ГуащIэрылажьэхэр ягъэлъэпIащ

Накъыгъэм и 1-р — гуащIэрылажьэхэм я Махуэр, ди хэгъуэгум щагъэлъэпIащ. МахуэщIым ипкъ иту Черкесск къалэм гуфIэгъуэ пэкIу щекIуэкIащ. Абы кърихьэлIащ цIыху мини 3-м щIигъу. ДэнэкIи щызэхэпхынут мамырыгъэм, гуащIэдэкIым, ТекIуэныгъэшхуэм ятеухуа уэрэдхэр.

Республикэм и унафэщIхэм къабгъэдэкIыу, къызэхуэсахэм хъуэхъу псалъэкIэ захуигъэзащ КъЧР-м и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) аграрнэ политикэмкIэ, дунейм и хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэнымрэ къэгъэсэбэпынымрэкIэ и комитетым и пашэ Власенко Наталье. Ар къытепсэлъыхьащ махуэщIым и нагъыщэ хъуам — гуащIэдэкIым пщIэ хуэщIыным, лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм, мамырыгъэм хущIэкъуным, Хэкур егъэфIэкIуэнымрэ зегъэужьынымрэ.

Власенко жиIащ нобэ ди къэралыр гъэунэхуныгъэ, экономикэ щытыкIэ ткIийм зэритыр, хэгъуэгухэм мыхьэнэшхуэ зиIэ къалэнхэр къазэрыхуэувыр, арами, Урысейм и гуащIэрылажьэ жыджэрхэм, Къэрэшей-Черкесым щыпсэухэри яхэту, я лэжьэкIэфIым, я ехъулIэныгъэм я фIыгъэкIэ ди къэралым и экономикэр зэрызэпIэзэрытыр.

АдэкIэ цIыхухэм яхъуэхъуащ Урысейпсо ЦIыхубэ фронтым и хэгъуэгу исполкомым и унафэщI Каппушевэ Людмилэ, республикэм и жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лъэпкъыбэ Советым и тхьэмадэ Казаков Валерий, Черкесск къалэ клиническэ сымаджэщым и дохутыр нэхъыщхьэ Аслъэныкъуэ Альбинэ, къалэм и ветеранхэм я Советым и пашэ Печуро Надеждэ, КъЧР-м и профсоюзхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Айбазовэ Раисэ, нэгъуэщIхэри.

Къэпсэлъахэм мамыр гъащIэм дызэрыщыпсэур зи фIыщIэ ветеранхэм щIыхь хуащIащ икIи жаIащ Хэку зауэшхуэр ди текIуэныгъэкIэ зэриухрэ мы гъэм илъэс 80 зэрырикъур ди къэралым Iэтауэ зэрыщагъэлъэпIэнур. Абыхэм псом хуэмыдэу псалъэ гуапэхэр хужаIащ адэжьхэм я лIыхъужьыгъэр зыгъэщыпкъэу, Хэкум и хьэлэмэтхэр зыхъумэу, зауэ операцэ хэхам хэт ди къулыкъущIэхэм икIи узыншэу я унагъуэхэм къихьэжыну зыхуагъэзащ.

МахуэщIыр ягъэдэхащ республикэм и артистхэмрэ и творческэ гупхэмрэ.

ИужькIэ махуэщIым хэтахэр ирагъэблэгъащ «ХытIыгу ЩхъуантIэ» зыгъэпсэхупIэм.

Абдеж махуэщI дауэдапщэхэр щызэхэтащ.

ДЗЭМЫХЬ Маринэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *