ЩэкIуэгъуэм и 14-р фошыгъу узыфэм пэщIэтыным и Дунейпсо Махуэщ. Фошыгъу узыр цIыху цIыкIум къыхуэлъэ узыфэ хьэлъэхэм хабжэ. Ар и зыубгъукIэмкIэ лышхым, гу-лъынтхуэ узыфэхэм къакIэлъыкIуэми, иужьрей илъэсхэм нэрылъагъущ дуней псом абы щIэгъэхуэбжьауэ зэрызыщиужьыр. Илъэс 20-кIэ узэIэбэкIыжмэ нэхърэ, мы узыфэр зыхуэлъэхэм я бжыгъэр хуэдитIкIэ нэхъыбэкIэ хэхъуащ. Официальнэ бжыгъэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, ар Урысейм щыпсэу цIыху е 15-нэ къэс къыхуагъуэт. Къэрэшей-Черкесым деж фошыгъу узыр зиIэхэр цIыху мин 12-м ноблагъэ. Сыт хуэдэ а узыфэр, дауэ абы зэрызыщыпхъумэнур? Фошыгъу узыр зиIэхэм я гъащIэр дауэ зэраухуэн хуейр? Мы упщIэхэм я жэуап къыдитащ Къэрэшей-Черкес Республикэм эндокринологиемкIэ и Купсэм ищхьэ нагъыщэ зиIэ и дохутыр-эндокринолог ХЪУПСЫРОКЪУЭ АЛИНЭ Iэмин и пхъум.
— Жагъуэ зэрыхъущи, илъэс къэс фошыгъу диабетым шынагъуэу зеубгъу. Абы щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэхэр иIэщ. Ауэ, нэхъыщхьэр цIыхум и псэукIэм зэрызихъуэжаращ. Япэ щIыкIэ зэхэдгъэкIынщ фошыгъу диабетыр зищIысыр. Ар, Iэпкълъэпкъым и углевод зэхъуэжэныгъэр (обмен углевода) нэгъэсауэ мылэжьэж щыхъум, абы хэту лъым хэлъ фошыгъур щыдэжейращ. Къапщтэмэ, балигъхэм лъым фошыгъуу хэлъыр 5,5-м щIимыгъуу, шха нэужь 7,5-м мынэхъыбэу щытын хуейщ. Абыхэм щхьэдэхмэ — фошыгъу узыр хуагъэув. ЖыIэпхъэщи, фошыгъу узыр лIэужьыгъуитIу зэщхьэщокI — япэ, етIуанэ. Япэ лIэужьыгъуэр кIапцIэр (поджелудочная железа) мылэжьэж щыхъуращ, инсулин гормоныр къыщыщIимыгъэкIыжыфу. Фошыгъу узым и етIуанэ лIэужьыгъуэр — кIапцIэр мэлажьэ, ауэ Iэпкълъэпкъым и клеткэхэм инсулиныр зэхамыщIэж мэхъу. ЛIэужьыгъуитIым дежи лъым хэлъ фошыгъур докIуей.
Иужьрей зэманым нэрылъагъуу фошыгъу узым и етIуанэ лIэужьыгъуэр зиIэхэм хэхъуэн щIидзащ. Сыт ар къызыхэкIыр? ЦIыхум и шхэкIэмрэ и дуней тетыкIэмрэ зэрызихъуэжращ. Япэ зэманхэм елъытамэ, цIыхум апхуэдиз лэжьыгъэ игъэзэщIэж къым, щысрейщ, шхын мыузыншэ куэд, канцерогенкIэ гъэнщIауэ къагъэсэбэп, фадэ, тутын ефэнри абы хэтщ. Хуабжьу мыхьэнэшхуэ иIэщ илъэс къэс къэралым и жэрдэмкIэ иригъэкIуэкI диспансеризацэм цIыхур жыджэру хэтыным. И нэхъыбэм абдежращ фошыгъу узым и етIуанэ лIэужьыгъуэр къыздыщIагъэщыр. Къыхэгъэщыпхъэщи, етIуанэ лIэужьыгъуэр цIыхум зыкIи зыкъримыгъащIэу хотIасэ. Ар къыщыбгурыIуэр узыр щыхэужьыныхьым, нэгъуэщI узыфэхэр абы къыщигъэхъейм дежщ. Езанэ лIэужьыгъуэр къызыхэкIыр щIэныгъэлIхэм иджыри IупщIу яхуэгъэбелджылакъым, ауэ ар лъым къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэращ къыздежьэр.
Ар стрессым, уз зэрыцIалэ Iейм и Iэужьу къэхъункIи мэхъу. Апщыгъуэм деж инсулиныр уи Iэпкълъэпкъым къызэрыщIимыгъэщIыфым къыхэкIыу, ар зиIэ цIыхум и гъащIэ псом махуэм тхуэ инсулиныр зыхилъхьэу псэун хуей мэхъу. ЕтIуанэ лIэужьыгъуэр къежьэным цIыхум езым и ягъэ инэхъыбэм хэлъщ. Куэд щишхкIэ, физическэу щымылажьэкIэ, Iэпкълъэпкъыр пшэр щыхъукIэ шынагъуэ мэхъу фошыгъу уз къеуэлIэнымкIэ. Инсульт, инфарктхэм къадэкIуэнкIи мэхъу а узыр. Дауэ мыхъуми, лIэужьыгъуитIри уз пхъашэщ, игъащIэкIэ къыпхуинэу аращ. Ар зиIэхэм тIуащIэу я узыншагъэм нэхъ хуэсакъыу псэупхъэщ, сыту жыпIэмэ, фошыгъу узыр цIыхум и кIуэцI пкъыгъуэхэми йоуэ. Арами, фошыгъу уз зиIэхэм я гур кIуэдынкIэ Iэмал иIэкъым. Дохутырым и нэIэм щIэту, ишхыр зэхэгъэкIауэ щытмэ, адрей псоми яхуэдэу абыхэм я гъащIэри екIуэкIынущ.
Нэхъыщхьэр, псом хуэмыдэу, фошыгъу узым и етIуанэ лIэужьыгъуэ зиIэхэм, я шхэкIэм зихъуэжынращ, гъащIэ узыншэ щытыкIэм тету псэунращ. Фошыгъур гъащIэм хахын хуейщ апхуэдэхэм. Ар зэрахъуэкI, IэфIыкIэ ерыскъым къыщIэзылъхьэ пкъыгъуэхэр щыIэщи, ар къагъэсэбэпыфынущ. Фошыгъу зыхэлъ пхъэщхьэмыщхьэхэми хуэсакъыпхъэщ. Ахэр пшхы мыхъуну аракъым, атIэ, нэхъ мащIу, махуэм и япэ Iыхьэм яшхын хуейщ. Шхыным ирагъэлеямэ, физическэ лэжьыгъэр нэхъыбэ ящIурэ псэупхъэщ. А узыфэр зиIэ цIыхум къыгурыIуэн хуейщ а узыр зыщIыпIи зэримыхьыжыфынур, арами, ар зэриIэу, гъащIэм и фIагъыр зыхищIэу псэуфынущ. Дохутырым къыхуритхыкIа хущхъуэхэр и чэзум зрихьэлIэмэ, ищхьэкIэ жыхуэтIа гъащIэ узыншэм теувэмэ, илъэс къэс и узыншагъэм кIэлъигъэплъмэ, гъащIэфI къагъэщIэнущ.
БОРЭНЫКЪУЭ Мадинэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.