ТекIуэныгъэм и Музейм 2025 гъэм икIэм нэс «Голоса Победы» проектыр иригъэкIуэкIынущ. Абы ипкъ иту Къэрэшей-Черкес Республикэм щыпсэухэм Iэмал яIэщ я унагъуэхэм щахъумэ, фронтым къикIа письмохэр Поклоннэ бгым щыIэ музейм щахъумэну тыгъэ хуащIыну, тхыгъэхэм цIыхубэр щагъэгъуэзэну. «Проектыр 2024 гъэм и дыгъэгъазэ мазэм зэредгъажьэрэ ТекIуэныгъэм и Музейм Хэку зауэшхуэм щыгъуэ ятха письмо 750-м щIигъу къытIэрыхьагъэххэщ. ЖыIэпхъэщи, абыхэм аудио IэмалкIи уедэIуфынущ. Куэд мыщIэу фронтым къикIа тхыгъэхэм дэтхэнэри едэIуфынущ «Путь к Победе» экспозицэщIэм деж.
Ар зауэ зэманым Дзэ Плъыжьым къулыкъу щызыщIа зауэлIхэм зэрахьа лIыхъужьыгъэм тедухуащ. Проектым и лэжьыгъэм иригъэжьэнущ накъыгъэм и 9-м ехъулIэу икIи письмо къытIэрыхьэхэмкIэ дгъэбагъуэурэ щытынущ», — жаIащ ТекIуэныгъэм и Музейм щылажьэхэм.
Проектым хэтыну кърагъэблагъэ Хэку зауэшхуэм щыгъуэ ятха письмохэр здахъумэ музейхэр, зи унагъуэхэм апхуэдэ тхыгъэхэр щахъумэ цIыкIуи-ини. Нэхъыщхьэращи, письмохэм ящыщ нэхъ гъэщIэгъуэнхэр къыхэгъэщхьэхукIауэ, ахэр аудио IэмалкIэ трегъэдзэн, тхыгъэхэм сурэт ятехын, письмохэр зи IэдакъэщIэкI авторым и гугъу щIын хуейщ. «ЩимэкIэ» («Треугольник»-кIэ) зэджэу щыта тхыгъэхэращ зауэлIхэмрэ абыхэм унэм къапэплъэ Iыхьлыхэмрэ зэпызыщIэ Iэмал закъуэу щыIар. Иджы, илъэс 80 текIыжауэ, а письмохэм, Iуданэм ещхьу, ди блэкIамрэ ди нобэмрэ зэпащIэ. Проектым и фIыщIэкIэ письмохэм щыгъуазэ дахуэхъуну къудейкъым, атIэ ахэр зи IэдакъэщIэкI хъуа зауэлIхэр зэгупсысахэр, я псэм зыхищIар, я гугъапIэу щытар къыдгурыIуэнущ.
Проектым хэтыну гукъыдэж зиIэ дэтхэнэми ТекIуэныгъэм и Музейм и сайтым щиIэ щытыкIэ хэхам феплъ: https://victorymuseum. r u / p r o j e c t s / g o l o s a pobedy/.
Зыгъэхьэзырар ГЪУКIЭКЪУЛ Иринэщ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.