Экзаменыр къызэрыIах щIыкIэм дунейм

Урысейм и ЛIыхъужь Къардэн Уэхьид и цIэр зезыхьэ ПсэукIэ-Дахэ курыт еджапIэм щекIуэкIащ «Дызэгъусэу дот. Адэ-анэм ЕГЭ-р щрагъэт махуэм» акцэр.
Абы кърагъэблэгъащ Хьэбэз районым егъэджэныгъэмкIэ и Управленэм и унафэщI Сидакъ Жаннэ, абы и къуэдзэ Аслъэныкъуэ Светланэ, къуажэм и Iэтащхьэ Кэп Мурат, журналистхэр, мы гъэм еджапIэм къыщIэкIыну ныбжьыщIэ цIыкIухэм я адэ-анэхэр.

ЕджапIэр къэзыух ныбжьыщIэхэм ябгъэдэлъ щIэныгъэр, зэфIэкIхэр къызэрапщытэ Iэмалхэр къагъэсэбэпурэ, а махуэм экзамен ирагъэтащ адэ-анэ 15-м. Мы Iуэхугъуэр къызэзыгъэпэщахэм акцэм хэлэжьыхьахэр щагъэгъуэзащ Зыуэ щыт экзаменхэр зэратыну щIыкIэм.
— Ди къалэну щытар экзамен къызэрыIах щIыкIэм адэ-анэхэр хэгъэгъуэзэнрат, сабийр мыхьэнэшхуэ зиIэ а Iуэхум зэригъэпIейтейр щхьэщахыфын хуэдэу. Адэ-анэхэм сабийхэр ягъэгушхуэфынущ, абыхэм еущиефынущ, — къыхигъэщащ Сидакъ Жаннэ.
Адэ-анэхэм ирагъэлъэгъуащ экзаменхэр зытхэр зэрызэбгъэдагъэтIысхьэ щIыкIэр, гъэунэхуныгъэхэм кърикIуахэр къапщытэнымкIэ къагъэсэбэп Iэмалхэр.
Балигъхэм ирагъэта экзаменыр нэхъ кIэщIт. ЕджапIэхэр къэзыухахэм хуэдэу, адэ-анэхэми паспортымрэ къалэмымрэ фIэкIа яIыгъ хъунутэкъым.
ЕЗАУЭ Маринэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *