Фэеплъым и зекIуэ

Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэр къызэрыщытхьрэ мы гъэм илъэс 80 зэрырикъуам теухуауэ, «Golden Eagles MC» мотоклубымрэ «Моя карьера» мысату автоном организацэмрэ Къэрэшей-Черкесым мотофестиваль щрагъэкIуэкIыну ящIа жэрдэмыр щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и Министерствэм къадищтэри, тхьэмахуэ кIуам и щэбэт махуэм спорт дауэдапщэ екIухэр республикэм щызэхаублащ. «Фэеплъым и зекIуэ» мотофестивалым хэтащ КъЧР-мрэ гъунэгъу хэгъуэгухэмрэ я мотоклубхэм щыщIэтхахэр, къалэдэсхэмрэ хьэщIэхэмрэ.

А махуэм республикэ къалащхьэм и Ут Нэхъыщхьэм деж юбилей махуэщIым ехьэлIауэ щылэжьащ Iэщэ здызэпкъралъхьэ-здызэпкърахыж, хъы здаблэ икIи зауэ операцэ хэхар здекIуэкI щIыпIэхэм щыIэхэр зыхуэныкъуэ шэху уэздыгъэхэр здагъэхьэзыр утыкухэр, нэгъуэщI куэди. Хьэпшып лъапIэхэри, иджырей мототехникэри къагъэлъэгъуащ. «ЗауэлIым-письмо» жыхуиIэ плIанэпэм еплъахэм лъэкIыныгъэ яIащ СВО-м къулыкъу щызыщIэхэм гум къикI псалъэ гуапэхэр хуагъэзэну, я гукъыдэжыр къаIэтыну.

Дауэдапщэм хэта цIыху пщIы бжыгъэм метр 60 зи кIыхьагъ урысей ныпыр утым щаукъуэдиящ.Урысей Федерацэмрэ Къэрэшей-Черкесымрэ я ныпхэмрэ ТекIуэныгъэм и Илъэс 80-м и нагъыщэр зытет щэкIымрэ къызэхуэсахэм хуагуэша нэужь, мотозекIуэм хэтхэр сатыру еувэкIащ, Кавказым и къурш щхьэдэхыпIэхэр зыхъумахэм я музей-фэеплъу Орджоникидзевскэ жылагъуэм дэтым зэрыкIуэнум хуэдэу. Абдеж, мафIэ Мыужьыхым и пащхьэм удз гъэгъахэр щагъэтIылъащ икIи Хэкум папщIэ зи гъащIэ зытахэм дакъикъэкIэ яхуэщыгъуащ. «Мыпхуэдэ дауэдапщэхэр — ар лъэхъэнэ зэхуэмыдэхэм халъхуахэр зэпызыщIэщ.

Абы икъукIэ зыхыдегъащIэ Хэку зауэшхуэм хэта лIыхъужьхэм я фэеплъыр зэрыпсэур. Мотофестивалыр къызэрырахьэжьэр фIыщ щIалэгъуалэр и къэралым иригушхуэу, и тхыдэ щIэиным пщIэ хуищIрэ жэуаплыгъэ зыхэгъэлъыным хуэхьэзыру гъэсэнымкIэ», — щитхащ и телеграм-каналым Темрезов Рэшид.

ЛЫХЬ Тимур


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *