Фэеплъыр ужьыхкъым

КАВКАЗ ЗАУЭР зэриухрэ илъэси 161-рэ щрикъум ехьэлІа фэеплъ дауэдапщэхэр накъыгъэм (майм) и 20-м щIидзащ. Iуэхугъуэхэр щрагъэжьащ адыгэхэр куэду зыщыпсэу Хьэбэз, Адыгэ-Хьэблэ районхэм. Абыхэм хэтащ власть къулыкъущIэхэр, жылагъуэ Iуэхузехьэхэр, щэнхабзэм и лэжьакІуэхэр, егъэджакІуэхэр, еджакІуэхэр, хэкупсэ-лъэпкъыпсэхэр.

Хьэбэз къуажэм щегъэжьауэ Али-Бэрдыкъуэ щыІэ мемориал комплексым нэс пхъакъуэ зыIыгъ гупышхуэ ирикІуащ.

Фэеплъ мывэхэм дыуэ щащІынри, я щхьэ щагъэщхъынри, Іуащхьэм дэкІынри, мывэхэм тетхахэм къытрагъэзэжурэ еджэнри — куэд дыдэм а пшыхьым щыхэплъащ.

Іуащхьэм и лъабжьэм щыгъэнэІуа, адыгэ лІакъуэцІэхэр зытетха мывэ къэс мафІащхьэхэр щыпагъэнащ. Ахэр 12 мэхъу. Е 13-ри мы гъэм пагъэнащ — адыгэ лІакъуэ 12-р къызэщІэзубыдэ, «Адыгэхэр» жэуэ зытет фэеплъ мывэ зэпэплІимэм щхьэщыту. Абы къыпаха мафІэ дэпымкІэ, лъэхъу зэфІэдзам, шыуан лъабжьэм щызэщІагъэстыжащ адыгэ жьэгу мафІэр.

Накъыгъэм и 21-р щыгъуэщIэж дауэдапщэхэр зэуэ зыхуэкІуэж махуэти, ар икъукІэ гъэнщІауэ дэнэ щIыпIи щрагъэкIуэкIащ. Фэеплъ зэхыхьэхэр щыIащ Черкесск къалэм, Али-Бэрдыкъуэ, Красный Восток, Адыл-Хьэлъкъ къуажэхэм.

Кавказ зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъу Черкесск къалэм дащIыхьа сыным и гупэм щекIуэкIа Iуэхугъуэхэм хэтащ, республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид, езым ищхьэкIэ къыбгъэдэкIа зыхуэгъэзэныгъэри утыкум щыжиIащ КъЧР-м и Правительствэм и тхьэмадэ Аргун Мурат.

КъинэмыщIауэ, щыгъуэ пэкIум хэтащ КъЧР-м и Iэтащхьэмрэ и Правительствэмрэ я Администрацэм и унафэщI Уэз Мурат, Правительствэм и лIыкIуэхэр, Парламентым и депутатхэр, лъэпкъ жылагъуэ Iуэхузехьэхэр: Аслъэнхэ Алий, Хубиев Хьэсэн, Куэнчэ Умар, Казаков Валерий, динырылажьэхэр, нэгъуэщIхэри.

Кавказ зауэм хэкIуэдахэм дыуэ тращIа нэужь, къэпсэлъахэр къытеувыIащ а зауэжьым адыгэхэм, абазэхэм, къэзакъхэм, нэгъуейхэм къахуихьа хэщIыныгъэхэм; зауэр къежьэн хуей щIэхъуам и тхыдэми ириплъэжащ.

Апхуэдэ тхыдэ къэхъугъэхэр къытебгъэзэж зэрымыхъунум, ди республикэм щыпсэу лъэпкъхэр Урысей уардэм иригушхуэу, зэкъуэшыныгъэрэ зэныбжьэгъугъэрэ яку дэлъу зэрызэдэкIуэтапхъэм, абы хущIэкъун зэрыхуейм лъэпкъхэр къыхураджащ.

Шэджагъуэм сыхьэтыр 12-00-м зэрыдунейуэ, ди лъэпкъэгъухэр зыщыпсэу къэралу хъуам, щыгъуэ дакъикъэ хухахащ Кавказ зауэм хэкIуэдауэ хъуам. Иужьым, пэкIум хэтахэм удз гъэгъахэр щагъэтIылъащ фэеплъ сыным и лъабжьэм.

Къапщтэмэ, Черкесск къалэм пщыхьэщхьэм КъЧР-м и «Адыгэ Хасэ», «Абаза», «ЩIалэгъуалэ Хасэ», «Алашарэ» лъэпкъ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я къызэгъэпэщыныгъэкIэ, КъЧР-м щэнхабзэмкIэ и Министерствэм, «Черкес хэку» газетым я дэIэпыкъуныгъэ ин хэлъу, щэнхабзэ дауэдапщэхэри фIагъ лъагэ хэлъу республикэ къалащхьэм щызэхэтащ.

Фэеплъ пшыхьым щыIуащ Кавказ зауэжьым траухуа уэрэдхэр, усэхэр, теплъэгъуэхэмрэ видеонэтынхэмрэ къыщагъэлъэгъуащ.

Абы хэтащ республикэм и артист цIэрыIуэхэр: Мэремкъул Ачар, Думэныщ Лианэ, Къэтей Фатимэ, Ажий Мурат, уэрэдымкIэ «Черкесия», «Абазги» ансамблхэр, адыгэ театрым и актёрхэр, лъэпкъ IэмэпсымэхэмкIэ «Пасэрей» ансамблыр, Ашыбокъуэхэ Азэмэтрэ Iэсятрэ, Чэнджэщауэ Артур сымэ.

Пшыхьым къыкIэлъыкIуащ адыгэ, абазэ щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм ягъэхьэзыра, щэху уэздыгъэхэр фэеплъ сыным и пащхьэ щызэпыгъэнэныр, зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъыр ягъэщыпкъэу. Мыбдежми щыIуащ «ИстамбылакIуэм» траухуа щыгъуэ макъамэхэр, уэрэдхэр, усэхэр.

ТУАРШЫ Ирэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *