ГуащIэдэкI пэжкIэ гъэнщIауэ

Республикэм и къалащхьэм дэт щэнхабзэмкIэ Унэм тхьэмахуэ кIуам щагъэлъэпIащ Черкесск къалэ хьэкум къулыкъур къызэрагъэщIрэ илъэс 80 зэрырикъуар. МахуэщI дауэдапщэм хэтащ къудамэм щылажьэ хьэкумыщIэхэр, къулыкъум и лэжьакIуэ, IэщIагъэлI зэхуэмыдэхэр, ветеранхэр.

Къыхэгъэщыпхъэщ зы щытыкIэ хэIэтыкIа — Черкесск къалэ хьэкум къулыкъум и илъэс 80-р техуащ ди къэралым ТекIуэныгъэ Иныр къызэрихьрэ илъэс 80 щрикъум, Къэрэшей-Черкес Республикэм и къалащхьэм и илъэс 200-м. Къулыкъум и гуащIэдэкI илъэс 80-м ирагъэплъэжкIэрэ, документальнэ фильм къагъэлъэгъуащ, хьэкум къулыкъум и къекIуэкIыкIам къытепсэлъыхьащ. — Илъэс 80… Ар ди къалэмкIи, урысей хьэкум бэзымкIи тхыдэ гъуэгущ. А илъэсхэр гъэнщIащ псэемыблэж лэжьыгъэкIэ, жэуаплыгъэ лъагэкIэ, пэжыгъэкIэ, икъраркIэ Хабзэм къулыкъу хуэщIэным, — щыжаIащ утыкум. А псалъэхэр щIэзыгъэбыдэжщ тхыдэ лъэхъэнэу, пычыгъуэу хьэкум къудамэм зэпичар. 1825 гъэм къагъэщIащ Баталпашинск станицэр.

Абы къыдэкIуэу къагъэщIащ урысейпсо хабзэкъэгъэщIри, щIыпIэ щытыкIэхэр, къэзакъ хабзэжьхэр, бгырыс лъэпкъхэм я хабзэхэр, псори къызыхалъыта хьэкум бэзри. 1845 гъэм къагъэщIащ «станичный суд» жыхуиIэр. Абы и IуэхущIафэхэм щыщт Iуэхугъуэ, къэхъукъащIэ, еIуещIагъэ нэхъ мыхьэнэншэхэр зэпкърыхыныр. ХIХ лIыщIыгъуэм етIуанэ Iыхьэм хуозэ «народные и словесные судьи» къудамэхэр къыщагъэщIар. ПсалъэкIэ хьэкумыр зыщIэ бгырыс хьэкумыщIэу (Горский словесный суд) къэувт тхьэмадэр, хьэкумыщIэр, къадиитI. Ауэрэ екIуэкIащ 1922 гъэм нэгъунэ. 1925 гъэм къагъэщIащ цIыхубэ хьэкумщIапIэ участкитI. Ахэр зэгуагъэхьэжри, 1960 гъэм зы хьэкум ящIыжащ. Нобэ Черкесск къалэ хьэкумым цIыхуи 120-м нэс щолажьэ. Ахэр зи IэщIагъэм хуэIэижь, хабзэр, пэжыр зи гъуазэ къулыкъущIэщ.

Утыкум я псалъэ кърахьащ, къалэ хьэкум бэзым и лэжьыгъэр къызэралъытэмкIэ, хъуэхъу гуапэхэмкIэ къызэхуэсахэм ядэгуэшащ КъЧР-м и Ищхьэ Хьэкумым и тхьэмадэ Лепшоков Науруз, Черкесск къалэм и мэр Баскаев Алексей, КъЧР-м и Арбитраж хьэкумым и пашэ Негрий Наталье, КъЧР-м и хьэкумыщIэхэм я Советым и тхьэмадэ Шукуров Науруз, Черкесск къалэ хьэкумым и тхьэмадэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Хутэ Юрий, нэгъуэщIхэри. — МахуэщI хъарзынэщ нобэ дызыхэтыр, си лэжьэгъухэ, ди хьэщIэхэ — Черкесск къалэ хьэкумым и илъэс 80-р зэдыдогъэлъапIэ. Ар ауэ махуэщI махуэбжкъым, атIэ, республикэм, къалэм и хьэкум бэзым и къэхъукъащIэ хэIэтыкIащ. 1945 гъэм щыIа хьэкум участкэ цIыкIуи 3-м щегъэжьауэ нобэ диIэ къалэ хьэкум бэз уардэм къынэсу, къулыкъум гъуэгу гуащIафIэ икIуащ.

Абы къриубыдэу зэхъуэкIыныгъэ мащIэкъым къэхъуар, зыужьыныгъэфIи игъуэтащ, ауэ зызымыхъуэжар, текI зимыIэр зыщ — хабзэм и плъыру, цIыхум и хуитыныгъэмрэ лъэкIыныгъэмрэ и телъхьэу щытынращ. Хьэкумым щылэжьащ, ноби щолажьэ зи IэщIагъэм хуэIэкIуэлъакIуэ, нэхъуса къулыкъущIэхэр. Абы и щыхьэтщ Черкесск къалэ хьэкум къулыкъум иIыгъ гуащIэдэкI лъагапIэфIхэр, къыхуащI пщIэмрэ бгъэдэлъ щIыхьымрэ. Узыншагъэ, зэIузэпэщыныгъэ, гуащIэдэкI ехъулIэныгъэ лъагэхэр, — гуапэу утыкум хъуэхъу псалъэхэр щыжиIащ Лепшоков Науруз. — Илъэс 80-м къриубыдэу, къалэ хьэкум къулыкъум и лэжьэкIэфIым къыпэкIуащ цIыхубэ зэхэщIыкIыр, фIыщIэр, дзыхьыр.

Ар — къалэдэсхэм я хуитыныгъэхэр, хабзэ лъэкIыныгъэхэр зыхъумэ, пэжагъымрэ захуагъэмрэ я къэрэгъул щыпкъэщ. Къалэ хьэкумщIапIэм и щIыхьыр, нобэ зытет лъагапIэр къалъэщащ щIэблэ зыбжанэкIэрэ, мы бэзым щылэжьа IэщIагъэлI, къулыкъущIэ нэхъусахэм. Черкесск хьэкум къулыкъум щылажьэхэр жэщи, махуи жыхуиIэу я лэжьыгъэм пэрытщ, хабзэр я нэIэ быдэм щIэтщ. Фи зэфIэкIыр, фи зэхэщIыкIыр хьэкумыр сыт щыгъуи жылагъуэм, цIыхубэм и щIэгъэкъуэн быдэу къонэ. Сывохъуэхъу узыншагъэ быдэкIэ, гуащIэдэкI зыужьыныгъэрэ ехъулIэныгъэрэкIэ! Фи щхьэкIи, фи унагъуэкIи фехъулIэ, зывузэщI! — хъуэхъу псалъэ гуапэхэр махуэщIыр зейхэм яхуигъэфэщащ Баскаев Алексей.

Я илъэс куэд лэжьэкIэфIым, гуащIэдэкI ехъулIэныгъэ лъагэхэм къапэкIуэу хьэкум къудамэм щылажьэ куэдым я цIэ ираIуащ икIи ЩIыхь тхылъхэр, медалхэр хуагъэфэщащ. Псори зэхэту нэрыбгэ 31-рэ утыкум ирашащ а махуэм. Къызэхуэсахэм я гукъыдэжыр, дэрэжэгъуэр къаIэтащ гъуазджэ зыкъэгъэлъэгъуэныгъэхэмкIэ. Я къулыкъу къалэнхэм зэрыхуэIэижьым къыщымынэу, гъуазджэ Iуэхуми зэрыхуэмыармур къагъэлъэгъуащ хьэкум къулыкъум щылажьэхэм. Ягъэхьэзыра номер куэд, абыхэм ящыщу езыхэм къагъэщIа усэхэм къеджэнри, гитарэ еуэнри, нэгъуэщIхэри утыкум кърахьащ, Iэгуауэ хьэрэмыгъэншэхэри уэру къалэжьащ.

ТУАРШЫ Ирэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *