Хэку зауэшхуэм ди къэралым къыщихьа ТекІуэныгъэр фронтым Іуту зэуахэми, тылым щылэжьахэми, дэтхэнэ совет цІыхуми къыкъуэкІа зэхэщІыкІыныгъэ лъагэм, псэемыблэжыныгъэм къыпэкІуащ.

Зауэ илъэс дыджхэм тылым щылэжьахэм я текІуэныгъэр — псэемыблэжыныгъэм, бэшэчагъымрэ лІыгъэмрэ, щытыкІэ хьэлъэ дыдэхэм иту текІуэныгъэм хуэпабгъэным и щапхъэщ. Я къару емыблэжу заводхэм, фабрикэхэм, губгъуэхэм, къулыкъущІапІэхэм, сымаджэщхэм щылэжьащ тылым щыІахэр.
Псори зыт зытеухуар — фронтхэм Іут я адэхэм, къуэшхэм, дэлъхухэм яхузэфІэкІымкІэ зыщІагъэкъуэнрат. Тылым щылажьэхэр зауэм дэкІахэм я пІэм иуват. Сыхьэт 12-16-кІэ лажьэт бзылъхугъэхэр, сабийхэр, лІыжь-фызыжьхэр. Апщыгъуэми ахэр я ныбэ хуэныкъуэт, я фэ хущыщІэт, щІыІэми ист, гъаблэми ихьт.
Арыншэуи хъунутэкъым. АтІэ, тылым и лэжьакІуэхэм фронтыр зыхуэныкъуэр къалэжьын хуейт, ерыскъыхэкІым щыщІэдзауэ фочышэ, зауэ техникэм щыщІэкІыжу. «Псори ТекІуэныгъэм папщІэ!» къыхуеджэныгъэр дэтхэнэмкІи гъуазэт.
Ди лъахэми къизэрыгуат нэмыцэ фашистхэр, ауэ куэд ирагъэщІакъым, ирагъэкъэбзыкІыжащ ахэр. Хьэбэз районыр хуит къащІыжа нэужь, районым щыпсэухэр жыджэру и ужь ихьащ бийм зэхикъута, хьэлэчыр зыхилъхьа Сталинград зэфІэгъэувэжыным дэІэпыкъуэгъу зыхуэщІыным епха Іуэхугъуэхэм. Абы теткІэрэ, Сталинград зэфІэгъэувэжыным и фондым Хьэбэз районым хилъхьащ ахъшэу сом мин 525-рэ къэрал займ облигацэу мелуан 1,5-рэ. Абы щІыгъуу, къалэ-лІыхъужь Сталинград дэсхэм хурагъэшащ щІакхъуэ, кІэртІоф, шэ, джэдыкІэ — псори зэхэту пут мин. КъЧР-м и къуэдмэз музейм щахъумэ Сталин Иосиф Виссарионович Хьэбэз районым къыхуригъэхьауэ щыта, и Іэпэрэ и мыхъуррэкІэ щІэгъэбыда телеграммэр. Абы итщ къалэлІыхъужьыр зэфІэгъэувэжыным Хьэбэз районым хуищІа ахъшэ хэлъхьэныгъэм папщІэ къахуищІ фІыщІэ псалъэхэр.
Телеграммэм районыр ІуэхуфІхэмкІэ пэджэжащ икІи 1944 гъэм и фокІадэ мазэм сом мин 300-рэ облигацэу зы мелуанрэ зэхуихьэсащ, «Хабезский колхозник» кхъухьлъатэ звено иухуэным папщІэ. Ар хагъыхьащ маршал Рокоссовскэм и дзэхэм.
Тылым щылэжьахэм я лІыгъэмрэ псэемыблэжыныгъэмрэ я щапхъэу къэтхьынщ Инжыджышхуэ щыщ Мамбэт Алим и гуащІэдэкІ лІыгъэр. Район военкоматым комбайнёр-тракторист щІалэр зауэм имыгъакІуэу, бронкІэ къигъэнауэ щытащ. Езыми апхуэдэ дзыхь лъагэр лъэкI къимыгъанэу ІуэхукІэ игъэщыпкъэжащ. Алим сыхьэт 19-20-кІэ лажьэт, фронтыр зыхуэныкъуэ хадэхэкІхэмкІэ, ерыскъыхэкІхэмкІэ къызыхуэтыншэу къызэгъэпэщыным и къару къихь псомкІи зыщІигъакъуэу. Ар и къуажэми, и районми къыщымынэу, Ставрополь крайми щылажьэт икІи фІыуэ къыщацІыхут. ЩІыхь, ФІыщІэ тхылъхэм къанэмыщІауэ, илъэс зэхуэмыдэхэм Мамбэтым къыхуагъэфэщащ «За трудовую доблесть», «За трудовые отличия», «Труженику тыла ВОВ» медалхэр.
Тылым щылэжьа беслъэнейдэс Жантемыр Абдурэхьмэн, ПэтІ Мухьэдин сыми «Труженику тыла ВОВ» медалыр къыхуагъэфэщащ зауэ илъэсхэм зэрахьа гуащІэдэкІ лІыгъэм пэджэжу. 1944 гъэм и мэкъуауэгъуэм «Красная Черкесия» газетым къытехуауэ щытащ гвардием и лейтенант, авиацэм и штурмэн Ажий Исмэхьил и тхыгъэр. Абы итт мыпхуэдэу: «Ныбжьэгъу лъапІэхэ, ныфхуэстхыну мурад сщІащ мыпхуэдэ къыхэлъхьэныгъэ фхузиІэу: «Красная Черкесия» зи фІэщыгъэцІэу щытыну кхъухьлъатэлагъымзехьэ эскадрилье зэраухуэн ахъшэ зэхуэдывгъэхьэс. Ди авиацэм къыхрехъуэ си хэкуэгъу-лъэпкъэгъухэм, Черкес автоном областым и тыгъэ. Сэ си лъэныкъуэкІэ никІыу фыкъызогъэгугъэ а кхъухьлъатэхэм я дамэхэмкІэ ипэкІэ мыхъумэ дымылъэтэну, лІыгъэмрэ щІыхьымрэ я ныпыр дгъэбыбу. Щысхьыншэу бийр хэдгъэщІэнущ, зы къэмынэжыху. Си гум къыбгъэдэкІыу сэламрэ хъуэхъуфІхэмрэ фхузогъэфащэ. Фи хэкуэгъу кхъухьлъатэзехуэ, гвардием и лейтенант Ажий Исмэхьил».
Жэуапыншэу къагъэнакъым апхуэдэ джэ псалъэр. Зэрыобласту зэІущІэхэр, зэпсэлъэныгъэхэр щекІуэкІащ икІи унафэ къахьащ «Красная Черкесия» эскадрилье ухуэнымкІэ ахъшэ зэхуэхьэсыным теухуауэ. ИкІи ягъэзэщІэжауэ щытащ къахьа унафэр. А зэман хьэлъэм апхуэдэ гуащІэ зэфІэпхыныр псынщІэтэкъым, уеблэмэ къызэрымыкІуэт. Арами, цІыхубэм и зэхэщІыкІ, и жэуаплыгъэ лъагэр псоми я зэхуэдэ ТекІуэныгъэ Іуэхум щхьэпащ.
Хъумэрэ къуажэри фронтым хуэлэжьэнымкІэ армууакъым. Абыхэми хэлъхьэныгъэфІ хуащІащ «Красный Карачай» кхъухьлъатэ эскадрилье ухуэным ахъшэ хузэхуэхьэсыным. Уеблэмэ, цІыхухэм я унагъуэхэм щІэлъ ахъшэ нэгъунэ Іуэху щхьэпэм халъхьащ. Зи лъэ вакъэ изылъхьэр гуащІэдэкІ фронтым Іутащ апщыгъуэм. Бзылъхугъэхэр цІыхухъухэм я пІэм иувауэ лажьэт.
Кисловодск дэт зауэ сымаджэщым цІыхубэм ерыскъыхэкІхэмкІи щыгъынкІи защІигъэкъуащ. ЕрыскъыхэкІым къыщымынэу, Хъумэрэ къуажэм фронтым иригъашэ зэпытащ бащлыкъхэр, щІакІуэхэр. Ахэр бзылъхугъэ ІэпщІэлъапщІэхэм я Іэпэхэм къыщІэкІа, псалъэ гуапэхэмрэ нэпс шыугъэхэмрэкІэ гъэнщІа хьэпшып хуабэт, щхьэпэт. Уеблэмэ, сэшхуэ, къамэ, уанэ, шы Іэпслъэпс мащІэкъым шуудзэхэм хуаунэтІар. Областым и колхозхэт, гуащІэрылажьэ, къулыкъущІэ 470-м нэсым «За доблестный труд в годы ВОВ» медалхэр къыхуагъэфэщащ.
ТУАРШЫ Ирэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.