Ерыжь Зулий и фэеплъыр

Абы лъандэрэ зэман куэд текIыжащ… Псыжь къуажэм щыщ Ерыжь Жамболэт и унагъуэм пщэдджыжь уэмым къихъухьащ хъыджэбз цIыкIу. Абы фIащащ Зулий цIэр. Нэшхуэ, щхьэц фIыцIэ хъужауэ, пщащэ цIыкIур къэтэджт набдзэгубдзаплъэу, псори фIэгъэщIэгъуэну. Зулий я гъунэгъухэм я деж куэдрэ щIэст ахэр пшынэ зэреуэм еплъу. Зэзэмызи езы цIыкIуми къыIэщIалъхьэт пшынэр. Апхуэдэм деж абы сыхьэт бжыгъэкIи Iэмэпсымэр иутIыпщынутэкъым, игу ирихь макъамэхэр къигупсысу, ар пшынэм къригъэкIыу.

Сабийр макъамэхэм зэрадихьэхыр щилъагъум, Жамболэт и пхъум пшынэ цIыкIу къыхуищэхуащ. КъэIуэтэжыгъуейщ пщащэ цIыкIур и пшынэм зэрыщыгуфIыкIар. Иджы ар жэщи махуи пшынэм кIэрыкIтэкъым. Нэхъапэхуным къригъэкIт къызэрыкIуэ макъамэхэр, итIанэ адрей пшынауэхэр зыдигъэIэпыкъуурэ, ядэплъейуэрэ, зригъэсащ къафэхэмрэ уэрэдхэмрэ ящIэт макъамэхэм. МащIэ мащIэурэ хэхъуэт и IэпщIэлъэпщIагъэм. Куэд мыщIэу къыхуэкIуащ ехъулIэныгъэхэри. Абы и цIэр Псыжь къыщымыувыIэу, областым и адрей къуажэхэми щызэлъащIысащ. Ар ирагъэблагъэ хъуащ абазэ, адыгэ къуажэхэм щекIуэкI нысашэхэмрэ хьэгъуэлIыгъуэхэмрэ. Абы и пшынэ макъамэхэр нэхъыбэу ягу ирихьт нэхъыжьхэм, сыту жыпIэмэ, абы гуузу игъэзащIэт пасэрей макъамэхэмрэ уэрэдхэмрэ.  

Абазэ макъамэхэм ямызакъуэу, абы пшынэм Iэзэу къригъэкIт Ищхъэрэ Кавказым и адрей лъэпкъхэм я макъамэхэмрэ уэрэдхэмрэ, пшынэ ядеуэт урыс, украинэ, нэгъуэщI лъэпкъхэм я уэрэдхэм.

ЛIыщIыгъуэ кIуам и ещэщIанэ гъэхэм Псыжь къуажэм къыщызэрагъэпэщащ къафэ кружок. Абы унафэ хуищIт Къармэ Исмэхьил. ИужькIэ а кружокыр лъапсэ хуэхъуащ Черкес областым уэрэдхэмрэ къафэхэмрэкIэ и ансамблым. А ансамблым пшынауэу ирагъэблэгъащ Ерыжь Зулий. Абы ансамблыр мыхьэнэщIэкIэ игъэнщIащ, абы псэ къыIуигъэкIащ. Лъэпкъ уэрэдхэмрэ къафэхэмрэ щIагъэувэ макъамэхэр фIы дыдэу ищIэкIэрэ, абы хуигъэсащ щIалэгъуалэр.

Илъэс куэдкIэ псэемыблэжу, хьэлэлу зэрылэжьам къыпэкIуэу, ансамблым и концертмейстер Ерыжь Зулий къыхуагъэфэщащ «За трудовую доблесть» медалыр. Ансамблым дэщIыгъуу Ерыжь Зулий щыIащ Штат Зэгуэтхэм, Совет Союзым хэту щыта Латвие, Эстоние, Беларусь, Абхъаз хэгъуэгухэм, Кронштадт, Калининград къалэхэм, нэгъуэщI щIыпIэ куэдым.

1958 гъэм япэ абазэ профессиональнэ пшынауэ Ерыжь Зулий Москва деж пшынэ щеуащ Къэрэшей-Черкесыр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 зэрырикъур щагъэлъэпIам. Москвадэсхэмрэ хьэщIэхэмрэ нэIуасэ яхуищIащ Къэрэшей-Черкесым щыпсэу лъэпкъхэм я къафэ макъамэ гъуэзэджэхэм.

Совет гъуазджэм хуищIа хэлъхьэныгъэм къыпэкIуэу, 1958 гъэм РСФСР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президумым и унафэкIэ Ерыжь Зулий къыхуагъэфэщащ «РСФСР-м щIыхь зиIэ и артисткэ» цIэ лъапIэр.

Абы и лэжьыгъэр 1958 гъэм къыщегъэжьауэ епхащ Къэрэшей-Черкес область радиовещанэм. Радиом ар нэхъри цIэрыIуэ щыхъуащ. ЦIыхухэр къэлъаIуэ хъуащ абы и макъамэхэр Iэмал зэриIэкIэ радиокIэ нэхъыбэрэ къатыну.

1961 гъэм СССР-м щэнхабзэмкIэ и министр Фурцевэ Е. Ерыжь Зулий къритащ щэнхабзэ Министерствэмрэ щэнхабзэ лэжьакIуэхэм я профсоюзхэм я ЦК-мрэ я ЩIыхь тхылъ. 1970 гъэм гъатхэпэм и 30-м къылъагъэсащ «За доблестный труд» ленинскэ юбилей медалыр.

Илъэс пщIы бжыгъэхэр блэкIащ, къэунэхуащ нэгъуэщI пшынауэхэмрэ уэрэджыIэхэмрэ, ауэ Ерыжь Зулий пэхъун лъэпкъ пшынауэ иджыри къыкъуэкIакъым. Абы лъэпкъ макъамэхэр пшынэм къригъэкI къудейтэкъым, абы езым абазэбзэкIэ зэхилъхьащ «Школьный марш», «Марш, посвященный Валентине Николаевне Терешковой», «Про Родину», «Проводы», «Посвящение дояркам» уэрэдхэр. Абы уэрэдхэм я текстхэр адыгэбзэкIи итхт.

Пшынауэхэм макъамэ куэд кърагъэкI, нэгъуэщIхэм я IэрыкIхэуи, езыхэм зэхалъхьауи, ауэ я пшынэ еуэкIэр дэтхэнэми и гум, и псэм къабгъэдэкIыу, адрейхэ ямыщхьу щытщ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, я «гъэзэщIакIуэ хъэтI» яIэжщ. Искусствоведхэм зыжьэу зэрыжаIэмкIэ, Ерыжь Зулий и пшынауэкIэр зыми ещхькъым икIи ещхьыну къыщIэкIынкъым.

Мыбдежым и гугъу дымыщI хъункъым Ерыжь Зулий и къуэ Дзыбэ Георгий. Ар илъэс 13 ныбжьым щит лъандэрэ и анэм и гъусэу хэтащ уэрэдымрэ къафэмрэ я адыгэ ансамблым. Ар балетмейстеру щылэжьащ Адыгэ, Дагъыстан, Шэшэн республикэхэм, Кишинев, Томск къалэхэм. Ари РСФСР-м щIыхь зиIэ и артистщ.

Пенсэм кIуа нэужьи Ерыжь Зулий лъэныкъуэ иригъэзакъым фIыуэ илъагъу Iуэхур. Зэхилъхьэт уэрэдыщIэхэмрэ макъамэщIэхэмрэ, къуажэ клубым зыкъыщигъэлъагъуэт, еджапIэм кIуэт, сабийхэм я гъусэу и уэрэдхэр жиIэт. Нобэр къыздэсым псэущ абы и макъамэ уахътыншэхэр. Нобэр къыздэсым хьэгъуэлIыгъуэхэм деж нэхъыжьхэр щIолъэIу «Зулий и уэрэдыр» ягъэзэщIэну. Мис апхуэдэ мыIэрыщI фэеплъ къытхуигъэнащ Ерыжь Зулий.

РСФСР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Ерыжь Зулий здэпсэуа уэрамым зэрехьэ абы и цIэр. И къуажэгъухэм апхуэдэу ныбжьырей гуимыкIыж ящIащ япхъу цIэрыIуэм, зэчиифIэм и цIэр.

КЪУЛ Фэрдаус


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *