Гухэлъ мафIэр мыужьыхыу

Черкесск къалэм дэт къэрал филармонием щагъэлъэгъуащ «Смерть победившие» спектакль гъэщIэгъуэныр. Теплъэгъуэр зыгъэхьэзырар Хьэбэз районым щыIэ «Нэмыс» театр гупращ. Ар траухуащ ТекIуэныгъэм и Илъэс 80-м. Абы и режиссёру уващ КъЧР-м и цIыхубэ артист КIэдэкIуей Артур.

Абы пьесэм лъабжьэ хуищIар беларус тхакIуэ Быков Василь 1963 гъэм и Iэдакъэ къыщIэкIа «Альпийская баллада» повестращ. Тхыгъэм къызэретхэкIамкIэ, Хэку зауэшхуэм щыгъуэ Альпыбгхэм щызэрехьэлIэ нэмыцэIуэм къыщIэпхъуэжын зылъэкIа беларус зауэлI Иванрэ урым пщащэ Джулиерэ. Иван и гъуэгур къуэкIыпIэмкIэ щылъщ, пщащэм итальян ТриестэмкIэ иунэтIын хуейщ.

АрщхьэкIэ, бзылъхугъэр и закъуэ гъуэгу техьэн мэшынэри, Иван и гъусэу макIуэ. Апхуэдэу, нэмыцэхэр къызыкIэлъеуэ щIалэмрэ хъыджэбзымрэ махуищкIэ Альпыбгхэм щызэхэзекIуащ, ауэ, жагъуэ зэрыхъущи, фашистхэр абыхэм къалъэщIыхьащ.

Адыгэ щIалэр хабзэ епцIыж хабзэкъыми, Джулие кърегъэлри, езыр фашистхэм япэщIоувэ… Гъаблэмрэ нэмыцэIуэм щрагъэщIа лэжьыгъэ гугъухэмрэ къарууншэ дыдэ ищIа Иванрэ Джулиерэ Хэкум, щхьэхуитыныгъэм, езы гъащIэм хуопабгъэри, аращ Iэмал къайзытыр я гъуэгум хагъэщIыну. Абы къыдэкIуэу, повестым дахащэу къыщыгъэлъэгъуащ Альпыбгхэм я щIыуэпс гъуэзэджэр: зэманри зауэри къызыпекIуэкIыу къыпщыхъу щIыпIэ нэгъэгуфIэр. Гъэру щытагъитIым зэдашэча гуауэхэм, щIыуэпс дахащэм я псэхэр зэгъунэгъу ящIри, фIылъагъуныгъэ я гум къредзэ…

Мыбдеж къыхэгъэщыпхъэщи, авторым къигъэлъэгъуэну хуеяуэ къыщIэкIынщ зауэ, гугъуехь зэманми цIыхупсэр дахагъэм, фIым, фIылъагъуныгъэм зэрыхущIэкъур. Мис апхуэдэ хъыбар гуузыр КIэдэкIуей Артур ди нобэм, ди театреплъхэм я пащхьэ яфIэгъэщIэгъуэн зэрыхъуным хуэдэу кърихьащ. Ар зэрылъэкIар дауэ жыпIэмэ, Быковым и бынхэм кърата хуитыныгъэмкIэ, режиссёрым беларус щIалэр адыгэ зауэлIу къигъэлъэгъуащ.

Апхуэдэ бгъэдыхьэкIэм, пэж дыдэу, спектаклыр икъукIэ еплъыгъуафIэ тхуищIащ. ЗауэлIыр – ар Iэдэмщ – Джулие зэрепсалъэр урысыбзэщ. Пэжщ, пщащэм тынш дыдэу ар къыгурыIуэкъым, ауэ я гупсысэхэр зэраIуэтылIэф. Абыхэм я зэпсэлъэныгъэхэр гъэщIэгъуэн щыхъур Iэдэм адыгэбзэкIэ зыгуэрхэр къыщызыпхидзкIэщ.

Уеблэмэ мыпхуэдиз гуауэрэ шынагъуэрэ зыпыщIа хъыбарым Iэдэм адыгэбзэкIэ къыжьэдэкI жыIэгъуэхэм комедие зыхэлъ дакъикъэхэр къагъэщI: сыт хуэдэ щытыкIэ гугъу цIыхур имытами, гушыIэм и щIыпIэ сыт щыгъуи егъуэтыж. ДызэреплъымкIэ, ар режиссёрым и къыхэлъхьэныгъэфI хьэлэмэтыщэщ, спектаклым нэхъри псэкIэ укIэрызышэщ. Iэдэмрэ Джулиерэ я ролхэр зыгъэзэщIар Адзын Мадинэрэ Адэмокъуэ Ахьмэдрэщ.

Зэуэ жытIэнщи, а тIум къагъэлъэгъуэж образхэр куууэ зэрызыхащIэр наIуэ пщащI спектаклым ущеплъкIэ. ХьэкIэкхъуэкIагъэхэр зи нэгу щIэкIа, ауэ зи псэр къабзэу, цIыхугъэр зыгъэнэхъапэу къэнэн зылъэкIа Iэдэмрэ Джулиерэ я ролхэр актёрхэм нэгъэсауэ къатIэщIауэ къыдолъытэ. Абыхэм япэщIэбгъэувэ хъун образи хэтащ мы спектаклым. Абы гъаблэм, гугъуехьым, шынэм и цIыху теплъэр ягъэкIуэдащ. Фашистхэм я бзэгузехьэу джэгу Хутэ Артур умыгъэщIэгъуэныр Iэмалыншэщ.

Абы и ролым псалъэ щIагъуэ хэмытами, Хутэм лъэкIащ и персонаж бзаджэнаджэм и теплъэр, и къэрабгъагъэр IупщI дыдэу утыку кърихьэн, театреплъхэм захригъэщIэн. Спектаклым роль зэхуэмыдэхэр нэгъэсауэ щагъэзэщIащ Жэмырзэ Iэдэм, Жумай Алий, Даур Аня, ТхьэкIумашэ Расул, Борсэ Белэ, Гочияевэ Земфирэ, Хьэмыкъуэ Ленэрэ Азэмэтрэ, Лъыс Инессэ, Туаршы Оксанэ, Шэрджэс Мадинэ, Туаршы Амир, Аргун Беслъэн сымэ. ЖыпIэнурамэ, мы теплъэгъуэм щыджэгуахэм актёр IэщIагъэм хуеджауэ яхэтар Адзын Мадинэщ… Спектаклыр иуха нэужь, залым щIэса псоми актёрхэри режиссёрри Iэгуауэ макъ инкIэ яIэтащ, «Афэрым!» псалъэр бжыгъэрэ хужаIащ.

ГЪУКIЭКЪУЛ Иринэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *