Фэеплъ здэщымыIэм лъэпкъ щыIэкъым

Фэеплъ здэщымыIэм – тхыдэ щыIэкъым, Тхыдэ зимыIэм – щэнхабзэ иIэкъым, Щэнхабзэ здэщымыIэм – псэкупсагъэ щыIэкъым, Псэкупсагъэ здэщымыIэм – гъэсэныгъэ щыIэкъым, Гъэсэныгъэ здэщымыIэм – цIыху щыIэкъым, ЦIыху здэщымыIэм – лъэпкъ щыIэжкъым…

Иужьрейуэ сыбыр щIыналъэм дызэрыщыIэрэ илъэситI текIыжауэ (илъэс къэс дыкIуэн хуейуэ пщэрылъ зыхуэтщIыжауэ щытами), жэпуэгъуэм (октябрым) и 14-м, политикэ зэхэзехуэн ящIахэм я фэеплъ махуэр къыщыблагъэм ехъулIэу, Омск областым хыхьэ Тарэ районым икIуэда ди лъэпкъэгъухэм – адыгэхэмрэ абазэхэмрэ я фэеплъыр дгъэщыпкъэныр ди пщэрылъ нэхъыщхьэу гъуэгу жыжьэ дытехьащ. Мы кIуэгъуэмкIэ къызэщIэдубыдащ ТекIуэныгъэ Иныр ди къэралым къызэрихьрэ илъэс 80 зэрырикъуам ехьэлIауэ Сыбырым щедгъэкIуэкIыну фэеплъ Iуэхугъуэхэри.

Къэрэшей-Черкес Республикэм къыбгъэдэкIыу тхыдэ фэеплъыр хъумэныр зи пщэрылъ пажэу гъуэгу техьахэм ящыщщ гупым ди пашэу щыта, УФ-м и Къэрал Думэм и депутатым и дэIэпыкъуэгъу, абазэ лъэпкъым и нэхъыжьхэм я Советым хэт БЫЖ Исмел, «Черкес хэку» газетым и редактор нэхъыщхьэ, КъЧР-м щIыхь зиIэ и журналист, политикэ зэхэзехуэн ящIа адыгэхэмрэ абазэхэмрэ ятеухуауэ «Забвению НЕ подлежит» тхылъыр къыдэзыгъэкIа АБИДОКЪУЭ Люсанэ, Къубинэ къуажэм щыщ БУЛАТОВХЭ я унагъуэм къабгъэдэкIыу я нэхъыжь Абдулхамет, и щIалэхэу Азэмэт, Альберт сымэ. Ипэ дищын, жытIэнщи, Абдулхамет къыздэхъуари, и сабиигъуэм щыщ пычыгъуэфI здыщигъэкIуари Омск областым хыхьэ Большереченскэ районращ. Абы хиубыдэу щытащ нэхъыжьыр къыздалъхуа Кольцовкэ жылагъуэ цIыкIур. Ауэ нобэкIэ ар ящыщщ картэм икIуэдыкIыжа къуажэхэм…

Километр мин бжыгъэр – зы къытщымыхъуу Минводы текIыу Москва дынэзыгъэсыну кхъухьлъатэм зыщиIэтын хуей пIалъэм сыхьэтищкIэ блэкIауэ дежьами, абы ди гукъыдэжыр зэхимыкъутауэ, пщыхьэщхьэм ехъулIэу къэралым и къалащхьэм нэтхусащ. Сыхьэтищ текIа нэужьи, жэщ ныкъуэ хъуауэ, Омск лъэтэну кхъухьлъатэм дитIысхьэри, сыхьэтыр зэрыхъур зэрызэтемыхуэм къыхэкIыу, пщэдджыжьым жьыуэ 05-10-м, уэсыфI къыздеса сыбыр щIыналъэм дыкъыщетIысэхащ. Омск къалэм дыкъыщызэтеувыIакъым. Зэман дымыгъэкIуэду, къытпежьахэм дащIыгъуу, жэпуэгъуэм (октябрым) и 15-м Тарэ районым дыхуэзышэ гъуэгум дытехьащ. Ар Омск къалэм километр 300-кIэ пыIудза щIыналъэщ.

… Мыр си ещанэ кIуэгъуэщ Сыбырым. ИкIи, сыт щыгъуи схуэмыгъэщIагъуэр сыбыр дэсхэм, дызыхуеблагъэ районым щыпсэухэм къабгъэдэкI хьэщIэгъафIагъэращ, гуапагъэращ, сыт хуэдэ ди жэрдэмри фIэкIыпIэ имыIэу зэрагъэзащIэращ, нэхъыфIым я нэхъыфI щытыкIэхэр къызэрытхузэрагъэпэщращ. Мы кIуэгъуэри япэрейхэм зыкIи къащхьэщыкIакъым, уеблэмэ къызэрымыкIуэу фIыуэ зыхуагъэхьэзырауэ, дызэрыщыIэну пIалъэм и программэр икъукIэ гъэнщIауэ дрихьэлIащ. А пщэрылъ хьэлъэр сыт щыгъуи фIагъ лъагэ хэлъу зыхьыр Тарэ районым и унафэщI Лысаков Евгенийрэ администрацэм и лэжьакIуэ щыпкъэхэмрэщ. КъинэмыщIауэ, Iуэхур къызэрекIуэкIыр сыт щыгъуи и нэIэм щIэтщ, уеблэмэ едгъэкIуэкI фэеплъ Iуэхугъуэхэми къыддыхэтщ Омск областым и ХабзэкъэгъэщI ЗэIущIэм и депутат Адырбаев Марат.

ФIэхъус зыдох, саугъэтхэр зэIэпыдох Тарэ районым дызэрынэсу, лэжьэгъуэ махуэти, программэм къызэрыщыгъэлъэгъуам тету, япэ щIыкIэ драгъэблэгъащ администрацэм и Унэм, районым и унафэщIым фIэхъус етхын, дызэщIэупщIэн, щIыналъэм дызэрыщыIэну пIалъэм и программэм зыщыдгъэгъуэзэн папщIэ. Мыдэ, илъэс куэд хъуауэ зэкъуэш-зэшыпхъухэр зэрымылъэгъуамэ, IэплIэкъуэрагъкIэ зэрыримыкъужым хуэдэу, къытпежьащ Лысаков Евгений Николаевич. Гупым хэтым зырызу IэплIэ къыдишэкIащ, къытщIэупщIащ. Иужьым, зэпсэлъапIэ Iэнэм дригъэблагъэри, тегъэчынауэ къыджиIащ я щIыналъэм щедгъэкIуэкIыну фэеплъ Iуэхугъуэхэм сыт и лъэныкъуэкIи щIэгъэкъуэн зэрыщыдиIэнумкIэ. — Япэрауэ, икъукIэ ди гуапэщ, Кавказым къикIа адыгэхэмрэ абазэхэмрэ — сыбырдэсхэм къуэш-шыпхъу къытхуэхъуахэр, къызэрытхуеблэгъар. Сыт щыгъуи фыдищIасэщ. Дэ пщIэшхуэ фхудощI, дэркIэ фыщапхъэщ! АтIэ, илъэс 90-м щIигъу зытекIыжа зэхэзехуэныгъэ Iуэхугъуэхэм хэкIуэдахэр зыщывгъэгъупщэкъым, я фэеплъыр фохъумэ, зэIэпыфхыурэ фи щIэблэм явогъэцIыху. Ар щIыхьрэ пщIэ инрэ зыхуэфащэщ.

Дауи, сощIэ «Красный Черкес» жылагъуэр здэщытам къыщина кхъэм дежи, фэеплъ сынхэр здэщыт Пологрудови, Тарэ къалэхэми муслъымэн динырылажьэ фщIыгъуным фэркIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэм. Ари зыщыдгъэгъупщакъыми, фэеплъ Iуэхугъуэхэм фщIыгъунущ Тарэ мэжджытым и имам-хъатыб Ахметов Радик.

АдреймкIэ, фэеплъ Iуэхухэр зэфIэвгъэкIа нэужь, ди хьэщIэ лъапIэхэр фыхэтынущ къыфхузэдгъэпэща нэгузыужь щэнхабзэ программэм: дыхуейщ феблэгъэну Пологрудово жылагъуэм щыIэ, Тарэ дэт тхыдэ -краеведческэ музейм и къудамэм, «Наследие народов Карачаево-Черкесии» плIанэпэр къыздызэрагъэпэщам; абы къыкIэлъыкIуэу Атиркэ жылагъуэм дэт клубым белорус лъэпкъым и хабзэхэм зыщывгъэгъуэзэфынущ «Белорус унэжь цIыкIу»-м феблагъэкIэрэ; а жылагъуэм дэт, КъЧР-м къикIа хьэпшыпхэр здыщахъумэ музейри къыфпоплъэ; Бобровкэ жылагъуэ пхыдзам щыпсэу латышхэм къыфхузэрагъэпэщащ «Путешествие со вкусом. Латышские истории» нэгузыужь программэр. Абыхэми къинэмыщIауэ, Тарэ къалэм дэт район тхылъхъумапIэм щывагъэлъагъунущ политикэ зэхэзехуэн ящIахэм яхуэгъэза гъэлъэгъуэныгъэр: тхыдэ дэфтэрхэр, хьэпшыпхэр, тхылъхэр, КъЧР-м щыщ авторхэм я IэдакъэщIэкIхэри хэту. Сыбырым щыпсэу лъэпкъхэм я хабзэхэмрэ щэнхабзэ зэмылIэужьыгъуэхэмрэ нэIуасэ зыздыхуэфщIыну программэм и кIэухыу, уеблэмэ, а Iуэхухэм я гуIэфIтещIэжу щытынущ Большеречье жылагъуэм фызэреблэгъэнур.

Абдежым къыщыфпоплъэ музей гъэщIэгъуэныщэ, зыщIыпIи щывмылъэгъуа «Старина Сибирская» комплекс телъыджащэр. Къапщтэмэ, ди щIыналъэр зэрыкъулей лъэпкъ щэнхабзэхэмрэ дызэрыгушхуэмрэ ди хьэщIэхэм фэдгъэлъагъумэ икъукIэ ди гуапэщ, — жиIащ Лысаков Евгений. КъыкIэлъыкIуэуи, хьэщIэхэмрэ хэгъэрейхэмрэ зэхъуэжащ саугъэт лъапIэхэмкIэ: Черкесск, Тарэ къалэхэм я юбилей махуэщIхэм траухуа тхылъ гъэщIэрэщIахэмкIэ. Фэеплъ хуэIухуэщIэхэм – пщIэшхуэ яIэу Жэпуэгъуэм (октябрым) и 16-м, зэрыдихабзэу, пщэдджыжьым жьыуэ зыкъэтIэтри, Тарэ дикIыу Пологрудово дынэзышэсыну кхъуафэжьей (паром) къыIухьэпIэм дыкIуащ. Псым и адрыщI Iуфэм къыщытпэплъэт ди лъэпкъэгъу куэдым я гъащIэр здыщауха Пологрудово жылагъуэр…

Гуапэу къытпежьа кхъуафэжьейзехуэм дригъэблагъэри, ди гупсысэ хьэлъэхэр куу хъун дыхущIэмыхьэ щIыкIэ, гуауэ куэд зи нэгу щIэкIа Иртыш псым дызэпрысыкIащ… Жылагъуэ цIыкIум и утыку нэхъыщхьэм ит, щэнхабзэмкIэ Унэмрэ администрацэр здыщIэс хэщIапIэмрэ я зэхуаку дэт фэеплъ сынышхуэм – зэхэзехуэныгъэ хьэлъэхэм хэкIуэда адыгэхэмрэ абазэхэмрэ яхуэдгъэувам, и пащхьэ цIыхуцIэ зиIэр къыщызэхуэсагъэххэт. Псом хуэмыдэу, фэеплъ Iуэхугъуэм куэду хэтащ еджакIуэ цIыкIухэр, сыным тралъхьэну удз гъэгъахэр зыIыгъыу щытахэр… Сыт щыгъуи хуэдэу, дауэдапщэр езыгъэкIуэкIахэр къытепсэлъыхьащ политикэ зэхэзехуэныгъэхэр ди къэралым и лъэпкъи 100-м щIигъум зэралъэIэсам. Абыхэм ящыщу адыгэхэмрэ абазэхэмрэ сыбыр щIыналъэм зэрырахуауэ щытам и гугъу тегъэчынауэ ящIащ. Щыгъуэ пэкIум къыщыпсэлъащ Тарэ районым и унафэщIым и къуэдзэ Кива Александр, КъЧР-м икIа гупым ди пашэ Быж Исмел, динырылажьэм дыуэ яригъэщIащ… Фигу къэдгъэкIыжынщи, а фэеплъ сыныр къыщызэIутхауэ щытам, Къэрэшей-Черкесым хыхьэ къуажэ 23-м – зэхэзехуэн ящIа унагъуэхэр къыздыдашауэ щытахэм здитха щIы IэмыщIэ сыным и лъабжьэм щыдгъэтIылъауэ щытащ. Абы ипкъ иту, мы махуэм зэхэзехуэныгъэм хэкIуэда псоми дахуэщыгъуащ, я псэр тыншыжынуи дыуэ тращIащ. Апхуэдэ къабзэу, сыт щыгъуи хабзэфI зэрахуэхъуауэ, къызэгъэпэщакIуэхэм удз гъэгъам шэху уэздыгъэ зэщIэгъэна хэлъу Иртыш псым траутIыпщхьащ.

А хабзэфIыр дгъэзэщIащ хьэщIэхэмрэ хэгъэрейхэмрэ дызэщIыгъуу. ПэкIу нэужьым зыщытплъыхьащ Пологрудово музейм, КъЧР-м икIа хьэпшып куэд здыщIэлъым; къинэмыщIауэ, зауэ щIыхьым и пэшым. Мыбдежым къыхэдмыгъэщыну Iэмал иIэкъым мы жылагъуэм и унафэщI Башуков Сергей пщIы бжыгъэрэ СВО-м псапащIэ гулъэ ишэу зэрыщыIар, ТекIуэныгъэр къэтхьыхукIэ а Iуэхур зэрызэпимыгъэунуми дыщигъэгъуэзащ. Нэхъыбэжи жытIэнщи, Сергей и щIалэр зауэ операцэ хэхар къыщыщIидза махуэм щегъэжьауэ абы щыIэщ. Жылагъуэм и лIыщхьэм дигъэлъэгъуащ зауэр здекIуэкI щIыналъэм къыздриша хьэпшыпхэр, бийм къигъэсэбэп Iэщэхэм ящыщхэр, «Баба Яга» зыфIаща Iэщэ угъурсызри. И ныбжьэгъухэми, жылагъуэдэсхэми зызэщIагъакъуэурэ псапащIэ гулъэхэр зэпымыууэ дяпэкIи зэрашэнур къыщIигъужащ Башуковым. «Белорус унэжь цIыкIу»-м доблагъэ Пологрудово фэеплъ сыным деж хуэIухуэщIэхэр щызэфIэдгъэкIа нэужь, зыдмыIэжьэу ди гъуэгум пытщащ икIи дынэсащ Атиркэ жылагъуэм. Зэуэ жысIэнщи, зэхэзехуэныгъэм хэхуа ди лъэпкъэгъу мы жылагъуэ цIыкIум щыпсэуауэ (зы нэрыбгэ — тIу дэсагъэнкIэ мэхъу) тхыдэм къыхэщкъым. Арами, мы жылагъуэм щыщ пщащэ цIыкIум – Згрундэ Анастасие ищIа творческэ лэжьыгъэм и фIыгъэкIэ, хэгъуэгухэр зэпыщIа дыхъуащ, икIи, къуажэм дэт еджапIэри, музейри зэи гулъытэншэу къэдгъанэкъым. Мы еджапIэм хэт музейм щIэлъщ КъЧР-р зыгъэбелджылы хьэпшыпхэр. ИкIи, ар зи нэIэм щIэт, еджапIэм и унафэщI Терещенко Иринэ иригушхуэу къытопсэлъыхь ди зэпыщIэныгъэхэр икъукIэ зэригуапэм, абыхэм нэхъри загъэубгъуным зэрыщIэхъуэпсым. Мы махуэм жылагъуэдэсхэм къытхузэрагъэпэща программэм хэтт белорус хьэщIэ гъафIагъым дыхагъэплъэныр: щэнхабзэмкIэ хэщIапIэм къыщытпежьащ къуажэм и Iэтащхьэ Кириллов Иван я пашэу, IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэр, белорус щыгъынхэмкIэ зэщыхуэпыкIауэ, а лъэпкъым и уэрэдхэмрэ усэхэмрэкIэ драгъэблагъэу. Къытхуагъэува Iэнэр къикъутэт сыбыр щIыналъэр зэрыкъулей ерыскъыхэкIхэмкIэ, белорусхэм я лъэпкъ шхыныгъуэ «драник»-ри хэту. Транспорт лъэщкIэщ узэрынэсыфынур «Красный Черкес» щIыпIэм щыIэ муслъымэныкхъэм.

КъыкIэлъыкIуэ ди къэувыIэпIэр – ди лъэпкъэгъухэр здыщетIысэха, «Красный Черкес» къуажэ цIыкIур здэщыта, муслъымэныкхъэр къыздина щIыпIэм дежт. Ауэ, абы дынэсын ипэкIэ, дэ дыхуозэ зы илъэс 40 хуэдизкIэ узэIэбэкIыжмэ цIыху щэ бжыгъэ здыдэса Имшегал жылагъуэм. СыщIэупщIащ нобэкIэ абы цIыхуу дэсыжым. Си ныбжьэгъу зэщхьэгъусэхэу Гриневичи къуажэм щыщ Ерошевскэхэ Алексейрэ Светланэрэ къызатыжа жэуапым си гур къигъэувыIэ пэтащ – Имшегал къыдэнэжар нэрыбгэ 20-м щIигъу къудейщ… Фигу къэзгъэкIыжынщи, 2023 гъэм иужьрейуэ Сыбырым сыщыщыIам, зэгуэр къуажэшхуэу щыта Имшегал (сыбыр мардэкIэ плъытэмэ) иджыри цIыху 95-рэ щыпсэут. ЗэрыхъумкIэ, илъэситIым къриубыдэу, нэрыбгэ 67-м къуажэр ябгынащ.

СызэреплъымкIэ, зы илъэскIэ а къуажэм зы цIыхуи къыдэнэжынукъым. Абы иужь Имшегал жылагъуэр, зэгуэр Кавказым ирахуа адыгэхэмрэ абазэхэмрэ гъаблэм къезыгъэла къуажэшхуэр, сыбыр картэм икIуэдыкIыжынущ, нэгъуэщI къуажэ мин бжыгъэм хуэдэу. Сыту ар зыхэпщIэну гуауэ… Транспорт лъэщкIэ мыхъумэ «Красный Черкес» щIыпIэм, абы щыIэ муслъымэныкхъэм уекIуэлIэфынукъым. Ари гурыIуэгъуэщ. АтIэ, иужьрейуэ а щIыпIэм цIыху зи цIэ щыпсэуар 1951 гъэхэращ… ИужькIэ, абы зи лъэ изыхьар зырызыххэ дыдэщ, Аргун Хьэлым (Тхьэм здэщыIэм щигъэтынш) фэеплъ гъуэгур хишкIэрэ.

Апхуэдэу, дэри, къытщIыгъухэри зидгуэшащ сыт хуэдэ ятIэ-псылъэми пхыкI трэколым, «Хищник» цIэ шынагъуэр зиIэм, иджыри нэгъуэщI зы автотранспорт лъэщ дыдэкIэ «Красный Черкес» хэщIапIэм дынашэсащ. Хабзэм зэрытету, япэ щIыкIэ кхъэм и ихьэпIэм динырылажьэр щетIысэхри, Тхьэм елъэIуащ, дыуэ ятрищIащ хьэкъи лажьи зимыIэу зэхэзехуэныгъэхэм хагъэкIуэда ди лъэпкъэгъу тхьэмыщкIэхэм, уеблэмэ нэмэз щIыгъуэр къэсати, абдеж ари щигъэзэщIащ… ЛъэгуажьэмыщхьэкIэ лъэгум щысу дин хуэIухуэщIэхэр ягъэзэщIащ Быж Исмели, япэ дыдэ кхъэм екIуэлIа Булатовхэ я унагъуэм щыщхэми. Сыбырым сежьэн ипэкIэ, сызэрыкIуэм и хъыбарыр зэхэзыха ди нэхъыжьыфI Молэ Рэшид (ар къыздэхъуари и лъэпкъыр здрагъэкIауэ щыта Сыбыр щIыналъэращ) си деж телефонкIэ къэпсалъэри къызэлъэIуащ адыгэдэ здэсхьу, кхъэм ихъуреягъым, е пэгъунэгъуу щыдгъэтIысыну.

«Езыхэр здрагъэкIауэ щыта щIыналъэм щыщ жыг къыщыкIмэ, ари я псэм лъэIэсынкIэ хъунущ» жиIащ… Ди нэхъыжьым и лъэIур дгъэзэщIащ. Атиркэ жылагъуэм и Iэтащхьэ Иван Иванович джыдэкIэ щIыр къриудурэ, адыгэдэр щедгъэтIысэкIащ кхъэм къыпэщыт щIыгум. Тхьэм делъэIунщ щIым ищтэну… КъинэмыщIауэ, сыбыр кIуэгъуэ къэс апхуэдэ хабзэм трагъэувауэ, абдеж мэл щаукI, IэфIIуфIхэри щIагъужри, сэдэкъэ папщIэу тхьэмыщкIэхэм хуагуэш. Мыпщыгъуэми апхуэдэу тщIащ. Динырылажьэ Ахметов Радик а Iуэхур нэгъэсауэ игъэзэщIащ… Ахъшэ къысхуезыгъэхьа унагъуэхэм къабгъэдэкIыуи псапэ Iуэхум ахэр зэрыщыту хэслъхьащ. Сэдэкъэр зыхуэдгуэшахэм Тхьэм я псэм лъигъэс…

***

Фэеплъ Iуэхугъуэхэм пытщащ къыкIэлъыкIуэ махуэми. Жэпуэгъуэм (октябрым) и 17 пщэдджыжьым КъЧР-м икIа гупыр, хэгъэрейхэри тщIыгъуу, удз гъэгъахэр тIыгъыу декIуэлIащ Тарэ къалэм дэт кхъэжьым. Абы и дыхьэпIэм деж ди хэкуэгъу Аргун Хьэлым тхьэмыщкIэм езым и жэрдэмкIэ щиухуауэ щытат фэеплъ сын.

Фигу къэзгъэкIыжынщи, зэхэзехуэныгъэхэр щыщыIа зэманым ди лъэпкъэгъу куэд щаукIащ мы къалэм. Кхъэм щыщIамылъхьэжами, а къалэм и Iэхэлъахэм я хьэдэхэр щIэлъщ. Апхуэдэ гъэлъэгъуэныгъэхэр архивхэм къыхощ. АтIэ, апхуэдэ насыпыншагъэ къызэхъулIахэм я фэеплъыр дигу имыхун папщIэ, Тарэ къалэм сын дэтын хуейуэ къилъытауэ щытащ Хьэлым, икIи игъэуват. А IуэхумкIэ Быж Исмели дэIэпыкъуэгъу хуэхъуауэ щытащ…

Сыным декIуалIэри, мыбдежми дыуэ щытщIащ, удз гъэгъахэр щыдгъэтIылъащ. ГукъэкIыжхэр, я нэгу щIэкIар къазэрыщыхъуар, фIыщIэ псалъэхэр…

БЫЖ Исмел:

— Зэманым укIэлъымыхьэу блолъэт. ИлъэситI текIыжащ фэеплъ Iуэхугъуэхэр щыдгъэзащIэу иужьрейуэ сыбыр щIыналъэм дызэрыщыIэрэ. Ауэ напIэдэхьеигъуэу кIуащ а пIалъэр. Шэч хэмылъу, къыбгурыIуэн хуейщ фэеплъ сыныр ауэ сытми щытын щхьэкIэ зэрамыухуэр. Ар — фэеплъыр здахъумэщ, зи щхьэр здыщагъэщхъщ, зэхэзехуэныгъэхэм къыпэкIуа гугъуехьхэмрэ ятелъа хьэзабымрэ къызылъысахэр ягу къыздагъэкIыжщ. Сыт щыгъуи хуэдэу, иджырей ди къэкIуэгъуэр хуабжьу фэеплъ IуэхугъуэхэмкIэ гъэнщIауэ къызэгъэпэща хъуащ.

ТIэкIу ипэ къихуэу дыкъызэрыкIуами щхьэусыгъуэ иIэщ. Мыр Сыбыр щIыналъэщ, жьыуэпсыр хуабжьу здэхьэлъэщ, здызэIыхьэ зэпытщ. Абы къыхэкIыу, Тарэ районым и унафэщI Лысаков Евгенийрэ сэрэ дызэчэнджэщри, нэхъ пасэу дыкъэкIуэну тедубыдащ, дыкъезыгъэблагъэхэм я лъэкIыныгъэхэри къыхэтлъытащ. ДызэрыщыIа махуэ бжыгъэм си нэгум щIэта Iуэхугъуэхэм къысхуагъэуша гупсысэхэр акъылым пхуигъэтIасэкъым. Мыр ебгъуанэ сыкъокIуэри, сыт щыгъуи хуэдэу дыкъезыгъэблэгъахэр фIагъ лъагэ зыхэлъу къытпожьэ, дызыхуей дыхуагъазэ.

Дыкъыщежьам зыхуэдгъэувыжа къалэнхэм я гугъу пщIымэ, нэхъыщхьэр «Красный Черкес» щIыпIэм дынэсынрат, дин хуэIухуэщIэхэр ди лъэпкъэгъухэр здыщIэлъ муслъымэныкхъэм щыдгъэзэщIэнрати, псори дэ дызэрыщыгугъам нэхърэ нэхъыфIыжу зэфIэдгъэкIыфащ. А кхъэм щIэлъщ си зы къуэш нэхъыжь… Адрей си къуэшитIыр здыщIэлъыр тщIэххэкъым: баржэр къэувыIэри, псы Iуфэм пэмыжыжьэу щыщIалъхьэну сыхьэт ныкъуэщ иратар… Апхуэдэ гъащIэ дапщэ зэхакъута?! ФIыщIэ ин яхудощI ди Iуэхухэр икIэм нэс къыддэзыщIэ ди ныбжьэгъухэм, Тарэ район администрацэм и лэжьакIуэ щыпкъэхэу Кива Александр, Красноперов Александр сымэ; дыздэпсэуа «Лесная поляна» щIыпIэм и унафэщI Цыганков Андрей. Дэтхэнэми ди гумрэ ди псэмрэ къабгъэдэкI фIыщIэ яхуэфащэщ. Пологрудово, Атиркэ, Имшегал, Тарэ, Большеречье, Бобровкэ… Дэнэ дежи программэм къриубыдэу къызэрымыкIуэу щэнхабзэ Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэныщэхэр къытхузэрагъэпэщащ. Абыхэм дызэпащIэ, ди щэнхабзэхэмкIэ зэпэгъунэгъу дызэхуохъу. Ди гуапэу музейхэм, библиотекэхэм тыгъэ яхуэтщIащ Къэрэшей-Черкесым и къекIуэкIыкIар къэзыгъэлъагъуэ тхылъхэр, дызэхъуэжащ адресхэмкIэ. АтIэ, дызэхуотхэ, саугъэтхэр къахудогъэхь, уеблэмэ сыт щыгъуи Кавказым къыдогъэблагъэхэ.

Мыгъэрей ди кIуэгъуэр нэгъуэщI зы IуэхуфIкIи гъэнщIауэ щытащ: дэ къыткъуэуващ цIыхущIэхэр – си классэгъуу еджапIэр къыздэзыуха, ауэ Омск областым хыхьэ Большеречье районым къыщыхъуа Булатов Абдулхаметрэ (псоми къызэрацIыхур Колящ) и щIалэхэмрэ.

Си ныбжьэгъум и унагъуэр хэкужьым къыщыкIуэжар ди лъэпкъэгъухэр Сыбырым къызэрикIыжрэ илъэс пщыкIутху текIыжауэщ. 1966 гъэм Булатовхэ Къубинэ къыдыхьэжауэ щытащ. Сыбыр дызэрежьэнур, кхъэм дызэрекIуэлIэнур къыщащIэм, зыкъыспащIэри, унагъуэм щыщ цIыхухъухэр ныддэкIуэну зэрыхуейр къызжаIащ.

Хуабжьу си щхьэкIэ гуапэ сщыхъуащ си ныбжьэгъужьым и сабиигъуэр здыщигъэкIуа щIыналъэм игъэзэжыну, къытщIэтаджэ щIалэгъуалэм фэеплъ Iуэхугъуэхэр яIэщIэтлъхьэну лъэкIыныгъэ зэрыдгъуэтар. ЩIалэхэм: Азэмэтрэ Альбертрэ гукъыдэж ин яIэт адэр къыздэхъуа щIыналъэм кIуэну, абы къина я Iыхьлыхэм нэIуасэ зыхуащIыну, нэхъыщхьэжыр арати, кхъэм щIэлъ я Iыхьлыхэм, ди хэкуэгъухэм я щхьэр хуагъэщхъыну. Гуапэ зэрыхъуну, ягу ираубыда псори зрагъэхъулIащ, уеблэмэ и адэм къыдалъхуауэ сыбыр щIыналъэм къина Iыхьлы пщIы бжыгъэм нэIуасэ зыхуащIащ, мыжей жыхуаIэм хуэдэу жэщ-махуэкIэ зэбгъэдэсащ. Ди нэгу щIэкIа псори псалъэкIэ къыпхуэIуэтэнукъым, ар плъагъун, псэкIэ зыхэпщIэн хуейщ, псом хуэмыдэу, къохьэлIауэ щытмэ. Мы фэеплъ Iуэхугъуэхэм къагъэуш уи лъэпкъым и къекIуэкIыкIам и тхыдэр, абы къызэщIиубыдэ Iуэхугъуэ хьэлъэхэр. СакIэлъыплът си ныбжьэгъум и щIалитIым дызыхэт Iуэхугъуэхэр къазэрыщыхъум: сыбыр мэзыр, хэкур зрагъэбгынахэм къакIуа гъуэгуанэр, дезыгъэблэгъа сыбырдэсхэр… ИкIи, слъагъут абыхэм псалъэ зэрахуримыкъур.

Сыт щыгъуи жызоIэри, Сыбырым хьэкъыншэу икIуэда ди лъэпкъэгъухэр зыщыдгъэгъупщэну, фэеплъ сынхэм кIэлъымыплъIауэ, гулъытэншэу къэдгъэнэну лъэпкъхэм хуитыныгъэ диIэкъым. Гуапэщ пологрудовэдэсхэми, Тарэ щыщ ди ныбжьэгъухэми фэеплъ сынхэр гулъытэншэу къызэрамыгъанэр. Мыбдежхэм тхыдэ фэеплъ Iуэхугъуэхэр щрагъэкIуэкI зэпыт, апщыгъуэми ягу къагъэкIыж политикэ зэхэзехуэныгъэхэм хэкIуэда ди лъэпкъэгъухэри, Сыбыр щIыналъэм икIыу Хэку зауэшхуэм Iута адыгэ-абазэ щIалэ щыпкъэхэри. Псом нэхъыщхьэу сыт щыгъуи дигу идмыгъэхур Къэрэшей-Черкесымрэ Сыбырымрэ зэкъуэшыныгъэ быдэкIэ дызэпызыщIа ди нэхъыжьхэращ, нобэ къытхэмытыж, ауэ дигухэм имыху Аргун Хьэлым, ТэкIушынэ Николай сымэщ. Тхьэм здэщыIэм щигъэтыншхэ.

Сыбыр щIыналъэм икIуэдахэм я фэеплъыр мыкIуэдынымкIэ абыхэм зэфIаха Iуэхухэр уасэ зимыIэщ. Сэ сыт щыгъуи согъэщIагъуэ ди фэеплъ махуэр сыбырдэсхэм къызэрыддаIыгъыр, къызэрыддэщыгъуэр. АтIэ, езыхэм зэрыжаIэу, дэ щапхъэ догъэлъагъуэ укъызытехъукIахэр пщымыгъупщэ зэрымыхъунымкIэ. «Апхуэдиз гъуэгуанэ зэпыфчу кхъэм фыкъакIуэу, дунейм ехыжахэм фи щхьэр зэрахуэвгъэщхъыр зыхуэбгъадэ мыхъун гъэсэныгъэ Iуэхущ. Лъэпкъыу хъуам щапхъэ къыфтрахын хуейщ» къыджаIэ… Догугъэ щIэблэкIэрэ зэIэпытхыурэ Сыбыр икIуэда ди лъэпкъэгъухэм я фэеплъыр тхъумэну. НобэкIэ фэеплъыр псэущ! БУЛАТОВ Абдулхамет хуэгъэзауэ: «Абдулхамет нэхъ ямыIэу и адэ-анэр щызэбгъэдэкIыжым, адэм нэгъуэщI унагъуэ ищIэжащ. ЩIалэ цIыкIур ипIыну ищтащ и адэм и адэшыпхъу Гуащэпагуэ. Анэ къыхуэхъуа Гуащэпагуэрэ абы и щхьэгъусэ, къэзахъ лъэпкъым къыхэкIа Аманджолрэ сабийр езыхэм яйуэ щIатхэри, аращ «Булатов Абдулахмет Аманджол и къуэ» жэуэ и дэфтэрым щIратхари. Гуащэпагуэщ, къапщтэмэ, тщIыгъуа Азэмэтрэ Альбертрэ, абы я шыпхъу закъуэ Фатимэ сымэ «мамаду» (нанэ) зыжраIэу яIар, я дадэри фIыщэу ялъагъу Аманджолт. ЩIалитIым зэрыжаIэмкIэ, Аманджол и гъащIэр хуабжьу хьэлъэу къекIуэкIащ. И Iыхьлыхэм къыхуадэтэкъым Шыбзыхъуэ Гуащэпагуэ унагъуэ дищIэну, сыту жыпIэмэ, Аманджол и унагъуэм Къэзахъстаным деж увыпIэ лъагэ щаIыгът, зэрыжаIэжу щытамкIэ, и адэм IэнатIэшхуэ зэрихьэт. Арати, фIыуэ илъэгъуа пщащэр къызэрырамыгъашэм къыхэкIыу, Аманджол и лъэпкъым яхуиIа пыщIэныгъэр зэпичри, зэи захуигъэзэжакъым. Абдулхамет Къубинэ къэкIуэжащ Аманджолрэ Гуащэпагуэрэ ящIыгъуу. Аманджол езыр къыздэхъуа хэкум къикIыу письмо къыIэрыхьэ зэпытт. ФIы дыдэу ящIэж ахэр къызэтримыхыу мафIэм пэридзэу зэрыщытар. Апщыгъуэми, нэпсхэр къежэхыу гъыт. Апхуэдизу игу хагъэщIагъэнти, яхуигъэгъутэкъым.

Абдулхамет игу къегъэкIыж:

— ЕтIуанэ классым сыщеджэт ди Хэкужь дызэрырагъэкIар щысцIыхум, сыту жыпIэмэ ди унагъуэм а псалъэмакъыр зэи щыужьыхтэкъым, жаIэт Кавказым дыкъызэрикIар. Шыбзыхъуэхэ Хэкур щIыдагъэбгынам и щхьэусыгъуэуи къаIуатэт бжьаIуэ ин дыдэ, щхьэл, шы гуартэхэр, былым куэду зэрыдиIар. Сэ сыкъыздэхъуар Кольцовкэ жылагъуэ цIыкIуращ. НобэкIэ абы зыри щыпсэужкъым, къуажэри щыIэжкъым. Ауэ, Шыбзыхъуэхэ зэкъуэш куэд дыдэ хъууэ, псори дыздэпсэуар абдежщ. Си адэри, абы и унагъуэщIэри гъунэгъу унэхэм щIэст….

Хэкум дыкъэзышэжыну къыткIэлъыкIуауэ щытар Шыбзыхъуэ Уэсмэнщ, ар си гъунэгъу адэкъуэшщ. Уэсмэн щыщIалъхьэжащ Инжыджышхуэ къуажэм. Абы хуабжьу хыхьэхэкI иIэт. Облисполкомым и тхьэмадэу тета Боташев Мыхьэмэт и ныбжьэгъушхуэт. Къапщтэмэ, япэ дыдэ реабилитацэр зыщIауэ щытар Уэсмэнщ. Ар зи къуэр зэкъуэш дадэшхуэхэм я нэхъыжь Абдулт. ХэкуикIыныгъэ Iуэхум ипэ махуитIкIэ къихуэу Абдул Черкесск деж щаукIауэ щытащ… Апхуэдэу, зэрылъхузэрыпIым щыщу зыри Сыбырым дыкъимынэу Къубинэ дыкъэкIуэжащ. Ауэ мазэ иримыкъуауэ, си адэ дыдэм и унагъуэм заIэтри аргуэру Сыбырым кIуэжахэщ, здеса щIыналъэм щыпсэумэ нэхъ къыхахри. Сэ анэ схуэхъуа Гуащэпагуэрэ адэ схуэхъуа Аманджолрэ я гъусэу сыкъэнащ. Япэхуным, мазиплI хуэдизкIэ Уэсмэн деж дыщыпсэуащ. ИтIанэ, дызыщыпсэун гуэр щызэфIагъэувэм, абы дыкуэшыжащ… Сыбырым дыщыщыIам сэ кольцовскэ пэщIэдзэ еджапIэм еплIанэ классыр къыщызухат. Ауэ, ди гъунэгъу Рямовкэ жылагъуэ цIыкIум сагъэкIуакъым, абы дэтыр интернатти, «хэт ар абы зышэ къэзышэжу Iутынур» жаIэри… Иужьым, дубровскэ пэщIэдзэ еджапIэм сыщIагъэхьэри, аргуэру зэ ещанэ классым сыщеджэжащ. Къубинэ сыкъыщыкIуэжам еплIанэ классым сыхагъэтIысхьат. Ауэ махуэ 15 фIэкI семыджауэ, зы класскIэ нэхъ лъагэу сыдрагъэкIуеяуэ щытащ, «программэр зэрызгуэщIыфым къыхэкIыу».

Си адэ дыдэм унагъуэ ищIэжа нэужь, сабийуэ 8 къащIэхъуэжащ. НобэкIэ псэужыр плIыщ: Уэлий, Мурат, Валя, Машэ сымэщ. Си адэ дыдэр дунейм щехыжам, Сыбырым сыкIуэфакъым. Ауэ дунейм тетыхункIэ куэдрэ Къубинэ къакIуэу, дызэкIэлъыкIуэу щытащ. Мис, иджы Сыбырым сыкъыщыкIуаращ къыщысцIыхуар си анэ Гуащэпагуэ — си адэшхуэм и шыпхъуу зэрыщытар. Нэхъыбэжи жысIэнщи, си гъащIэ псом си адэшхуэу слъытаратэкъым, атIэ Камэт си адэшхуэр. ЛъыкIэ си адэ дыдэ Мухьэмэд и кхъащхьэдэсэм тетщ абы и адэм и цIэр — Камэ.

Ар Гуащэпагуэ и дэлъхут. ДыщыIащ си адэр, къыздалъхуахэр здыщIэлъ кхъэм. Си адэм и кхъащхьэдэсэм къыщыслъэгъуащ «Михаил Николаевич» жэуэ тету, ищIагъым «сын Камы» жэуэ кIэщIэтхэжат. Абы нэгъунэ сцIыхуатэкъым Камэ си адэшхуэу. Мис, а хъыбархэм сыщыгъуазэтэкъым. И гугъу сщIымэ си гуапэщ Шыбзыхъуэ Хъанджэрий – ар Сыбыр щIыналъэм икIри зауэм дашауэ щытащ, хахуэу Хэку зауэ шхуэм хэтащ. Дунейм ехыжыхункIэ Хъанджэрий еханэ шахтэм, нэгъуэщIу жыпIэмэ, Малокурганнэ жылагъуэм щыпсэуащ. ЗэпыщIэныгъи зэхудиIащ. Аманджол 1992 гъэм, Гуащэпагуэ 1997 гъэм дунейм ехыжахэщ. Дунейм сытетыхукIэ фIыщIэ мыухыж яхуэсщIынущ сызыпIа си адэанэм, гу хуабагърэ псэ IэфIагърэ къызбгъэдэзылъхьа Аманджолрэ Гуащэпагуэрэ. Зы фIы гуэр щыIэмэ Тхьэм ахърэтым къабгъэдилъхьэ. АдреймкIэ, Сыбырым сыкъэкIуэну, дунейм ехыжа си Iыхьлыхэм я кхъащхьэм сыIуплъэжыну, къыздалъхуа си дэлъхухэмрэ си шыпхъухэмрэ, абыхэм къащIэхъуахэр слъагъуну схузэфIэзыгъэкIахэм яхуэмыфащэ щыIэкъым, фIыщIэ мыухыж сыпсэухукIэ яхуэсщIынущ. Си гуращэр – илъэс плIыщIым нэсауэ сызыщIэхъуэпсар къызэхъулIащ! Тхьэм фигъэпсэу хэти жызоIэ!

БУЛАТОВХЭ Азэмэтрэ Альбертрэ:

— Мы Сыбыр кIуэгъуэм куэдрэ зыхуэдгъэхьэзырауэ щытащ. Дыхуейт къэтцIыхуну ди адэм къыдалъхуахэр, къызытекIахэр — щIэблиплI-тху хуэдизкIэ узэIэбэкIыжмэ, Хэкур зрагъэбгынауэ щытахэр, Сыбырым къина Iыхьлы-Iэулэдхэм я хъыбар. Ди адэр иужьрейуэ Сыбырым къыщыкIуауэ щытар 1986 гъэрат… И къуэшри иужьрейуэ ди деж щыщыIар 1987 гъэрат. Абы иужь зэкIэлъыкIуэжыфахэкъым… Пэжщ, адэкIэ къыдалъхуа и къуэш-шыпхъухэм зэм-зэми телефонкIэ япсалъэми, зэпыщIэныгъэр ямыгъэкIуэдми, иджыри куэдым дыщыгъуазэтэкъым, упщIэхэр гъунэжу зэхэмыгъэкIауэ къанэт. Дыхуейт хэт дунейм ехыжами зэдгъэцIыхуну, здыщагъэтIылъыжам дыкIуэну, ди щхьэр яхуэдгъэщхъыну, абыхэм къащIэна щIэблэхэм нэIуасэ захуэтщIыну. Гухэлъу диIэр куэдыщэт. Ауэ, ди адэм тIэунейрэ инсульт зэриIам къыхэкIыу, таучэл тщIыфтэкъым, зэ тедубыдэти, итIани зэдгъэтIылъэкIыжт, и узыншагъэм дзыхь хуэдмыщIу, кIуэну зэрыхуейр къыхунэмыгъэсыжу тлъагъу пэтми. ИтIанэ, Быж Исмел ди адэм телефонкIэ къыхуищIу Сыбырым кIуэну зэрызыхуигъэхьэзырымкIэ хъыбарыр къыщыжриIэм, унагъуэм щIэс цIыхухъухэм къыдгурыIуащ дыщежьэн пIалъэр къызэрынэсар, дызэгъусэу дыкIуэн, фэеплъ Iуэхугъуэхэм дыхэтын зэрыхуейр.

… Ди адэм и шыпхъум ипхъу Альфия Большеречье жылагъуэм къыщытIущIам, а тIум IэплIэ щызэхуащIам, дауи, ар зылъэгъуауэ хъуам я нэпс къафIекIуащ. А махуэм щегъэжьауэ, зэкIэлъхьэпыту махуитIкIэ ди адэм къыдалъхуахэм, абыхэм я быныжхэм зызэщыдмыгъэнщIу дахэсащ, дымыгъуэлъу, зэжетIэр тфIэмащIэу дызэпсэлъахэщ. НобэкIэ ди адэм къыдалъхуауэ зэкъуэшитIрэ зэшыпхъуитIрэ иIэжщи, абыхэм къащIэхъуэжа бынхэр къызэрымыкIуэу куэдщ. IыхьлыкIэ дехъулIащ! ПсалъэкIэ къытхуэIуатэкъым ди гум щыхъэр. Япэрауэ, ди адэр илъэс 40-м зэрынэхьэсауэ зыщIэхъуэпса и гуращэр дгъэзэщIащ. Илъэгъуащ и адэшхуэхэр, анэшхуэхэр, и адэр, нэгъуэщI къыдалъхуахэр здыщIэлъхэр, и щхьэр яхуигъэщхъащ… ФIыщIэ мыухыж худощI Быж Исмели, мы зекIуэр къызэзыгъэпэщахэм, дытезыгъэгушхуахэм, дыкъызытехъукIахэр къыздырикIуауэ щыта сыбыр гъуэгуанэм зэрызыщыдгъэгъуэзам, кхъэм дызэрыщыIам щхьэкIэ. Щхьэихауэ фIыщIэ ин яхуэфащэщ ди хэгъэрейхэм, сыбыр ныбжьэгъухэм. Абыхэм я псэ хуабагъыр, цIыхуфIагъымрэ гуапагъымрэ тхуэIуатэкъым.

Дгъэщыпкъэу жытIэфынущ Сыбырым икIуэда ди лъэпкъэгъухэм я фэеплъыр хъумэныр ди нэхъыжьхэм къазэрыIэпытхыр, фэеплъыр зэрыдмыгъэкIуэдынур. «Тарэ – Къэрэшей-Черкес» Мыпхуэдэ щхьэщIэдзапIэм щIэту екIуэкIащ куэд щIауэ ныбжьэгъугъэ зэпыщIэныгъэ зыхудиIэ Тарэ район библиотекэм къыщызэрагъэпэща нэгузыужь Iуэхугъуэр. Псом нэхъыщхьэу, драгъэблэгъащ жэпуэгъуэм и 30-м – политикэ зэхэзехуэн ящIахэм я фэеплъ махуэм ехъулIэу библиотекэм игъэхьэзыра гъэлъэгъуэныгъэм.

«Ди гуапэщ зы илъэс дэмыкIыу жыхуаIэм хуэдэу къуэш къытхуэхъуа, КъэрэшейЧеркесым къикIа ди ныбжьэгъухэр сыбыр щIыналъхэм къызэрытхуеблагъэр. Ахэр къыщIеблагъэм и щхьэусыгъуэр къызэрымыкIуэ фэеплъ Iуэхущ – лIыщIыгъуэ блэкIам адыгэхэмрэ абазэхэмрэ къайхъулIа насыпыншагъэхэр, я лъэпкъэгъухэр зэрагъэкIуэдар яхъумэ. Ар уасэншэщ. Ди хьэщIэхэм папщIэ къызэдгъэпэщащ гъэлъэгъуэныгъэ зыбжанэ, а зэманым щыгъуэ Тарэ районым щрагъэкIуэкIа Iуэхугъуэхэм, политикэ зэхэзехуэныгъэхэм къапэкIуам, цIыху щхьэхуэхэм я гъащIэр къэдгъэлъагъуэу. Ди гуапэ дыдэуи дызэхъуэжащ саугъэт тхылъхэмкIэ. Сыту телъыджащэт Бобровкэ! Тарэ къалэм километр 50 хуэдизкIэ пэжыжьэщ латыш лъэпкъыр зыщыпсэу Бобровкэ жылагъуэ цIыкIур. Унэ 60 хуэдиз зытес хьэблэм (жылагъуэр зы хьэблэ фIэкI хъукъым) дыдэлъэда къудейт ипэкIэ зэхэзмыха бзэмкIэ уэрэдым щэнхабзэмкIэ унэр зэщIиIэтэу къыщыIуам…

ЩэнхабзэмкIэ IуэхущIапIэми зэуэ уIуоплъэ: ар къыхощ тхышэ цIыкIу хъуа адрей унэхэм. Сыбыр мэзым щIигъэна щIыпIэ дахэм ит жылагъуэ цIыкIум дэсыр столыпин реформэхэм я зэманым мы щIыналъэм зэгъэуIуауэ щетIысэха, илъэси 128-м щIигъуауэ мыбдеж щыпсэу латышхэращ.

Латыш щыгъынкIэ зэщыхуэпыкIауэ къытпежьа бзылъхугъэ гуакIуэхэр: Ольгэ, Галинэ, Аксанэ сымэ зым зым пидзэжу къытхутепсэлъыхьащ я жылагъуэ цIыкIум и къежьапIэм. «Ди лъэпкъэгъухэр япэ дыдэ мы щIыгухэм къыщетIысэхащ 1897 гъэхэм, я хъызмэт здалэжьын щIыгу хуит лъыхъуэу. ИкIэщIыпIэкIи къутыр зыбжанэ зэрыгъэхъуащ. Ауэ коллективизацэм и зэманым, 1930 гъэхэм, къутыр цIыкIухэр зэхыхьэжри зы жылагъуэ нэхъ ин – Бобровкэр къагъэщIащ. ЖытIэнщи, мы флъагъу жылагъуэм зэгуэр цIыху 500-м зэрынэхьэс дэпсэухьащ, латышыбзэкIэ мыхъумэ зэмыпсалъэу. Пэжщ. ЩыIащ нэмыцэ гуэрхэри, полякхэри, белорусхэри. Ауэ и нэхъыбэр латышти, латыш жылагъуэу ялъытэт.

1990 гъэхэм нэгъунэ, иджыри къуажэм цIыху куэду щыдэсам, жылагъуэр: нэхъыжьи нэхъыщIи латышыбзэкIэ псалъэт. Нобэ къуажэм къыдэнэжар цIыху 70-м щIигъущ, сабиитху хэту. И нэхъыбэм дызэрыпсалъэри урысыбзэщ. Жагъуэ зэрыхъущи, куэдым ящIэжкъым ди бзэр. Псом хуэмыдэу, щIалэгъуалэм.

Ауэ, латышыбзэр зыIурылъ дэтхэнэми ар IуэрыIуатэкIэ дохъумэ. Дрогушхуэ бобровцхэм Латвием щэнхабзэ зэпыщIэныгъэхэр зэрадэтIыгъым. ИпэкIэ латыш егъэджакIуэхэри щылэжьащ ди жылагъуэм, латышыбзэкIэ ди сабийхэр ирагъаджэу. Къытхуеблагъэ зэпыту щытащ цIыхубэ самодеятельностым и артистхэри», — къыддогуашэхэ бзылъхугъэхэр. ЖыпIэнурамэ, къытпежьахэр артист хьэзырщ. Илъэс 40-м зэрынэхьэсащ абыхэм къызэрагъэщIрэ «Varaviksne» («Лэгъупыкъу») цIыхубэ ансамблыр, щIыналъэ куэдым цIэрыIуэ щыхъуар. Мы къуажэ цIыкIур иджыри Сыбыр псом щыцIэрыIуэщ «Лиго» цIыхубэ махуэщIыр мэкъуауэгъуэ мазэм икIэм зэрырагъэкIуэкIымкIэ. Абы хохьэ уэрэдхэр, къафэхэр, хабзэхэр, таурыхъхэр, джэгукIэхэр, жэщ зэрыхъуу зэщIагъанэ мафIэр… А хабзэ телъыджащэр здэплъагъунур мы щIыпIэм укъэкIуа иужьщ.

А псори пхокI лъэпкъ IуэрыIуатэм. Сыт зэлэжьыр мы жылагъуэм щыпсэухэр, жыпIэмэ, хъызмэт зиIэхэри яхэтщ, хадэгъэкIынми пыщIахэщ. МахуэщIхэр егъэкIуэкIыныр, лъэпкъ ерыскъыхэкIхэр упщэфIыныр — а псори лъэпкъым и щэнхабзэ щIэин лъапIэр хъумэным и Iыхьэ нэхъыщхьэщ. «Ди клубыр — туристхэр къыздекIуалIэ щIыпIэ къудейкъым, атIэ, къуажэдэсхэр здызэхуэсщ. 2020 гъэм мы клубым мафIэ къыщIэнэу щисам, зэрыкъуажэу дызэхыхьэри зэфIэдгъэувэжащ: хэти ахъшэ къыхилъхьащ, хэти къарукIэ зыкъытщIагъэкъуащ — мазэ зыбжанэкIэ зэфIэдгъэувэжат. Мы жылагъуэр цIэрыIуэщ бгыкъу ин дыдэхэм къыхэщIыкIа хъыринэ зэраIэмкIэ.

Абдежращ, къапщтэмэ, латыш цIыхубэ махуэщI «Лиго» здыщрагъэкIуэкIыр. 1970 гъэхэм нэгъунэ мы латышхэм пыщIэныгъэ хуаIакъым я тхыдэ щIыналъэм. Иужьым, хамэ къэрал паспортхэр къыщежьэм, гъуэгур къыщызэIуахым, языныкъуэхэм я тхыдэ щIыналъэм ягъэзэжащ. 1990 гъэхэм Латвием худиIэ пыщIэныгъэм зиужьащ. Бобровкэ къакIуэу щIадзащ егъэджакIуэхэр, ди сабийхэм латышыбзэр ирагъэцIыхуну. ЩIыпIэ сабийхэри Латвием лагерым дгъакIуэт, ди жылагъуэми латыш ныбжьыщIэхэр къеблагъэт. ИлъэситI къэскIэ «Varaviksne» бобровскэ ансамблыр Латвием щекIуэкI уэрэдымрэ къафэмрэкIэ фестивалым хэтт. Бенке Ольгэ и щхьэгъусэ Сергей хьэлъэзешэ шыхэр зэрехуэ. Илъэсибл хъууэ кIэртIоф щIатхъуэу шым щытесам, псэущхьэм дихьэхауэ щытащ. ЕджапIэ нэужьым шэщым къыщIэкIтэкъым, уеблэмэ ар къигъэкъабзэт, шым трагъэтIысхьэну ицIыхумэ. Сергей иджыри IэщIагъэ гъэщIэгъуэн бгъэдэлъщ — Латвием щызэригъэщIауэ щытащ зэмылэжьа бгыкъухэм сруб къыхищIыкIыну.

Сатум деж а IэщIагъэм хуабжьу уасэшхуэ хуащI, ауэ зэман зэримыIэм къыхэкIыу а IэщIагъэм зригъэужьыфкъым. Уеблэмэ а IэщIагъэр зыIэщIилъхьэну щIалэгъуали игъуэтыжкъым. НыбжьыщIэхэр хуейкъым къуажэм къагъэзэжыну… Бенке Ольгэ — зи гукъыдэжыр сыт щыгъуи ин бзылъхугъэ цIыкIур сыт щыгъуи гушыIэрейщ, Бобровкэ деж «латышкэ дыдэ»-кIэ къоджэхэ. Ар хуиту иропсалъэ и адэжьхэм я бзэмкIэ. 1997 гъэм Бобровкэ къэкIуауэ щытащ Кембридж къикIа профессорыр икIи Ольгэ ихъума латыш псалъэхэр итхащ: сыбырым бзэм зыщихъумэжащ, етIощIанэ лIыщIыгъуэм къыщыкIуахэм зэрыпсалъэу щытам хуэдэ дыдэу. Ольгэ зыгъэпIейтейр къыкIэлъыкIуэ щIэблэхэм латыш хабзэхэр зэрамыхъумэращ: сабийхэм зыгуэр къагурыIуэми, ирипсэлъэжкъым… XIX лIыщIыгъуэм дыкъыщыхутат… Бобровкэ латыш жылагъуэ цIыкIум ди нэгу зэрызригъэужьар иджыри дгъэщIагъуэ щIыкIэт Большеречье жылагъуэм дэт «Старина Сибирская» музей-заповедникым дыщекIуэлIам… ЖаIэкIэ, яIуатэкIэ мыхъуу зэи сымылъэгъуа пасэрей сыбыр хэщIапIэт ди нэгу къыщIэувар. Къэрал тхыдэ-щэнхабзэ музей-заповедникым и куэбжэм узэрыIухьэу зыхыбощIэ XIX лIыщIыгъуэм укъыщыхутауэ… «Старина Сибирская» музей-заповедникыр ялъытэ Омск областым и «тхыдэ псэур» нэIурыт зыщI теплъэгъуэ телъыджащэу.

Заповедникым щаухуащ, щызэрагъэзэхуащ пасэрей унэжьхэр, къулейуэ псэуахэр зыщыпсэуа унэфIхэр, чыристан дин фIэщхъуныгъэм ехьэлIа ухуэныгъэхэр, лъэщапIэхэмрэ шы здыщаIыгъхэмрэ, уеблэмэ тхыдэ мыхьэнэшхуэ зиIэ экспонатхэр къыщыгъэлъэгъуащ. ПщIантIэм дыдэмыхьэ щIыкIэ къытпежьа, пасэрей сыбыр пщащэм и щыгъынкIэ хуэпа бзылъхугъэм ухешэ театр интерактивнэ нэгузыужь Iуэхум. ИкIи, зэрымыщIэкIэ, уэри уадэхъун щIыбодзэ XIX лIыщIыгъуэм псэуахэм я щыIэкIэ-псэукIэм.

АтIэ, къэзакъ увыIэпIэм зыщиплъыхьыну дыхьам шабзэ, сэ, джыдэ идзыну лъэкIыныгъэ егъуэт. Музей – заповедникым дэтыр зэуэ пхъэм къыхэщIыкIа пасэрей унэжь цIыкIухэщ, IэщIагъэ лъэщапIэхэщ, ямщикым и унэщ. Къапщтэмэ, иужьрейуэ зи цIэ къисIуа унэ цIыкIум 1791 гъэм къыщызэтеувыIауэ щытащ «Путешествие из Петербурга в Москву» зытха Радищев Александр.

ЛъэщапIэхэм щащI ятIагъуэм къыхащIыкI кхъуэщынхэкIхэр, папье-машем къыхащIыкI хьэпшып цIыкIухэр, тхьэв шыугъэкIэ рельеф теплъэгъуэхэр къагъэщI, гъущIым йолэжь. Дагъэлъэгъуащ тематическэ мастер-классхэр, ерыскъыхэкIхэри тIуагъэхуащ. КIэщIу жыпIэмэ, махуэ псо заповедникым дэти, зы унэм ущIэкIмэ, адрейм ущIыхьэурэ зыхэпщIэнущ сыбырым пасэрейм зэрыпсэууэ щыта дыдэр. Гум къыбгъэдэкIыр фIыщIэрэ гуапагъэрэщ! Ауэ сытми жаIэкъым: «Гум къикIыу пщIэр псэм лъоIэс» жэуэ. ЗэфIэтха Iуэхухэм ди гумрэ ди псэмрэ ягъэтыншауэ, тлъэгъуамрэ зэхэтхамрэ дитхьэкъуауэ дыкъекIуэлIэжащ. Къытхуэнэжыр фIыщIэ ин яхуэтщIынращ ди фэеплъыр къыддэзыгъэлъэпIахэм, пщIэшхуэ къытхуэзыщIа сыбырдэсхэм.

Тхьэм я гукъыдэжым хэмыщIу, гуапагъэм игъэлъапIэу игъэпсэухэ! Дахуэарэзыщ!

АБИДОКЪУЭ Люсанэ, Омск-Черкесск, жэпуэгъуэ мазэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *