ГуащIэрылажьэм  и хьэлэмэтыр

КъЧР-м гуащIэдэкIымрэ социальнэ зыужьыныгъэмрэкIэ и Министерствэм и жэрдэмкIэ, Черкесск къалэм форумышхуэ щызэхэтащ. Ар зытеухуауэ щытар гуащIэдэкI шынагъуэншагъэмрэ ар къызэгъэпэщыным ехьэлIа лъэныкъуэхэмрэщ.

Форумыр къызэIуихащ КъЧР-м и Правительствэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Суюнов Джанибек. Къызэхуэсахэм фIэхъускIэ захуигъэзащ, фIыщIэ яхуищIащ Краснодар крайм къикIа хьэщIэхэм, гуащIэрылажьэ гупу, цIыху щхьэхуэу, зыщылажьэхэм я лIыкIуэу гуащIэдэкI зэIущIэшхуэм къекIуэлIа дэтхэнэми. ГуащIэдэкI шынагъуэншагъэмрэ гуащIэрылажьэр хъумэнымрэ я мыхьэнэр зэрылъагэр къыхигъэщащ Суюнов Джанибек. А псалъэхэм япэджэжу, ЩIыхь, ФIыщIэ тхылъхэр яхуигъэфэщащ «Лучший специалист в области охраны труда» номинацэ зэхьэзэхуэм щытекIуахэм. Хъуэхъу, Iэгуауэ инкIэ яIэтащ щIыхь утыкум ирашахэр. Форумыр хуабжьу игъэбжьыфIащ «Техноавиа-Краснодар» ООО-м. Абы утыкум кърихьащ гуащIэдэкI зэхуэмыдэхэм тегъэпсыхьа щыгъын хэхахэр. Ахэр — шынагъуэншагъэм, тыншыгъуэм тегъэпсыхьащ икIи абы гу лъатэу, набдзэгубдзаплъэу зэпаплъыхьащ форумым хэтахэм. Щыгъынхэр зэрытыншым къыщымынэу, зэрызэгъыр, зэрыкъулейр утыкум къихьэурэ ягъэлъэгъуащ Черкесск къалэм дэт индустриально-технологическэ колледжым и студентхэм. «Техноавиа-Краснодар»-м и студентхэми фIыщIэ ин хуащIащ икIи форумым хуащIа я хэлъхьэныгъэр ЩIыхь тхылъкIэ къыхагъэщащ.

Форумыр егъэкIуэкIыным зыкъыщIэзыгъэкъуа «АНСАРА» псапащIэ фондри, республикэ филармонием и унафэщI Бэрокъуэ Рэмэзани ФIыщIэ тхылъкIэ къыхагъэщащ. Форумым къыщыпсэлъащ республикэм гуащIэдэкIымкIэ и Къэрал инспекцэм и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Биджиев Руслан. Ар къытепсэлъыхьащ илъэс кIуам къриубыдэу республикэм къыщыщIагъэща гуащIэдэкI хабзэкъутэныгъэхэм, къэхъуа гуауэхэм, абыхэм гуащIэрылажьэхэм хаха хэщIыныгъэхэм, Iуэхухэр зэрызэрагъэзэхуэжа кIуэрабгъухэм.

Страхованэ къулыкъум и IэщIагъэрылажьэ Хъупсырокъуэ Анзор къытепсэлъыхьащ гуащIэрылажьэм и шынагъуэншагъэм, зыгуэр къыщыхъум деж абы хабзэкIэ санаторэ, курорт жыхуэпIэхэм хуэдэу лъысыпхъэ хуэIухуэщIэхэм, гуащIэдэкI шынагъуэншагъэм пэрытым иIэпхъэ хуэгъэкIуэтэныгъэхэм. «Техноавиа-Краснодар» ООО-м и IэщIагъэрылажьэ Панюковэ Дарье и къэпсэлъэныгъэр триухуащ гуащIэдэкI хабзэкъутэныгъэ къэзыгъэхъуам ехьэлIа административнэ, уголовнэ жэуаплыгъэм.

АдэкIэ форумым и лэжьыгъэм пищэкIэрэ, республикэм и район къэс къабгъэдэкIа социальнэ къулыкъухэм утыкур хуит хуащIри, щэнхабзэ, гъуазджэ жыджэрагъкIэ зэхьэзэхуащ.

Апхуэдэ Iуэхум хэлэжьыхьахэри, бжьыпэр къэзыхьахэри саугъэтхэмкIэ, ЩIыхь тхылъхэмкIэ ягъэгушхуащ, КъЧР-м гуащIэдэкIымрэ социальнэ зыужьыныгъэмрэкIэ и министр Хачиров Исмэхьил и щхьэкIэ яхъуэхъуащ, зэхьэзэхуэм и нэхъыфIу къыхэщахэм, саугъэт, ЩIыхь тхылъхэри яхуигъэфэщащ.

Форумым и сыт хуэдэ лъэныкъуэми егупсысауэ, жэуаплыгъэ лъагэ пылъу къызэгъэпэщакIуэхэр бгъэдыхьащ. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм урегъэгупсыс гуащIэдэкI шынагъуэншагъэри къызыхуэтыншэу къызэгъэпэща хъунымкIэ республикэ властым Iэмал псори зэрихьэу. Къэнэжыр гуащIэрылажьэр езыри и щхьэ хуэсакъыжын, шынагъуэншагъэ хабзэхэр игъэзэщIэнращ.

ТУАРШЫ Ирэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *