ГъащIэ псокIэ зыпэплъа

И адэ красноармейцыр, лейтенант ТЕМЫРДАЩ Абдулыхь  Хэку зауэшхуэм зэрыхэкIуадэрэ илъэс 82-рэ текIыжауэ, абы иужьрей увыIэпIэ хуэхъуа къуэшыкхъэм, Краснодар крайм и Крымск районым хыхьэ Киевскэ жылагъуэм щыIэм, хьэгъундыкъуейдэс Темырдащ Мухьэмэд кIуащ…

ЖыпIэнурамэ, ныбжьыфIым нэса нэхъыжьыфIым и закъуэкъым а къуэшыкхъэм екIуэлIар. Мухьэмэд щIыгъуащ и щIалитIыр: Зауррэ Зурабрэ, абыхэм я ныбжьэгъухэр, ди газетым и лэжьакIуэр.

Иужьрейхэр а зекIуэм зэрыхэхуар Iуэху щхьэхуэщ. МащIэу дытекIуэтыкIынщ дыщIежьа Iуэхугъуэм. Ди газетым и щIэджыкIакIуэхэм фигу къэдгъэкIыжынщ илъэс куэд хъуауэ псэемыблэжу «ОБД Мемориал» сайтым илэжьыхь, адыгэм ипхъу щыпкъэ Хьэмыкъуэ Жаннэ и фIыщIэкIэ, Хэку зауэшхуэм щыгъуэ хъыбарыншэу кIуэда куэд, зауэлI мин бжыгъэ къэлъыхъуэжа зэрыхъуар.

Сыт хуэдиз фIыщIэ псалъэ хужаIэрэ Жаннэ, игурэ и псэрэ хилъхьэу а лэжьыгъэ уасэншэр къызэрызэригъэпэщым папщIэ!

Мис, Темырдащхэ я щIалэ зауэм хэкIуэдар илъэсипщI нэхърэ нэхъыбэкIэ узэIэбэкIыжмэ къэзылъыхъуэжар Хьэмыкъуэ Жаннэщ, хъыбарыншэу кIуэдауэ щытахэм яхэту. ИкIи, а дэфтэрыр Жаннэ газетым къытIэригъэхьэри, нэгъуэщIу къилъыхъуэжа зауэлI щэ бжыгъэхэм яхэту, къытеддзауэ щытащ. Абы теухуауэ мыращ игу къэкIыжыр Мухьэмэд: — ИлъэсипщI е нэхъыбэ, фIыуэ сщIэжкъым, арами, сыт щыгъуи си Iэпэгъу «Черкес хэку» газетым къытехуауэ къысIэрыхьат Хэку зауэшхуэм щыгъуэ хъыбарыншэ хъуа си адэм — Темырдащ Абдулыхь здыщIэлъ кхъэлъахэр здэщыIэ щIыпIэм теухуа хъыбарыр.

Ар сэркIи, си унагъуэмкIи гуфIэгъуэу зэрыримыкъу щыIэтэкъым. АтIэ, зауэр зэриухрэ апхуэдиз илъэс текIыжами, дэ дыщыгъуазэтэкъым си адэм и ухыкIэ хъуам. «Хъыбарыншэу кIуэдащ» — арат хэтщIыкIыр.

Сыт хуэдиз псалъэ IэфI хужытIауэ щыта апщыгъуэм Хьэмыкъуэ Жаннэ! Си гъащIэ псом сызыщIэлIэу сыкъекIуэкIа хъыбарыр къытIэрыхьат си адэр здыщIэлъыр гурыIуэгъуэ сщыхъуат.

Жыжьэтэкъым, Краснодар крайм хыхьэ Крымск районым и Киевское жылагъуэм дежт.

Мурад быдэ сщIащ си псэр пытмэ, си адэр здыщIэлъ кхъэлъахэм сыкIуэну. Ауэ, гъащIэр зэрызэхэтыр аращи, зым зыр пщегъэгъупщэ: дызэрыхуейуэ тхуэмыгъэхъуурэ, зы Iуэхум нэгъуэщI къытехъуэурэ, тIэпыхужащ, жагъуэ зэрыхъущи, а газет кIапэри, е згъэтIылъыща, згъуэтыжакъым…

Арами, нобэр къыздэсам си адэр здыщIэлъыр сымыцIыхуу сыпсэуами, хъыбарыншэу кIуэдахэр къэзылъыхъуэж а бзылъхугъэ цIыкIум и фIыщIэкIэ, жыпIэнурамэ, Хьэмыкъуэ Жаннэ гъуэгу дытригъэхьэри, аращ къызэрытцIыхуар Краснодар крайм, Крымск районым и лъэныкъуэкIэ зэрыхэкIуэдар…

Газетым тета тхыгъэ цIыкIур сымыгъуэтыжами, абы къыщетхэкIауэ хъуар куэдыщэрэ щIэзджыкIауэ си гум илъыжти, си щIалэ нэхъыщIэ Зураб аргуэру Iуэхур ирезгъэгъэжьэжри, мис, икIэм нэдгъэсыжащ, — къыддогуашэ зи ныбжьыр илъэс 85-м ит, зи адэр зэи зымылъэгъуа Мухьэмэд.

Гу лъыттэну дыхуейт зы Iуэхугъуэм. Хьэмыкъуэ Жаннэ къилъыхъуэж, хъыбарыншэу кIуэда ди зауэлIхэм ятеухуа хъыбархэр зэкъым, тIэукъым къытедгъэзэжурэ ди газетым къызэрыщытеддзар, ноби а лэжьыгъэ уасэншэр зэпыукъым, сыту жыпIэмэ, езы Жаннэ зэрыжиIэу, «хъыбарыншэу кIуэда» щигъэIэжыну хуейкъым, зауэм хэкIуэда, щыкIуэда дэтхэнэми и цIэр сэтей ищIыжыныр, къилъыхъуэжыныр и къалэн пажэу елъытэри…

Апхуэдэу, Жаннэ къилъыхъуэжа дэфтэрым зэритымкIэ, 1914 гъэм Бэралъкъы къыщалъхуа, сержант, отделенэм и командир, зауэлI красноармеец Темырдащ Абдулыхь Къэнэмэт и къуэр зауэм хэкIуэдащ 1943 гъэм бадзэуэгъуэм (июлым) и 4-м. ЩыщIалъхьэжащ Краснодар крайм хыхьэ зы къутырым. Зауэм и совет архивхэм я тхыдэ дэфтэрхэм я нэхъыбэм укъеджэну хуабжьу хьэлъэщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, зэратхахэр ныкъуэтекIыж хъуащ, щыуагъэхэри щыкуэдщ… Абы къыхэкIыу, Мухьэмэд и щIалэ Зураб Крымск районым хыхьэ къутыр, жылагъуэ куэдым запищIащ, абдеж щыIэ къуэшыкхъэхэм и дадэшхуэм и цIэр тетмэ зэхигъэкIыу. ИкIи Киевскэ жылагъуэм и администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Куртвелиевэ Ленарэ пыщIэныгъэ хуиIэ хъури, а бзылъхугъэм игъэщыпкъащ Темырдащ Абдулыхь езыхэм я жылагъуэм дэт къуэшыкхъэм зэрыщыщIэлъыр. Абы щегъэжьауи, Зураби, я унагъуэм щыщхэми, къызэдалъхуахэми мурад ящIащ Мухьэмэд Iэмал имыIэу и адэр здыщIэлъ къуэшыкхъэм яшэну. Ягу ираубыдар ТекIуэныгъэм и Илъэс 80-м ехъулIэу ягъэзэщIэжащ…

ГъащIэ псокIэ къуэр зыпэплъа зэIущIэр къызэрымыкIуэу пIейтеиныгъэкIэ гъэнщIат: зауэлIыр здыщIэлъ къуэшыкхъэм, и адэм и унагъуэцIэр здыдет фэеплъ сыным Iэ дэзылъэ, зигу къызэфIэна, зи лIы нэпсыр зыхуэмыубыду къызыфIех Мухьэмэд уеплъыныр  хьэлъэт… «А дакъикъэхэм сыт уи гум щыхъар?» соупщI Мухьэмэд, дыкъежьэжа нэужь. — Си бгым зы хьэлъэ гуэр телъу техужам хуэдэт, — жеIэ абы. — Си ныбжьыр здынэсам ар си хъуэпсапIэ нэхъыщхьэт — си адэм и кIуэдыпIэ хъуар къэслъыхъуэжыныр, абы и кхъащхьэм сытеIэбэныр, езыр къыздэхъуа щIыналъэм итха щIы IэмыщIэр къуэшыкхъэм теслъхьэныр… А псори дгъэзэщIащи, си гур псэхужащ…

Мыбдежым гу зылъытапхъэщи, Къэрэшей-Черкесым икIа гупым гуапэу къытпежьащ Киевскэ жылагъуэм и ветеранхэм я Советым и тхьэмадэ, Крымск районым Хэкум и лIыхъужьхэм я Советым и тхьэмадэ, Советым и депутат Задорожный Валерий,  Киевскэ жылагъуэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Куртвелиевэ Ленарэ сымэ.

Ахэр тщIыгъуу, удз гъэгъахэри тIыгъыу, япэ щIыкIэ декIуэлIащ езы жылагъуэм и купсэм щаухуа, икъукIэ пщIэшхуэ хуащIу зыкIэлъыплъ къуэшыкхъэм, зауэлI щэ бжыгъэм иужьрей увыIэпIэ яхуэхъуа щIыпIэм. Зэрыхабзэу, дахуэщыгъуащ, удз гъэгъахэр мафIэс мыужьыхым тетлъхьащ. КъинэмыщIауэ, Темырдащ Абдулыхь и хэку цIыкIум здитха щIы IэмыщIэри щыдгъэтIылъащ.

АбыкIи зэфIэкIакъым Хэкум зи псэр щIэзытахэм, ди хэкуэгъу куэд здыщIэлъым я фэеплъыр хъумэным хуэтщIа хэлъхьэныгъэхэр. Къытпежьахэм я жэрдэмкIэ, гупыр декIуэлIащ Крымск районыр хуит къыщащIыжым зи гъащIэр зытахэм я фэеплъ мемориал ин дыдэм, зауэлI куэдыщэ здыщIэлъ Iуащхьэшхуэм. Жагъуэ зэрыхъущи, абдеж щагъэтIылъахэм я нэхъыбэр — мынэIуасэ зауэлIщ.

Мыбдежми дигу къэмыкI хъукъым Хьэмыкъуэ Жаннэ иригъэкIуэкI лъыхъуэныгъэ лэжьыгъэр зэрыуасэншэр. Абдеж зи цIэ имыIуауэ щагъэтIылъыжа, хъыбарыншэу кIуэда зауэлI щэ, мин бжыгъэм нобэр къыздэсми, дауи, япоплъэ я Iыхьлыхэр…

ЩОХЪУЖЬ Люсанэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *