Литературэдж, IуэрыIуатэдж, филологие щIэныгъэхэм я доктор, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Урысей Федерацэм и тхакIуэхэм я Союзым хэт ГЪУТ Iэдэм Мухьэмэд и къуэр 1944 гъэм бадзэуэгъуэм и 24-м къыщыхъуащ Аушыджэр къуажэм. «Урысыбзэмрэ литературэмрэ» IэщIагъэр иIэу 1969 гъэм Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр къиуха нэужь, ар щеджащ Горький М. и цIэр зэрихьэу Москва щыIэ литературэ институтым и аспирантурэм. Ар къиухащ «фольклористикэ» IэщIагъэр иIэу.
Нобэ Гъут Iэдэм щIэныгъэрылажьэ нэхъыщхьэу гугъу зыщрегъэхь гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым адыгэ IуэрыIуатэмкIэ и къудамэм. ТхакIуэм, еджагъэшхуэм гъунэжу иIэщ фIыщIагъэхэмрэ щIыхьыцIэхэмрэ. Абы и щIэныгъэ хьэлэмэтхэм къызэщIаубыдэ эпосоведенэр, Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я IуэрыIуатэм и теориер, IуэрыIуатэ текстологиер, лъэпкъ литуратурэм и тхыдэмрэ и теориемрэ, аутентичнэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжынымрэ къыдэгъэкIынымрэ. Гъут Iэдэм и къалэмым къыщIэкIащ щIэныгъэ тхыгъэ 200-м щIигъу, абыхэм яхэтщ монографиехэр, щIэныгъэ, литературэдж тхыгъэхэр зэрыт сборники 2, новеллэхэр здызэхуэхьэса тхылъ, нэгъуэщIхэри. 1976 гъэм пхигъэкIа кандидат диссертацэр теухуауэ щытащ адыгэ нарт эпосым и усыгъэм. 1993 гъэм зэфIигъэкIащ адыгэ эпосым и художественно-стилевой щытыкIэхэм ятеухуа и доктор лэжьыгъэри. Iэдэм и щIэныгъэ лэжьыгъэр, и кандидат, доктор диссертацэхэр зэрыщыту зытеухуар адыгэ лIыхъужь эпосращ.
— Iэдэм, нэхъапэу дыщыгъэгъуазэ Москва щыIэ «ЩIэныгъэ» («Наука») тхылътедзапIэм къуэкIыпIэ литературэмкIэ и редакцэ нэхъыщхьэм «Адыгэ лIыхъужь эпос» фIэщыгъэцIэр иIэу 1974 гъэм къыщыдэкIа, томибл хъу тхылъым. Абыхэм я пэублэ напэкIуэцIым зэритымкIэ, тхыгъэхэр ягъэхьэзыращ адыгеибзэхэмкIэ – ХьэдэгъэлI Асчэр, къэбэрдей-черкесыбзэмкIэ – КъардэнгъущI Зырамыку. Абы ит хъыбарыжьхэр зэхуэхьэсыжыныр, ахэр зэгъэпэщыжыныр, къыдэгъэкIыныр къызэрымыкIуэу Iуэху хьэлъэу щытащ. Хэт абы елэжьахэр, гугъу зыдезыгъэхьахэр, хъыбарыжьхэр къэзыIуэтэжахэр, зэхуэзыхьэсыжахэр, зытхыжахэр?
— Япэрауэ, 1974 гъэм Москва къыщыдэкIар зы тому щытщ. Томиблу къыдэкIауэ щытар ХьэдэгъэлI Асчэр и унафэм щIэту Адыгейм щIэныгъэхутэ институтым щагъэхьэзырауэ щытаращ. Ар 1969-1971 гъэхэм къриубыдащ. Абы ихуащ нартхэм ятеухуауэ дэнэ сыт хуэдэ текстышхуэуи, кIапэлъапэуи зылъэIэсахэр, а псори зэратхыжа бзэмкIэ къакIуэу. Абы итщ адыгэ IуэрыIуатэр къэугъуеин къызэраублэрэ адыгэ щыпсэууэ щыIэ щIыналъэхэм къраха тхыгъэхэр – япэ дыдэ XIX лIыщIыгъуэм псэуахэм ятхыжауэ щытахэм деж щегъэжьауэ, тхылъыр дунейм къытехьэным ипэ къихуэу къаугъуеяхэри хиубыдэу, Мэздэгу сэтейхэм щегъэжьауэ, хы ФIыцIэм и Iуфэм щыщIэкIыжу, хамэ щIыпIэ (Тыркум, Щамым, Иорданием, Израилым, н. къ.) исхэм къаIуэтэжахэри хэту.
Зытхыжахэмрэ къэзыIуэтэжахэмрэ жыпIэмэ, я цIэхэр къеббжэкIын къудейм газетым и зы напэкIуэцIыр хуримыкъункIэ сошынэ, ауэ, абы зы мащIэкIэ нэхъ мыхъуми зи псалъэрэ зи Iэрэ хэлъ дэтхэнэ зыми, дауи, фIыщIэшхуэ хуэфащэщ. Мыдрейуэ, 1974 гъэм къыдэкIа тхылъым хэщыпыкIауэ тхыгъэ нэхъ гъэщIэгъуэнхэращ хэхуар. Ар Дунейпсо литературэм и институтым Петросян А. и унафэм щIэту игъэхьэзыру щыта «СССР-м ис лъэпкъхэм я эпос» серием хэту дунейм къытехьащ Алиевэ Аллэ, КъардэнгъущI Зырамыку, ХьэдэгъэлI Асчэр сымэ я гуащIэрэ фIыщIэрэкIэ. Тхыгъэхэр итщ зэратхыжа адыгэбзэмкIэ, абы урысыбзэкIэ зэдзэкIыжахэри къадокIуэ. Ар щагъэхьэзырым щыгъуэ я щIэныгъэ-Iэзагъэ халъхьащ Шортэн Аскэрбий, Къумахуэ Мухьэдин, Гацак Виктор сымэ. Абы нэмыщIу, сэ сыздэлажьэ институтым том зыбжанэу къыдигъэкI «Адыгэ уэрэдхэмрэ пшыналъэхэмрэ» жыхуиIэм хэту 1981 гъэм дунейм къытехьауэ щытащ нарт пшыналъэхэм яхухэха зы том. Текст бжыгъэкIэ 41-рэ мэхъу, ар дуней псом щыцIэрыIуэ профессор Гиппиус Евгений и унафэм щIэту, КъардэнгъущI Зырамыку, Бэрэгъун Владимир, Нало Заур, ГъукIэмыхъу Iэбубэчыр, Иуаныкъуэ Нурбий сымэ зэдагъэзэщIа лэжьыгъэшхуэм щыщ Iыхьэщ. Сэ си щхьэр лъагэу сагъэлъагъужащ а томым елэжь гупым сызэрыхашамрэ и хэзыгъэгъуазэ псалъэр стхыну си пщэ къызэрыдалъхьамрэкIэ. Гу зылъытапхъэращи, дэтхэнэ текстри макъкIэ магнитофон лентIым зэрытетхам мэскъалкIэ темыкIыу къратхыкIыжауэ щытащи, фотоаппараткIэ траха сурэтым хуэдэу дэфтэрым полъэщ, хэхи, хэлъхьи щымыIэу. ИтIанэ, мы тхылъыпкъым щыщ Iыхьэр нотэхэм яубыд. Ахэри макъамэр игъащIэм зыгуэрым пэжу къиубыдыфауэ щытамэ, апхуэдэу ирагъэзэгъащ. Мыр Москва «Советский композитор» тхылътедзапIэм къыщыдагъэкIащ, «ЗэхъуэкIыныгъэхэр» зыхужаIа лъэхъэнэр къэсу къэралышхуэр къэщэщэжыным ипэкIэ.
— Мис иджы дыдэ Пятигорск щыIэ «ТАСС Кавказ» хэгъуэгу хъыбарегъащIэ Купсэм щекIуэкIащ пресс-конфренц, томиплI хъу «Нарты. Адыгский эпос» къыдэкIыгъуэм теухуауэ. А томиплIми итыр япэу къыдэкIа томиблым ихуара, хьэмэрэ ар лэжьыгъэщIэ? Абы елэжьахэм уэри уахэта?
— Абы и Iуэхур щхьэхуэщ. 2000 гъэм ипэхэм я ублапIэм къриубыдэу ди институтым мурад ищIащ адыгэхэмрэ къэрэшейбалкъэрхэмрэ я IуэрыIуатэр тхылъ зыбжанэ хъууэ дгъэхьэзырыну. Мис абы хиубыдэу япэ идгъэщахэм ящыщщ а томиплIыр. Вы зимыIэм шкIэ щIещIэ, зэрыжаIэщи, сэри сыхэтащ абы елэжьахэм, гупым и унафэщIуи сыщытащ. Ди гупыр къыщызэрагъэпэщым абы хэтащ Нало Заур, ЦIыпIынэ Аслъэн (а тIум, ди жагъуэ зэрыхъущи, мы лэжьыгъэм дыпэрыува къудейуэ я щIы Iыхьэ ягъуэтыжащ), Быхъурэ Мухьэмэд, Табыщ Мурат сымэ. Нэхъ иужькIэ Гъут Ланэрэ Хьэгъэжей Лианэрэ къыхыхьащ. Мы томиплIыр щыдгъэхьэзырым ди гум илъар зыщ — адыгэ нарт эпосым щыщу ди IэмыщIэ къихуэхэм я нэхъыфIхэр дгъэлъэгъуэнращ. Апхуэдэу щыхъукIэ, дауи, япэм традзауэ щытахэм ящыщи хэмыту хъуакъым, ауэ зэи трамыдзауэ, архивым хэлъу, хьэмэрэ макъкIэ тхыжауэ ди фонотекэм щахъумэу зыкъом къызыкъуэтхыжащ. Псори тедзэным хуэдгъэхьэзыращ, ди фIыр нэхъыбэм ялъэдгъэIэсыным щхьэкIэ урысыбзэкIэ зэддзэкIыжри адыгэбзэ текстым гуэгъу хуэтщIыжащ. Абы нэмыщIу, дэтхэнэ тхыгъэми гуэдзэн хуэтщIыжащ, ар къэзыIуэтэжамрэ езыр зыхуэдэмрэ дгъэнахуэу, зытхыжар, щатхыжа щIыпIэмрэ зэманымрэ щIыдгъужу, псалъэ мыгурыIуэгъуэ къыщыхэкIым деж гурыIуэгъуэ тщIыуэ. КъинэмыщIу, дэтхэнэ томми хэзыгъэгъуазэ тхыгъэ – адыгэбзэкIи, урысыбзэкIи и гъусэжщ, псалъэгъэнахуэхэри гуэдзэжащ.
— «Нарт» эпосым куэд еджэрэ?
— Пэжыр жысIэнщи, абы журналистыр, цIыхубэм куэдрэ хэтын зи хабзэр нэхъыфIу щыгъуэзэну къысщохъу. Ауэ, иджы тхылъ къэзыщтэм нэхърэ компьютерым пэрысхэр нэхъыбэщ. Абы телевизорыр къыбгъурытыжщ, смартфонхэм я гугъу умыщIыххэ. Апхуэдэу щытми, лъэпкъым и набдзэу жыхуэтIэж интеллигенцэм и къалэн пажэхэм ящыщщ дяпэ итахэм ягъэшэсу илъэс щэ бжыгъэкIэ, мин бжыгъэкIэ Iум имыкIыу зэрахьа, яхъума пшыналъэхэмрэ хъыбарыжьхэмрэ нобэрей дунейм хэмыгъэшыпсыхьыжыныр.
Дяпэ итахэм зыIэпамыгъэхуу ди деж къыщынахьэсакIэ, абы нобэми къытхуэщхьэпэн гуэр хэлъщи, ауэ сытми пхъуантэм дэлъу дымыхъумэу, нобэрей дунейм къегъэзэгъын хуейуэ солъытэ си щхьэкIэ. Ар зи къалэныр си закъуэкъым, уэрэ сэрэкIи гъэзэщIа хъуну къым, псоми ди зэхуэдэ пщэрылъщ, зыр дакъэм щIэтрэ адрейр абы зэрыбгъурытым емылъытауэ. АбыкIэ, нэхъ щабэу жысIэнщи, нобэ ди щхьэр щIэузын щхьэусыгъуэ диIэщ, ауэ а щхьэр езыр щытфIэкIуэди къохъури, абы ди цIэри дэмыкIуэдын щхьэкIэ ди адэжьхэм я Iэужьыр гъуазэ тхурехъу. Абы щыгъуэми, ди нэкIур щIыбагъымкIэ гъэзауэ дыпсэу хъунукъым, ипэкIэ къакIуэм дыхуэфэщэжыни хуейщ.
— Иджы нартхэм я тхыдэмкIэ къэдгъэзэжынщи, ар сэ изопх атлантхэм. Атлантхэр лъэпкъ, лIакъуэ куэду зэхэтащ. Нартхэри абыхэм ящыщ зыщ. Атлантхэм я континентыр илъэс мелуаным нэблагъэкIэ, нэхъри тебгъэчынэмэ, илъэс мин 850-кIэ узэIэбэкIыжмэ хым щыщIэтIысыкIам, абыхэм ящыщ куэд къэкуэшащ Кавказым и лъагапIэхэм. Ахэращ нарт эпосыр къэзыхьари, дэ дыкъызытехъукIыжари. Блаватскэ Еленэ и «Тайная доктрина» лэжьыгъэ иным деж зэритхамкIэ, Кавказ щIыдэлъху лъэпкъхэр псори атлантхэм къатепщIыкIащ. Апхуэдэу щыщыткIэ, нартхэм я эпосыр, псом япэрауэ, зейр Кавказым и щIыдэлъху лъэпкъхэращ. Ди жагъуэ мэхъу ди хэкум имысауэ иужькIэ къитIысхьа нэгъуэщI лъэпкъхэми нарт эпосыр, адыгэ фащэм хуэдэу, ящтэну зэрыхуежьэр. Мигель де Сервантес зэрыжиIауэ, «Тхыдэтх пцIыупсхэм укI ятеплъхьэ хъунущ ахъшэ нэпцI къыщIэзыгъэкIхэм яхуэдэу». Тхыдэм пцIы щыупсынми ахъшэ нэпцI тедзэнми къагъэтIасхъэ жылагъуэ утыкум и лъапсэхэр: пэжымрэ экономикэмрэ. Абы теухуауэ сыт къыджепIэфынур?
— Эпосыр гъуазджэм и зы пкъыгъуэщ, гъуазджэм езым хэлъщ, и дэтхэнэ пкъыгъуэми утригъэгушхуэн хуейуэ, уэ уи къэухьым елъытакIэрэ къызэрыпфIэщIыр бгъэщыпкъэу. Ауэ сэ илъэс щэныкъуэм щхьэпрысхуауэ лIыхъужь эпосым ехьэлIа Iуэхугъуэхэр щIэныгъэ хабзэм тету къэпщытэныр си нэрыгъыу сопсэу. Апхуэдиз пIалъэ кIыхьым си щхьэр шкIумпI мыхъупамэ, а хабзэм къегъэув уи фантазиер къыжьэдэкъуэныр, уи нэм имылъэгъуамрэ есэпкIэ узылъэмыIэсынымрэ Iуэху темыщIыхьыныр, щыпкъагъэр уи гъуазэу узэщIыжауэ улэжьэныр. Зи гугъу пщIы Блаватскэм и тхыгъэхэр хьэлэмэтщ, абыхэм яхэплъагъуэнущ куэду удэзыхьэххэри.
Ауэ абыи нэгъуэщI гуэрхэми зи гугъу ящI Атлантидэмрэ а щIыгум щыпсэуауэ жыхуаIэхэмрэ зэрыпэж дыдэмкIэ дзыхь пщIыуэ къозыгъэщтэн шэсыпIэ зыми къихькъым, ди гукъыдэж дахэм нэмыщIу, ипэжыпIэкIи щыIэкъым. И нэхъыбэкIэ ахэр зытещIыхьар шэсыпIэ щыпкъэ зыгъуэта пкъыгъуэкъым, адыгэхэм «Истамбыл губгъуафэ изоплъ» зыхужаIэм хуэдэ жьэрыIуэтэж хъыбархэщ. Хуэгъэфащэ зэфэзэщщ. Щхьэж зэрегуакIуэщ, ауэ си щхьэкIэ апхуэдэхэм дзыхь яхуэсщIкъым. Лъэпкъ куэд щыIэкъым, лIыхъужь къызэрымыкIуэхэр, пелуанхэр, иныжьхэр, цIыкIужьейхэр, благъуэхэр зи IуэрыIуатэм хэмыт. Апхуэдэ псори Атлантидэм къыщежьамэ, псори а зым къикIа мэхъур. Абы уэ егупсысыжи, уи Тхьэ узэреплъщ, сэ сызэреплъым ущIэупщIэмэ, мыращ ныбжесIэфынур.
Япэрауэ, нартыжьхэм яхьэлIа хъыбархэр, пшыналъэхэр, фIэщыгъэцIэхэр Кавказым нэмыщI зыщIыпIи щызекIуэкъым, щызекIуэми, мы щIыналъэм иIэпхъукIа здэщыIэхэм здахьауэ аращ. Абы щыгъуэми, я бзэкIэ осетинхэм, хьэмэрэ къэрэшей-балкъэрхэм я благъэхэр мы Евразием щыкуэдыкIейщ. Абы къикIыр сыт, жыпIэмэ, нарт эпосым и къежьапIэр Кавказ щIыналъэращ. ЕтIуанэу, пасэрей эпосу мифологием къыпкърыкIахэр, «Нартхэм» хуэдэхэр, зы лъэпкъым бгъэдэкIрэ хамэм деж и лъэр щыуву хабзэкъым. Абыи сыт къыхэпхыфынур? Нарт эпосыр зезыхьэ лъэпкъхэр пкъыкIэ зыщ, зы дыдэу мыхъуу, нэмыщI гуэрхэр къахэшыпсыхьу а бзэр ирагъэхъуэжами, нэхъыбитIкIэ псори зы къуэпсым йокIуэлIэж. Хьэуэ, ди бзэр зыкъым, жыпIэнщ, ауэ бзэм зехъуэжыр, зызымыхъуэжыххэр генетикэм и пкъыгъуэхэращи, абыкIэ дызэзышалIэ нэщэнэ куэд иджырей ДНК анализым и къэпщытакIуэхэм къахутэ.
Хьэуэ, дызэгъунэгъути, зыр адрейм еуэкъулащ, жыпIэнумэ, илъэс щэ бжыгъэ хъуауэ апхуэдэ дыдэу ди гъунэгъужэрэгъущ нэгъуейхэр, тэтэрхэр, къэзакъхэр. Ауэ абыхэм ди эпосыр яхьэхуакъым, езыхэм я эпосри дэ дыдей къэкIуакъым. Дэ дыкъэзыгъэщIа Тхьэ лъапIэм и псэм щыщ зэхэщIыкI къыщIытхилъхьар вым хуэдэу дызэхущIэтIэжурэ бгым дыщымыхуным щхьэкIэт. АрщхьэкIэ, пэжыр жысIэнщи, дызэпэувауэ дызэныкъуэкъужурэ, бгыщхьэм дынэсауэ щыхупIэм дыщхьэщыту къысфIощI. ДызэдэмыгъуэгурыкIуэфмэ, дызэдэкIуэдыжыну шынагъуэ щыIэщ.
— Сосрыкъуэ, Бэдынокъуэ сымэ, нэгъуэщI нарт лIыхъужьхэм дэ дагъэлъагъу лIыгъэ зыхэлъ цIыху пэжыр, щыпкъэр, акъылыфIэр зыхуэдэр. Ахэр дэркIэ щапхъэщ. ИтIанэ, Сосрыкъуэ къызэрыхъуар гъэщIэгъуэн дыдэщ. Ар псыхъуэ мывэм хищIащ, Лъэпщ уадэкIэ мывэр икъутэри къыхихащ, мафIэр къыпылъэлъу, псым хищIэурэ ипсыхьащ. Абы сэ сигу къегъэкI иджырей зэманым атом кумылэр зэгуауду (расщепление ядра атома) къару ин дыдэ къызэрыхахар. Абы Сосрыкъуэ зэрыбзаджэм, зэрылеймыгъэгъум хуэдэу, радиацэ шынагъуи къыхокI. А хъыбарыжьымкIэ нартхэм дыщамыгъэгъуэзауэ пIэрэт атомым и къарур къызэрызэIуахынум, абы шынагъуэ зэрыпыщIам? Адрей хъыбарыжьхэми апхуэдэ мыхьэнэ куэд къахэпхыфынущ, тегъэчынауэ уабгъэдыхьэмэ.
— ЗэрыжысIащи, эпосыр гъуазджэм и хабзэм тетщ. Абы къалэн зыбжанэ зэуэ зэдехьыф. Къапщтэмэ, абы ди деж къынехьэсыж дяпэ итахэм хъуэпсапIэу, лIыгъэмрэ цIыхугъэмрэ я пщалъэу ялъытэу щытахэр. Абы хуэдэу, нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ гъэсэныгъэ къалэнышхуэ ягъэзащIэри, щIэблэмкIэ дерс куэд къызыхэкI пкъыгъуэщ. АдэкIэ, эпосым щыхъумащ дяпэ итахэм я псэукIам и щапхъэхэр, я дуней еплъыкIэу щытахэр, фIэщхъуныгъэу яIахэр. А псом нэмыщIыжу, хъыбархэр, уэрэдхэр, пшыналъэхэр бзэм и дахапIэ дыдэщ, щэнхабзэми и щапхъэщ. Аращи, уэ уи гур зыхуэгъэпсам елъытауэ, узыхуей куэд къипх мэхъур хъыбарми, пшыналъэми.
Абы хуэдэу, ди нэхъыжь лъапIэу дяпэ ита Шортэн Аскэрбий Сосрыкъуэ мывэм плъауэ къызэрыдэкIым хилъагъуэу щытащ гъущIыр гъаткIуэм къызэрыхах щIыкIэр. Ар дыдэм Абаев В. хилъэгъуащ Дыгъэм щхьэщэ хуэзыщIхэм я нэщэнэ. Дэтхэнэ зыми хуитыныгъэ иIэщ абы хилъэгъуэныр зыхуэдэмкIэ. Ауэ сэ сызэгуэуди, си фIэщ хъуну къым мы мифологием къыхэкIа телъыджагъэхэр зи IэрыкI пасэрейхэм атомыр зищIысымрэ радиацэр зищIысымрэ ящIэу щытауэ, ахэр щIагъыбзэкIэ нарт хъыбарым халъхьэжауэ. Апхуэдэр уи фIэщ хъун щхьэкIэ нобэрей цIыху цIыкIу цивилизацэм ипэкIэ ди планетэм ину зызыужьа нэгъуэщI цивилизацэ щыIауэ дэзыгъэлъагъун щыхьэтлыкъ хуейщ.
ЩэхукIи, нахуэкIи апхуэдэ щыдимыIэкIэ, нарт лIыхъужьхэм ядэтлъагъу фIагъ псори лъэпкъым и зэчийм къигъэщIауэ, а зэчийм гъунэрэ нэзрэ зэримыIэм и зы шэсыпIэу жысIэныр нэхъ сфIэтэрэзщ. Ар жысIэми, къезэгърабгъуу къыщыплъытэхэм деж зэгъэпщэныгъэ шэрыуэ куэд къыхэпхи мэхъур. Эпосыр мыкIуэдыжу илъэс щэ бжыгъэ, мин бжыгъэкIэ къыщIэкIуэфар къэунэхум зригъэзэгъыфати аращ. Дауи, езыми зыгуэрэхэмкIэ зихъуэжащ, ауэ кIуэдакъым. Ар мыкIуэду лъэпкъым и псэри кIуэдынукъым.
— Нартхэм я IуэрыIуатэм удихьэхыу уеджэ къудейкъым, абы хэлъщ зи зэманыр иджыри къэмыса щIэныгъэ щэху куэд. Iэдэм, уэ къыпщыхъукъэ нарт хъыбарыжьхэр гъэ мин бжыгъэ куэдым къахэкIа энциклопедиеу?
— Абы и жэуапыр уэстауэ къысфIощI. Ауэ зыгуэри щIызгъужынщи, сыгъуащэмэ, Тхьэм къысхуигъэгъу. КъэкIуа лъэхъэнэм зыгуэрхэмкIэ пэмыджэжтэмэ, эпосыр езыр-езыру кIуэдыжынут. Апхуэдэу щыхъукIэ, абы нобэми акъыл гуэр къызыхэпхын хэлъщ, хэплъагъуэ закъуэмэ. Ар къыщыунэхуахэм щыгъуэ дяпэ итахэм хамылъхьами, хэплъэгъуэнкIэ мэхъур. Сигу къокIыж зэман гуэрым Бещтокъуэ Хьэбас и «Мывэ лъэхъэнэ» поэмэм теухуауэ семинар зэрекIуэкIауэ щытар. Ди щIэныгъэрылажьэхэр, критикхэр, усакIуэхэр къыщыпсэлъащ а семинарым, Iэджэми гу лъатащ.
Иужьым езы Хьэбас къэуври, зэрыхабзэу, псоми фIыщIэ яхуищIащ, итIанэ жиIащ: «Нобэ къэпсэлъахэм си поэмэм гупсысэу хэслъхьахэри къэвгъэнэхуэжащ, ауэ сигу къэмыкIагъэххэхэри хэфлъэгъуащ». Гъуазджэм и щыпкъагъэр мис абы хэлъщ – куууэ ухэплъэф закъуэмэ, уэ уи къэухьым, уи гукъыдэжым, уи гурыгъхэм елъытауэ зы щIэ гуэр хэплъагъуэу щытыныр. Ар щIэныгъэ гъэпщкIуауэ кроссвордым хэлъу къыщIэбгъэщыжынракъым, атIэ Тхьэуэ дыкъэзыгъэщIам и щэхуу гъуазджэм хэлъращ. Ауэ ар дэтхэнэ псалъэ зэгъэпцIами хэгъэпщкIуауэ хэскъым, я нэхъ щыпкъэхэращ зыхэлъынкIэ хъуныр. Апхуэдэу уеплъмэ, эпосыр гъунэрэ нэзрэ зимыIэ энциклопедиеу къэплъытэныр щыуагъэу сфIэщIкъым.
— Иджыри сыт хуэдэ гупсысэхэр уэ къыпхуигъэушрэ нарт эпосым?
— ЗэрыжысIащи, бзэм и щэнхабзэр, IуэрыIуатэр, абы щыщу нарт эпосымрэ тхыдэр зи лъабжьэ эпосымрэ си IуэхущIафэ зэрыхъурэ илъэс щэныкъуэм фIыуэ щхьэдэхащ. Абы ижь къыпщIимыхужынкIэ Iэмал иIэкъым. Сызытет дунейм къыщыхъухэм сыхэплъэмэ, ди нарт лIыхъужьхэм, Андемыркъан, ЕщIэнокъуэ зэкъуэшхэм, хьэмэрэ Ажджэрий Кушыку сымэ я дуней тетыкIахэм изогъапщэ, абыхэм я лIэужьу щытынкIэ зыхуэфащэхэмрэ зыхуэмыфащэхэмрэ зэпызолъытыж.
Дауи, дэ дызэрыхуей дыдэу мы дунейм тет псори хъункъым, ауэ зи лIэужьу дыкъэхъуахэр тщымыгъупщэжмэ, дяпэ итахэм ящыщу уэрэдрэ хъыбаркIэ зи лъапIэныгъэр тхыдэм къыхэнахэр ди пщалъэмэ, лъэпкъыу дыкъызэтенэнущ. Уи щхьэ зэрыпщIым хуэдэ адыгэщIым ущохъу, зэрыжаIэщ, насып диIэмэ, ди щхьэр зыгъэпудын дэ дымылэжьыжмэ, хамэм пудыныгъэ къыдихыфынкъым. Ар тлъэмыкIрэ – мы дунеижьу зи щхьэлмывэр мыувыIэжым дэ тхуэдэ Iэджи зэхихьэжащ, дэри хьэжыгъэ дыхъунщ, яжьэ дыхъунщ, сабэ дыхъунщи, жьыбгъэм дрихьэжьэжынщ…
Тхьэ лъапIэм дыкъихъумэ! Дыпсэуху фIым дыщыгугъын хуейщ, дыгугъэм къыщымынэу, тлъэкIыху тIэкIуи абы дыщIэбэнынщ.
Епсэлъар ДЭБАГЪУЭ Хьэтызэщ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.