Хэку зауэшухэм ди къэралым ТекIуэныгъэр къызэрыщилъэщрэ илъэс 80 ирикъунущ мы гъэм. ЦIыхубэм и псэемыблэжыныгъэкIэ къэлъэща ТекIуэныгъэм уасэу щIатам и инагъыр нобэ псэу куэдым къагурыIуэкъым. АбыкIэ ахэр бгъэкъуаншэ хъуну къыщIэкIынкъым: ахэр щIалэщ, Хэку зауэшхуэр зи нэгу щIэкIауэ къытхэтыжри мащIэ дыдэщ. Арами, дэтхэнэми ди къалэнщ а махуэ дыджхэр зыщыдмыгъэгъупщэу ди щIэблэм янэтхьэсыныр, абыхэм зауэр зищIысыр, нацизм, фашизм хуэдэ къэхъугъэхэм яхэлъ псэгъэкIуэд купщIэр къагурыдгъэIуэныр. АбыкIэ IэмалыфIщ ди лъэпкъым щыщ лIыхъужьхэу мы зауэжьым хэтахэм я хъыбар гъэщIэгъуэнхэм щIэблэр щыдгъэгъуэзэныр.
ЖыIэпхъэщи, фронтым Iуту зэуа зауэлIхэм къанэмыщIауэ, мыдэкIэ тылым къэна бзылъхугъэхэми, сабийхэми, лIыжь-фызыжьхэми ялъэкI къагъэнакъым ТекIуэныгъэр къэгъэгъунэгъунымкIэ…
Хьэбэз къуажэм щыщ, жьыщхьэ махуэ дахэ хъуа ГЪУЭЗДЖЭШ Лолэ зи сабиигъуэр Хэку зауэшхуэ пIалъэм хиубыдахэм языхэзщ. Лолэ Зеикъуэ къуажэм къыщыхъуащ, абы и ныбжьыр илъэс 13-м итт 1941 гъэм Хэку зауэшхуэм щыщIидзам.
Зауэр щIимыдзэ щIыкIэ унагъуэм зы гуауэ къытегуплIагъэххэт: Лолэ илъэси 6 фIэкI мыхъуу, и анэм дунейр ихъуэжащ. Иужьым, и адэри адэ къуэшри фронтым Iухьащ, Лолэрэ и дэлъху нэхъыщIэ цIыкIумрэ нанэм щIыгъуу пщIантIэм къыдэнащ.
Сыт Iэмалт: балигъхэм закъыкIэримыгъэхуу пщащэ цIыкIум губгъуэм гугъу зыщригъэхьт, унагъуэм яшхын яIэн папщIэ. Сабийр бзылъхугъэхэм ящIыгъуу (жыIэпхъэщи, абыхэми цIыхухъум тегъэпсыхьат ялэжьыр) сыт хуэдэ лэжьыгъэ хьэлъэми пэрыувэт: ахъшэ щыIэтэкъыми, махуэм, псалъэм папщIэ, кIэртIоф пэгуну Iуихыжам техуэу езыми кIэртIоф гуэр къылъыст.
Гъаблэри щIыIэри къызэрызэринэкIым щхьэпэ хуэхъур зыт – гугъапIэрат: ТекIуэныгъэр цIыхубэм къилъэщу, зауэжьыр иухыу, адэр унагъуэм къекIуэлIэжынрат.
— Апщыгъуэм ди нэгум щIэкIар жыпIэкIи пхуэIуэтэнкъым. Нэмыцэр Зеикъуэ къыщыдыхьам ди Iуэхур нэхъ Iеиж хъуат: сыту жыпIэмэ, гуэгуши, джэди, къази зэщIащыпэт, жэмхэр дахут, унэхэм щIыхьэурэ фо нэгъунэ ящтэт, унагъуэхэр шхыныншэу къанэт.
ИкIуэтыжын щыхъуами, лъэмыжыр къагъауэри, абыкIи гугъу дехьащ.
ИужькIэ ПсыкIэху деж кхъухьлъатэр къытхэуауэ щытащ. Ар къыщыхъум, ди хьэблэр псори дызэхуэсауэ тетIысхьэпIэм дыщызэхэтт, унэхэм къытхэуэнущ жытIэри дыгузэвауэ. АрщхьэкIэ ар «Америкэм» и къухьлъатэт: нэмыцэ икIуэтыжхэм ПсыкIэху деж къахэуауэ арат. Абыхэм къащыщIари шынагъуэщ, хьэлэчыр къахилъхьащ. Си нэм илъэгъуам ухуейкъым! – и гум гуауэр къызэрыщыдэвеижым гу лъыптэу жеIэж Лолэ мы хъыбархэр.
Жагъуэ зэрыхъущи, Хэку зауэшхуэр унагъуэм щыщ псоми къызэранэкIыфакъым: Лолэ и дэлъху цIыкIум унагъуэм пхъэгъэсын къахуихь пэтрэ, пхъэ закъуэ лъэмыжым щикIым ехъулIэу, и лъакъуэр щIэцIэфтщ, псы ежэхым хэхуэри, итхьэлащ.
Зауэр щиухым, ТекIуэныгъэр зи IэмыщIэу къэзыгъэзэжа адэм и къуэм хуэзэжын лъэкIакъым…
Мыпхуэдэ хъыбархэр щызэхэпхыжкIэ, уи гум зехуз: дауэрэ сабийхэм апхуэдизыр яшэчыфа, сыт хуэдиз шынэрэ гугъуехьрэ абыхэм я псэм зыхищIа!
А гупсысэм пэджэж хуэдэщ Лолэ: «Тхьэм дэ тлъэгъуам хуэдэ иджы псэу сабийхэм, цIыху-бэм зэи яримыгъэлъагъукIэ!»
Тхыгъэм и пкъым изыгъэувар
ЧЫРБЫЖ Иринэщ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.