ТекIуэныгъэм и махуэщIым ипкъ иту КъэрэшейЧеркесым сабий ибэхэмрэ къащхьэщытын зимыIэжхэмрэ я Унэм хэкупсагъэ мыхьэнэ зиIэ пэкIу щекIуэкIащ. Абы хэту социальнэ IуэхущIапIэм и пщIантIэм фэеплъ Блын къыщызэIуахащ. Сабий Унэм и лэжьакIуэхэм къызэхуахьэса, Хэку зауэшхуэм хэта я Iыхьлыхэм я сурэтхэр абы щытрадзащ.
ПэкIум хэтащ КъЧР-м гуащIэдэкIымрэ социальнэ зыужьыныгъэмрэкIэ и министр Хачиров Кемал, Урысейм и бзылъхугъэхэм я Зэгухьэныгъэм и хэгъуэгу къудамэм и унафэщI Борлаковэ Маринэ, Усть-Жэгуэтэ район администрацэм и лIыкIуэхэр, сабий Унэм и ныбжьэгъуфI хьэрычэтыщIэхэр, нэгъуэщIхэри.



Хачиров Кемал къекIуэлIахэм МахуэщI лъапIэмкIэ яхъуэхъуащ. Зауэм хэтахэм, тылым щыIахэм ядэIэпыкъунымкIэ къэрал программэу ди республикэм лажьэхэм къытепсэлъыхьащ. Зауэр зи нэгу щIэкIа дэтхэнэми нэхъыщIэхэр зэрахуэсакъын хуейр, къытхэмытыжхэм я фэеплъыр хъумэным мыхьэнэшхуэ зэриIэр къыхигъэщащ. — КъытщIэхъуэ щIэблэм яжесIэну сыхуейщ, адэшхуэ-анэшхуэхэм апщыгъуэм ди къэкIуэнум хуащIа хэлъхьэныгъэм пщIэ хуащIыну, зыщамыгъэгъупщэну. «ЩремыIэ зауэ!» жытIэти, иджы дыщIолъэIу зауэ операцэ хэхар псынщIэу иухыну. Урысейр зэи япэу зыми щыхьэкъым, ауэ къытегушхуэм сыт щыгъуи и хьэкъ ирегъэгъуэт. Иджыри аращ зэрыщытынур, — жиIащ министрым.
А махуэм нэхъыжьхэм ягу къагъэкIыжащ зи узыншагъэр, зи гъащIэр зауэ гуащIэм хэзылъхьа, мамырыгъэр къытхуэзыхьа зауэлIхэр. Абы хэкIуэдахэм, зауэ нэужьым дунейм ехыжахэм я фэеплъыр яхъумэу, щыму дакъикъэкIэ щытащ. «Забота» сабий Унэм и унафэщI Червоновэ Еленэ ныбжьыщIэхэм захуигъэзащ зауэм хэта нэхъыжьхэм къытхуащIар зыщамыгъэгъупщэну, абыхэм я фэеплъыр яхъумэну. — ДыгуфIэу, дызыхуейр дышхыу, дгъуэту нобэ дыпсэун папщIэ ди нэхъыжьхэм ящIа хэлъхьэныгъэр къэлъытэгъуейщ.
ФIыщIэ яхудощI зауэ нэужьми ди къэралыр зэфIэгъэувэжыным, къэгъэщIэрэщIэжыным я гуащIэ зэрыхалъхьам папщIэ. Дригушхуэн икIи щапхъэ къатетхын хуейщ абыхэм. Мамырыгъэр къызэрытхуахьамкIэ, ди къэкIуэнур насыпыфIэу щытыным дызэрыхуаунэтIамкIэ фIыщIэ яхуэтщIыфу дыпсэупхъэщ.
Ди къэкIуэнур адэкIи насыпыфIэу щытын щхьэкIэ нобэ ди сабийхэм яцIыхун хуейщ ар къыздыщIидзэр.
Ди нэхъыжьыфIхэм хуэдэу а цIыкIухэми дяпэкIэ къэралыр мамыр гъащIэм хуаунэтIыфынымкIэ абы мыхьэнэ иIэщ, — жиIащ абы. Къэпсэлъэныгъэхэр иуха нэужь, сабий Унэм и гъэсэнхэми, и лэжьакIуэхэми, хьэщIэхэми Фэеплъ Блыным удз гъэгъахэр щагъэтIылъащ.
АдэкIэ хьэщIэхэр ирагъэблэгъащ пэшышхуэм. Абдеж ныбжьыщIэхэм зыкъыщагъэлъэгъуащ, хьэщIэхэри езыхэри зэдежьууэ зауэ уэрэдхэр зэдыжаIащ.
БОРЭНЫКЪУЭ Мадинэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.