ФIыщIэкIэ пэджэжу

МЕДИЦИНЭ РОТЭМ и фельдшер, «Айболит» фIэщыгъэцIэмкIэ къацIыху, Эрсакон къуажэм и щIалэ щыпкъэ АШЫБОКЪУЭ Алим фIыщIэ псалъэкIэ япэджэжащ Адыгэ-Хьэблэ районым щыпсэухэм, псапащIэ Iуэхугъуэм ягурэ я псэрэ етауэ зэрыхэлэжьыхьам папщIэ.

ПсапащIэ Iуэхугъуэм ипкъ иту, райондэсхэм зэхуахьэса ахъшэмкIэ «Дронхэр къыхэзылъытэ Булат В4 детектор»-р СВО-м щыIэ медицинэ къулыкъущIэхэм папщIэ зыIэрагъэхьащ. «ПщIэ зыхуэсщI хыхьэхэкIырылажьэхэ! Щхьэихауэ, Аслъэныкъуэ Заремэ! КъызэрымыкIуэу фIыщIэ фхудощI! Медицинэ ротэм и къулыкъущIэхэр хуабжьу дыхуэныкъуэт дрон детектор. Мы псапащIэ Iуэхум хэлъхьэныгъэ хуэзыщIа дэтхэнэми фIыщIэу хуэтщIыр гъунэжщ. Мы зэман хьэлъэм СВО-м щыIэ къулыкъущIэхэм защIэгъэкъуэныр зи пщэрылъ пажэу зылъытэхэр, зи граждан жыджэрагъ къэзыгъэлъагъуэхэр щIэгъэкъуэнышхуэ фохъу.

Гуапэщ зыхэпщIэну ягуми я псэми къабгъэдэкIыу дэIэпыкъуэгъу къыпхуэхъун цIыхухэр мымащIэу зэрыщыIэр. Тхьэм фыкъихъумэ! — жиIащ СВО-м щыIэ медицинэ къулыкъущIэм.

Зыгъэхьэзырар АБИДОКЪУЭ Люсанэщ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *