Грамми 125-рэ…

Хэку зауэшхуэм и дэтхэнэ Іыхьи гъэнщІащ совет цІыхубэм, ди зауэлІхэм, сэлэтхэм, офицерхэм фронтхэм, тылым щагъэлъэгъуа лІыгъэрэ хахуагъэрэкІэ, лъырэ хьэзабрэкІэ, псэемыблэжыныгъэрэ бэшэчагърэкІэ.

ЦІыхуфэм дэхуэнум, цІыхум хуэшэчынкІэ акъылым къыпхуимыгъэтІэсэнум я гъэунэхупІэ хъуащ Ленинград, ар блокадэм щита махуэ хьэлъэхэр. 1944 гъэм щІышылэм и 27-м Ленинград къалэм блокадэр трахыжауэ щытащ.
Апхуэдэ къэхъукъащІэ хьэлъэм хуэфэщэн фэеплъым и зы щапхъэщ мы гъэм, щІышылэм и 27-м Черкесск къалэм и купсэ
Первомайскэ уэрамым щекІуэкІа Іуэхур. Ар зи жэрдэму щытар къалэм дэт, зи №18 гимназиеращ. «Блокадный хлеб» зи фІэщыгъэцІэу щыта акцэр езыгъэкІуэкІар гимназием и волонтёрхэращ, еджакІуэ жыджэрхэращ. Блокадэ махуэ хьэлъэ-
хэм ленинграддэсхэр ерыскъыкІэ хуабжьу Іэслъэсу щытащ, зы щІакъуэ дзэкъэгъуэ щамыІэжыхха пІалъи къа-
хуихуащ. Махуэм щІакхъуэ грамми 125-рэ — арат и нэхъыбэу къалъысыр. Апхуэдэ щытыкІэхэм дерс-
хэмкІэ, тхыдэ тхылъхэмкІэ фІыуэ щыгъуазэ еджакІуэхэм ирагъэкІуэкІа акцэм и купщІэу щытащ грамми
125-рэ хъу щІакхъуэ такъырыр уэрамым а махуэм ирикІуа къалэдэсхэм яхуэгуэшыныр.
БлэкІа тхыдэ къэхъугъэм теухуауэ щыта акцэм къалэдэсхэр икъукІэ жыджэру пэджэжащ, дэтхэнэми и
гупсысэ игъэнэІуащ. Абыхэм къызэрыхагъэщащи, блокадэр, зауэр, къэралым и тхыдэр зэрызэхэт къэхъу-
къащІэ къэс щІэблэм ихъумапхъэщ. Арыншэмэ, иджы къызэрыхъум хуэдэу, а тхыдэ цІэрыІуэм зи Іуэху хэ-
мылъыххэхэм зыкърапщытынущ, ТекІуэныгъи, щІыхьи, пщІэи — псори я щхьэм хуахьыжынурэ, на-
кІуэпакІуэу Урысей уардэм и тхыдэр ягъэулъиинущ. Апхуэдэр къэмыхъуным къарууэ яІэмкІэ, ялъэкІымкІэ
пэщІэт, гимназием и еджакІуэхэм, волонтерхэм, егъэджакІуэ гупым къалэдэсхэм я фІыщІэ псалъэ куэд къалъэщащ а махуэм.


ШЫБЗЫХЪУЭ Ирэ

80-летие Победы

Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *