Хэку зауэшхуэм гуауэу къихьар нэсу зыхэзыщIэфыр абы пхырыкIар, ар зи нэгу щIэкIар, абы и хьэзабымрэ и бэлыхьымрэ зыгъэваращ. ИкIэм-икIэжым, зауэнэужь лъэхъэнэ гугъум халъхуа щIэблэращ. А псори гурэ псэкIэ зыхещIэ мафIаем къелу къэзыгъэзэжа нэхъыжьхэм я гукъэкIыжхэм къыдэтэджа, абыхэм гупсэхуу щIэдэIуа щIэблэми.
Си анэшхуэм и хъыбархэм сыщедэIукIэ, абы къиIуэтэжхэм, зытепсэлъыхьыжхэм сахэзэрыхьти, си гупсысэхэм а лъэхъэнэ бзаджэм сахьт. Абы и дэтхэнэ псалъэри гугъэкIэ гъэнщIати, зы телъыджэ къэхъуу, ар нахуапIэ хъуну псэкIэ сыпэплъэт. Хьэуэ, си закъуэтэкъым апхуэдэ хьэлэмэтым пэплъэр, атIэ абы и хъуреягъкIэ къетIысэкIауэ гукъэкIыжхэм щIэдэIу си шыпхъухэри а гугъэ телъыджэм ежьэт. Апхуэдэ гупсысэмрэ гугъэмрэ узэщIамыIэтэнкIэ Iэмал иIэтэкъым, анэшхуэм и гущIэм къиIукI IэфIыгъэмрэ гуапагъэмрэкIэ, анэкъилъху лъагъуныгъэ мыкIуэщIкIэ гъэнщIа гукъэкIыжхэм уащыщIэдэIукIэ…



Хъумэрэ къуажэм щыпсэу Цагъэхэ Къэхьиррэ Мылэрэ къуищрэ зы хъыджэбз гъэфIэнрэ яIэт. Къэхьир лэжьакIуэшхуэт, былымыр куэду зэрихуэт, унагъуэр зыхуей хуигъазэу ипIт. Быным я нэхъыжь Умар и адэм былым хъушэри зэрихуэну, унагъуэри зэрихьэну и закъуэ зэрыхуэмыгъэкъаруужыр щилъагъум, е 6-нэ классыр къызэриухыу, адэм дэIэпыкъуну, еджапIэм къыщIэкIыжащ. Я къуажэм кIыщ дэтти, щIалэщIэ цIыкIум абдеж лэжьэн щыщIидзащ.
Къуажэдэсхэм я гузэвэгъуэ дигъэкIыу, хэт зыкъыхуигъазэми, я хьэтыр илъагъуу лажьэт. И цIыхугъэкIэ, и IэпэIэсагъэкIэ къуажэдэсхэм я гум дыхьэт. И шынэхъыщIэхэри, и шыпхъури къыдэкIуэтейри, пасэу унагъуэ ящIауэ псэут. ЗэрыжаIэщи, псори хьэлэмэтт, зауэ емынэр къэмыхъеятэмэ. Зы унагъуи урихьэлIэнукъым ар Iэ щIыIэкIэ зыхэмыIэба, имыгъэгуIа. Абы и гузэвэгъуэр тIуащIэу, щащIэу зытепсыхахэм ящыщщ Къэхьир и унагъуэри.
Хэкум бийр къыщытеуа махуэхэм ар яхъумэну заIэтащ Умари, и къуэ Хьэмиди (Быци), и къуэшхэу Башири, Мухьэдини. Армырами, Мухьэдин илъэсищым щIигъуауэ Белоруссием къулыкъу щищIэт. Махуэ бжыгъэт къыхуэнэжар къулыкъур иухыным. АрщхьэкIэ гъащIэм къыпигъэтIылъар нэгъуэщIт. Мухьэдин и унагъуэм письмо къахуитхат: «Си къулыкъур сыухауэ сынокIуэж» жэуэ иту. И Iыхьлыхэри, гъунэгъухэри, ныбжьэгъухэри зэхуэсауэ Мухьэдин ежьэу пщIантIэм дэту, къыкIэлъыкIуэжащ: «Фыкъызэмыжьэ, зауэр къежьауэ фронтым дыIуохьэ» псалъэ гуауэхэр зэрыт письмо гущIыхьэр. Мухьэдин псэууэ а мафIэлыгъейм къызэрыхэмыкIыжынур и псэм ицIыхуа хъунти, письмом и кIэм деж и къуэм зыхуегъазэ: «Си щIалэ, пщIантIэр умыбгынэ» псалъэхэмкIэ. Апхуэдэу илъэс бжыгъэкIэ и унагъуэм имысауэ, ипхъу нэхъыщIэри имылъэгъуауэ, Мухьэдин нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм япэу япэува советыдзэм хэтащ икIи Украинэм щекIуэкIа зауэ гуащIэм щыхэкIуэдащ.
И шынэхъыщIэм хуэдэу, Башири а зауэ шынагъуэр нэхъапэ зылъэIэсахэм ящыщщ. Абы и кIэтIийнэфыр операцэ ящIауэ, махуиблкIэ сымаджэщым щIэлъауэ къыщыщIэкIыжам, зауэм зэрыдашыр зэрыт тхылъыр и унагъуэм илъу кърихьэлIэжащ. ХэткIи гурыIуэгъуэт и узыншагъэкIэ ар зауэм Iухьэну зэрыхуэмыхьэзырыр. Арами, къуажэ Советым и тхьэмадэм зи цIэр къриIуар Баширти, дэмыкIыу хъуакъым.
Башир лIыгъэшхуэ хэлъу бийм пэщIэтащ. Ар тIасхъэщIэххэм яхэхуат. Абы гуеигъэу, хахуагъэу хэлъым командирхэм гу лъамытэу къэнакъым. А псори къалъытауэ арагъэнт адыгэ щIалэр еуэ къэси тIасхъэщIэх щIагъакIуэр. ИкIи къыхуащIа дзыхьымрэ и пщэ къралъхьа къалэнымрэ имыгъэзэщIауэ къигъэзэжтэкъым. Мис апхуэдэу, Харьков и гъунэгъуу зэхэуэ щекIуэкIыу, Башир аргуэру тIасхъэщIэх ягъакIуэ. АрщхьэкIэ, а зэхэуэ гуащIэм узыншэу къыхэкIыжын абы хузэфIэкIкъым. Абдеж уIэгъэ хьэлъэ щохъу, и лъакъуэм шэ къытохуэ. И гъусэхэм я ныбжьэгъур къагъэнэн ямыдэу зытIэкIурэ къахьащ.
Шэхэр уэшхым хуэдэу къателъалъэт, топышэхэр гъунэгъу дыдэу къыщыуэт. Ауэ Башир и щхьэр хихын Iуэху зэрихуэтэкъым. Бийр къазэрыкIэлъыхьэр, езым и ягъэкIэ адрейхэри хэкIуэдэнкIэ зэрыхъунур къыщыгурыIуэм: «Сыкъэвгъанэ, сэ зыгуэр сыхъунщ. Нэхъыщхьэр дыдейхэм бзэгур яIэщIэвгъэхьэнращи, фыхэкI псэууэ мы мафIаем», — жиIэри, и гъусэхэр къиутIыпщыжащ. Езым хьэуазэ пыпхъуэ гуэрым зыщигъэпщкIуащ.
Абдежращ икIэ дыдэу Башир щалъагъужар. Ар нэмыцэм яIэщIэхьауи, а щIыпIэм и псэр щитауи яцIыхукъым.Харьков къикIри Къэхьир къыIэрыхьащ и къуэ курыт Башир хъыбарыншэу зэрыкIуэдар зэрыт письмо щимэр.
Ажалым зэкIэлъхьэужьу яIиха щIалитIыр удынышхуэт адэ-анэмкIэ, унагъуэмкIэ. Иджы ахэр Тхьэшхуэм елъэIут я къуэ нэхъыжь Умаррэ я къуэрылъху Хьэмидрэ (Быцэрэ) псэууэ къахуихьыжыну. Арат гупсысэу иIэ псори зыхуиунэтIар анэ тхьэмыщкIэм. АтIэ, Умар и къуэ нэхъыжьыр зауэм зэрыщыIэххэр къыхамылъытэу, езыри фронтым ягъэкIуауэ щытащ. Апщыгъуэм Умар и ныбжьыр илъэс 46-рэ хъут. ЛIыгъэ хэлъу зауэм ипэ илъэситIым бийм пэщIэтащ ар.Анэр лъэIуами, ахэри Алыхьым къахуихъумакъым. 1943 гъэм аргуэру Къэхьир и унагъуэм гущIыхьэ тхылъ къихьащ Украинэм къикIыу, я къуэ Умар хъыбарыншэу зэрыкIуэдар иту.
Мис апхуэдэу, Цагъэ зэщхьэгъусэхэм илъэс къэс щхьэкIуэ тхылъ къаIэрыхьэт: «Хэт мыгъуэ къыкIэлъыкIуэр?», — жиIэт Мылэ и нэпсыр ирилъэщIэкIыу.Апхуэдиз гуауэ ягъэвын хуей хъуащ Цагъэхэ Къэхьиррэ Мылэрэ. Уи кIэтIий кIапэ къыпыкIа къуищрэ къуэрылъхурэ пфIэкIуэдын, ар бгъэвын папщIэ къаруушхуэ ухуейщ…
Куэдрэ дыщIэдэIуащ нанэ и дэлъхухэмрэ и дэлъху нэхъыжьым и щIалэмрэ ятеухуауэ къиIуэтэжа хъыбархэм. Абы хъыбарыншэ хъуа и дэлъхухэм теплъа, хуэзауэ зи хъыбар къэзыIуэтэжыфын щыIэмэ къилъыхъуэу и гъащIэр ирихьэкIащ.
Зауэ нэужьым, зэманыфI текIыжауэ, республикэм и военкомым, Хэку зауэшхуэм и ветеранхэм я хэгъуэгу Советыр и гъусэу, а гъэ шынагъуэхэм хъыбарыншэу кIуэдахэм лъыхъуэу, нэхъ зыщыгъуазэхэм я Iуэхур зэрыхъуа дыдэр, я кIуэдыкIар ягъэтэрэзыжу архивыр зэрагъэдзэкIыу щIадзащ. Лъэпкъ музейуэ Украинэм щыIэм къыбгъэдэкIыу хъыбар зыбжанэ къаIэрыхьащ.
Абыхэм ярытт Украинэм и Хмельницкэ областым хыхьэ Славутэ къалэм бийхэм щаIа «ГРОСС-ЛАЗАРЕТ» ажалэщым ди сэлэт куэд зэрырагъэлIыхьар. Мис абыхэм Умар и цIэри яхэтащ — «Адыгэщ, 1895 гъэм къалъхуащ. Къэрэшей АО, Хъумэрэ къуажэ. ЛIащ 18.07.43 гъэм» — жэуэ. Фэеплъу къытхуэна си анэшхуэм и дэлъхухэм я сурэтхэр куэдрэ зэбгъэдызогъэувэ икIи я хъыбаррэ сурэткIэ фIэкIа сымыцIыху ди лIыхъужьхэм сазэрыригушхуэр сыт щыгъуи яжызоIэ.
ЕЗАУЭ Маринэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.