ГъэщIэгъуэнщ

1666 гъэр — МафIэшым и Илъэсу щытащ. А гъэ дыдэм Лондон мафIэс ин дыдэ къыщыхъуауэ тхыдэм хыхьащ. Ди лIыщIыгъуэм и 406 гъэ— книжник Маштоц Месроп армян алыфбей къигъэщIащ. Ар Шы Плъыжьым и гъэт. 1547 гъэ — Грознэ Иван и тепщэгъуэм урысей топхэр (пушкэхэр) ягъэжауэ щытащ. Нэхъ гъунэгъуу дыкъэIэбэнщи, 1966 гъэр Китайм и тхыдэм хыхьащ социальнэ зэрыхьзэриишхуэхэр къызыдэкIуа, технологие зичыныгъэхэр къэзыхьа щэнхабзэ революцэшхуэмкIэ;

1966 гъэращ мазэм «Луна-9» совет хьэрш аппаратыр щаутIыпщар, аращ япэ дыдэу мазэми тетIысхьар; А илъэс дыдэм, МафIэшым и Илъэсу щытам, ракетэ шынагъуэншагъэм и А-35 бэзыр япэ дыдэу ягъэунэхуауэ щытащ; Токио и Iэхэлъахэм Boeing 727 хэкIуэдам, цIыху гъащIи 133-рэ ихьащ. 1978 гъэм Китайм экономикэ реформэхэр щыщIидзащ.

1990 гъэм Германиер зэгухьэжри социалистическэ щыты кIэр къутэжащ. Япониер хуабжьу сакъщ, уеблэмэ тошыныхь МафIэш Плъыжьым и Илъэсым. Ар къыхощ тхыдэ къэхъукъащIэхэмрэ абыхэм тращIыкIа цIыхубэ нэщэнэхэмрэ. 1966 гъэр Японием и тхыдэм хыхьащ демографие щытыкIэр щекIэкIуэпа илъэсу. Нэхъ гъэщIэгъуэныжыр абы щхьэусыгъуэ хуэхъуаращ. А гъэм къэхъуа бзылъхугъэхэр къэзэуату, мывэгъзэгъыу, ялIхэмкIэ бзаджэрэ унафэщIу, уеблэмэ щхьэгъусэмкIэ шынагъуэ къызыпыкIыу ягъэуващ.

Хэт ищIэн ар къызыхэкIар?! Ауэ апхуэдэ къащыхъу — къафIэщIым къыкIэлъыкIуар къэралымкIэ Iуэху мыщхьэпэщ — Японием сабийуэ къыщыхъум и бжыгъэр процент 25-кIэ ехуэхащ. ЦIыхубэм апхуэдизымкIэ жиIэр и фIэщ хъужати, илъэс «шынагъуэм», МафIэш Плъыжьым и гъэм, пхъу къалъхуным зыпыIуадзт.

ХVI лIыщIыгъуэм халъхуа Санно Мару бзылъхугъэм и цIэр ирапхащ политикэ зэрыхьзэрийхэмрэ бзаджагъэу а гъэм къэхъуахэмрэ. Уеблэмэ, абы и гъащIэм «ирагъэгъэзэжри» МафIэшым ирапхащ, «и хьэл-щэн мыхъумыщIэм» и щхьэусыгъуэр абы халъагъуэу


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *