэ Iэмалхэм, программэ ухуэкIэхэм ирипсалъэрт. ГурыIуэгъуэт егъэджакIуэхэм дэIэпыкъуэгъу яхуэхъун псалъэрэ гъуазэрэ къызэралъыхъуэр. Абы и IуэхукIэ щIэнIуатэр игъуэу зэхуашэсауэ къэплъытэ хъунущ.

ЩIэнIуатэм и щIэдзапIэм къэпсэлъа, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий къызэхуэсахэм псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ икIи егъэджакIуэхэм фIыщIэ яхуищIащ лъэпкъым дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ IэнатIэм ягури я псэри етауэ зэрыпэрытым, бзэр щIэблэм егъэщIэным гуащIафIэу зэрытелажьэм папщIэ. «Сыт хуэдиз псалъэ дахи егъэджакIуэхэм щхьэкIэ пхужыIэнущ. Ауэ ахэр зэи щыз хъуну къыщIэкIынкъым, щыIэныгъэм лъэпкъыр хэмыкIуэдэжу къызэтенэнымкIэ абыхэм я гуащIэ къихь лэжьыгъэр зыхуэдизыр къыумылъытауэ. ЕгъэджакIуэу ущытыныр щытынша къэхъуакъым. АрщхьэкIэ анэдэлъхубзэр ебгъэджыныр дапщэщи гугъуу къекIуэкIащ. ЕджапIэм щадж адрей дерсхэмкIэ къэралыр щIэгъэкъуэнышхуэ мэхъу. Щэ бжыгъэкIэ щIэныпхъэхэр зыдж институтхэр яIэщи, программэхэр зэхагъэувэ, класс къэс зэреджэну тхылъ зэмылIэужьыгъуэхэр зэхалъхьэ, абыхэмкIэ дэIэпыкъуэгъу хъуну егъэджыкIэ Iэмалхэр къызэкIэлъагъакIуэ. АнэдэлъхубзэмрэкIэ егъэджакIуэхэм яIэ дэIэпыкъуныгъэр нэхъ мащIэщ. АтIэми тхузэфIэкIащ адыгэбзэмрэ литературэмрэкIэ тхылъхэр къэралым и жыпхъэм идгъэувэу и реестрым хэдгъэхьэн, абыхэм къызэщIаубыдэ Iуэхугъуэхэр иджырей гъащIэм нэхъ гъунэгъу хуэтщIын. Сыт хуэдиз гугъуехь пымылъми, егъэджакIуэ гуащIафIэм и фIыгъэкIэ а мащIэр екIуу щIэблэм я деж нехьэсыф, щIэщыгъуэ ящищIурэ ябгъэделъхьэф. ДяпэкIи дыкъуэтынущ анэдэлъхубзэр зи IэщIагъэм, я пащхьэ къиувэ Iуэхугъуэ зэхэмыбзхэр зэрызэблэдгъэкIын хэкIыпIэхэр зэрыхъукIи къэдгъуэтынущ. ЩIэнIуатэм кърихьэлIахэм гупсысэ гъэщIэгъуэнхэр щызэхэфхыну, ахэр фи IэнатIэм къыщыщхьэпэн защIэу къыщIэкIыну ди гуапэщ», – жиIащ Сэхъурокъуэ Хьэутий. АдэкIэ псалъэр иратащ щIэнIуатэм и къызэгъэпэщыныр зи пщэ дэлъахэу Центрым адыгэбзэмкIэ и лабораторием и унафэщI, ДАХ-м и тхьэмадэм и къуэдзэ Щоджэн Iэминатрэ «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ, ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм и тхьэмадэ Табыщ Муратрэ. Щоджэн Iэминат къызэхуэсахэм лабораторием и лэжьыгъэм убгъуауэ яхутепсэлъыхьащ икIи адыгэбзэр курыт еджапIэхэм зэрыщрагъэдж Iэмалхэр нэхъыбэ щIыным и IуэхукIэ къыхалъхьэ жэрдэмхэм я гугъу ищIащ. «Курыт еджапIэм адыгэбзэмрэ литературэмрэ я IуэхукIэ щекIуэкI лэжьыгъэфIыр псоми зэлъащIысын хуейуэ къыдолъытэ. Абы къыхэкIыу, щIыпIэхэм апхуэдэ лэжьыгъэр къэтхутэну докIуэ, нэхъыфIхэр хэгъэгупсо икIи къэралпсо зэхьэзэхуэхэм хыдогъэхьэ. А Iуэхугъуэхэм я лъабжьэ щIэлъ щIэныпхъэхэр нэхъыбэм егъэщIэным хуэунэтIащ ди щIэнIуатэр. Сыщогугъ ди жэрдэмым и щхьэпэ къывэкIыну, лэжьыгъэфIи къетхьэлIэну», — жиIащ Щоджэн Iэминат. Табыщ Мурат къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ егъэджэныгъэм тегъэщIапIэ ищI къэрал хабзэхэм къинэмыщIауэ, ирагъэджыр цIыкIухэм я деж щынахьэскIэ, зэрыгъуэзапхъэхэр, концепциекIэ зэджэр, зэрыщыIэр.

Абы кIэщIу къиIуэтащ дэтхэнэ егъэджакIуэми адыгэбзэмрэ литературэмрэкIэ программэр щагъэзащIэкIэ, лэжьыгъэр зытещIыхьыпхъэ Iуэхугъуищыр: еджакIуэм и зэхэщIыкIым зиужьыным хуэгъэпсауэ, дерсхэм я зэхуаку дэлъ зэпхыныгъэр къилъытэу, бзэмрэ литературэмрэ дунейм щекIуэкI Iуэхугъуэхэм ешэлIауэ щытын зэрыхуейр. Ахэр къыбдэхъун щхьэкIэ лэжьыгъэм лъэбакъуэу хэпчэн хуейхэр Табыщым къызэхуэсахэм яхузэпкърихащ. ЩIэнIуатэм Iуэхугъуэ зыбжанэ къыщаIэтащ. Абдеж щытепсэлъыхьащ дерсым и кIуэцIкIэ къыщаIэт Iуэхугъуэ щхьэхуэхэр цIыкIухэм зэрыбгъэдалъхьэ щIыкIэхэм, щызэрахьэ Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэм, щрагъэкIуэкI проект лэжьыгъэхэм. КъинэмыщIауэ, егъэджакIуэхэм мастерклассхэр къызэхуэсахэм ирагъэлъэгъуащ. Апхуэдэу иригъэкIуэкI лэжьыгъэмкIэ щIэнIуатэм кърихьэлIахэм ядэгуэшащ Белокаменскэ (Псыншокъуэ) къуажэм дэт курыт еджапIэм адыгэбзэмкIэ и егъэджакIуэ Къэшэж Назирэт, Акъбащ Ипщэ (Астемырей) къуажэм дэт курыт еджапIэм адыгэбзэмкIэ и егъэджакIуэхэу Тэркъан Натальерэ ШэкIыхьэщIэ Ленэрэ, Нарткъалэ дэт, зи №6 курыт еджапIэм хэт сабий гъэсапIэм и гъэсакIуэ СтIащ Симазэ, Налшык къалэм дэт зи №14 гимназием адыгэбзэмрэ литературэмрэкIэ и егъэджакIуэ Табыщ Динарэ сымэ. ЛитературэмкIэ ебгъэкIуэкI хъуну мастер-классым и зы щапхъэ щIэнIуатэм хэтхэм яригъэлъэгъуащ Щоджэн Iэминат.

Интернетымрэ иджырей технологие IэмалхэмрэкIэ щIэблэм и гупэр адыгэбзэм зэрыхуэбгъэзэфынум тепсэлъыхьащ Налшык къалэм дэт, зи №4 гимназием и еджакIуэ Мамхэгъ Алимрэ КъБР-м дерс унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр хуэгъэпса гимназием и еджакIуэ Къуэдзокъуэ Идаррэ. ЕкIуэкIа лэжьыгъэр щIагъуэщ жыпIэныр мащIэIуэу къыпщохъу, ар зыхуэунэтIауэ щыта бзэм хуэщIын хуей гулъытэм ущегупсыскIэ. Апхуэдэу щытми, псы цIыкIухэр зэхэлъэдэжурэщ псышхуэр къызэрыхъури, дыщогугъ анэдэлъхубзэхэм гукъэкI дахэ хуэзыщI апхуэдэ жэрдэмхэр нэхъыбэ хъуну, щIалэгъуалэр анэбзэм гъунэгъу хуэзыщI пэхуэщIэхэр щIэх-щIэхыурэ утыку къихьэну.

ШУРДЫМ Динэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *