ФIыщIэ къытхуащIу

АДЫГЭ къуажэ пхыдзахэм ящыщ, ныбжьышхуэ зиIэ Хъумэрэ къипсэлъыкIыу телефонкIэ зыкъыспызыщIа бзылъхугъэм – Жэгуэтэн Майе, и псалъэр иригъэжьащ газетым щылажьэхэм фIыщIэ къытхуищIкIэрэ. ИкIи лъэIуащ и фIыщIэ псалъэхэр езым хуэдэ къабзэу, шэч къытримыхьэу, къуажэм щыпсэу дэтхэнэми къызэрыбгъэдэкIыр зыхэтщIэну. «Япэрауэ, Люсанэ, уи щхьэкIи, узиунафэщI адыгэ журналист гуп дахэми фхуэтщI фIыщIэр зэрыиныр жысIэмэ сфIэигъуэщ. Дэ адыгэ къуажэ пхыдзам дыщыпсэуми, ди лъэпкъым и дунейм зэпымычу дыщыгъуазэщ ди псэм хуэтхь адыгэ газетыр ди Iэпэгъущи. Пэжщ, пощтым и пщэрылъхэр япэм хуэдэу игъэзэщIэжкъым, унагъуэхэм къыщIатхыкI газетхэр кърахьэкIыу зэрыщытар здэплъагъуну жылагъуэхэри зырызыххэщ.

ИтIани, газетыр си щхьэкIэ IэщIыб зы махуи сщIакъым, щIызодзри, пощтым дыкIуэурэ къыдохьыж. Армырауи хъунукъым. Газетыр зей лъэпкъым щIэдмыдзмэ, ар емыкIушхуэщ. АтIэ, ди адыгэ газетым и фIыщIэкIэщ иджы дыдэ ди къуажэгъу ныбжьыщIэ цIыкIум – Магометов Аслъэн литературэ творческэ зэпеуэм зэрыхэтам, и тхыгъэм абдеж гулъытэ ин къызэрыщыхуащIам щыгъуазэ дызэрыхуэхъуар. Сыздытепсэлъыхьым си гур къызэфIонэ, апхуэдизымкIэ сыгуфIащи! ЖысIэнщи, зэрыкъуажэу дыщыгуфIыкIащ а ныбжьыщIэ гурыхуэ цIыкIум.

Сыту ехъулIэныгъэшхуэ уи жылагъуэм апхуэдэ хэхъуэ къыдэхъуэныр! Си гум къыбгъэдэкIыу фIыщIэшхуэ яхузощI а сабийм хэлъ зэчийм гу лъызыта дэтхэнэми: и егъэджакIуэхэми, уи щхьэкIэ, уэри, Люсанэ. АтIэ, фIы дыдэу щыгъуазэ дыхуэхъуащ Аслъэн и творчествэр утыку ихьэныр уэ уи жэрдэму зэрыщытым. Тхьэм апхуэдэ Iуэху дахэ куэд уигъэлэжь, пхузэфIигъэкI! А сабийр зэрыбгъэгуфIам, зэрыбгъэгушхуам, абы щIыгъууи, дэ, къуажэдэсхэм ди гур зэрыхэхъуам пэпщIын гуфIэгъуэ гъуэтыгъуейщ. Шэч къытетхьэкъым Аслъэн литературэм хичэну лъэбакъуэм я нэхъ хьэлъэр – япэрейр, ичыныр къызэрыдэхъуам, ехъулIэныгъэ хэлъуи къызэрыщIэкIам!

Лъэпкъым ифI тIэтмэ, къыхэдгъэщмэ, псом хуэмыдэу, щIэблэр дгъэгушхуэмэ, абыхэмкIэ ди щхьэр дгъэлъэпIэжу аращи, а лъэныкъуэмкIэ лэжьыгъэ куэд зыгуэщI, адыгэр дызыгъэлъапIэ «Черкес хэку»-р лъэпкъыр дунейм тетыху дигъэIэ! Хъумэрэ къуажэри, адыгэ лъэпкъри дызыгъэлъэпIа ди къуажэгъу ныбжьыщIэ цIыкIум – Магометов Аслъэн Арсен и къуэм и зэфIэкIым нэхъри хигъахъуэ! АдыгэцIэр литературэ утыку лъагэхэм щызыIэтын Тхьэм тхуищI!» — къыджиIащ Жэгуэтэн Майе.


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *