«Дызэмыщхьми, дызэгъусэщ!»

Лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и Махуэр Хьэбэз къуажэм дэт щэнхабзэмкӏэ уардэ Унэм деж сабийхэмкIэ махуэщI хэIэтыкIакIэ хуагъэлъэпIащ. Къэралым и махуэщIыр гъэлъэпIэным трагъэхуащ «Мой особенный ребенок» фестивалыр мы гъэм илъэси 5 зэрырикъум.

Oplus_16908320

«Дэ дызэгъусэщ!» зыфIаща фестивальмахуэщIым хэтащ республикэм и районхэм къабгъэдэкӏа сабий къэфакӏуэ, уэрэджыӏэ ансамблхэр, адэ-анэхэр, псапащӏэ фондым, район щэнхабзэм, библиотекэм я лэжьакӏуэхэр.

Дауэдапщэр езыгъэкIуэкIа, Хьэбэз РДК-м и методикэ пэшым и унафэщI Мамхэгъ Зуридэ махуэщI лъапIэмкIэ гуапэу яхъуэхъуащ къекIуэлIахэм: — Дэ псори зы къэралым дыщопсэу – абы и цIэр Урысейщ. Псоми ди зэхуэдэ унэщ ар — абы щыпсэухэр — псори дызыунагъуэщ! Сыту си гуапэ нобэ зы унагъуэу мы махуэщIыр зэрыдгъэлъапIэр. Сабийхэм гуапагъэрэ хуабагъэрэ къахуэзыхь цIыхухэм, абыхэм къызэрагъэпэщ псапащIэ зэгухьэныгъэхэм я фIыгъэкIэ лъэкIыныгъэ диIэщ дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэхэм защIэдгъэкъуэну, къытхуэныкъуэм ди Iэ яхуэтшиину. «Мой особенный ребенок» фестивалри абы и щыхьэтщ, — концертыр къызэIуихкIэрэ жиIащ Зуридэ. МахуэщI утыкур ягъэбжьыфIащ уэрэдхэмрэ къафэхэмрэкIэ «Сэтэней» цIыхубэ ансамблым (Али-Бэрдыкъуэ къуажэ), кавказ къафэхэмкIэ «Хаят» ансамблым (Важное жылагъуэ), «Звездочка» сабий уэрэджыIэ гупым ( АдыгэХьэблэ район), иджырей къафэхэмкIэ «Юника» ансамблым, цIыхубэ IэмэпсымэхэмкIэ «Нур» ансамблым, «Радуга» вокальнэ уэрэджыIэ гупым (Сидакъ С. и цIэр зезыхьэ Хьэбэз къуажэм дэт гъуазджэхэмкIэ еджапIэ), лъэпкъ къафэхэмкIэ «Насып» ансамблым (Черкесск къалэ), эстрадэ къафэхэмкIэ «Виво и Диво» ансамблым (Зеленчук район). Хэкупсэ усэ къеджащ Жумай Аминэрэ Гочияевэ Асиянэрэ. «Iуащхьэмахуэ теухуауэ» макъамэр пшынэм дахащэу къригъэIукIащ Сидакъ С. и цIэр зезыхьэ Хьэбэз къуажэм дэт гъуазджэхэмкIэ еджапIэм и гъэсэн Гъуэщокъуэ Арианэ. «Мой Кавказ» уэрэдыр ягъэзэщIащ Черкесск къалэм дэт еджапIэ-интернатым и еджакIуэхэу – Шыбзыхъуэ Мединэрэ Бытдаевэ Лейларэ. Уэрэдхэр ягъэзэщIащ Цекъуэ Амилинэ (Хьэбэз район), Туркменовэ Амирэ (Нэгъуей район), Тищенко Полинэ (Зеленчук район) сымэ. Къызэхуэсахэм псалъэ гуапэрэ хъуэхъукIэ рэ захуигъазэри и уэрэдыр яхуигъэфэщащ сабий псапащIэ лэжьыгъэхэм сыт щыгъуи къыхыхьэ КIэмрыгу Марианнэ. Фестивалыр къызэгъэпэщыным зи гуащIэ хэзылъхьа «Территория милосердия» фондым и волонтер, «Мой особенный ребенок» фестивалым и къызэгъэпэщакIуэ Байрамуков Руслан Хьэбэз районым щэнхабзэмкIэ и къудамэм къыбгъэдэкIыу щIыхь тхылъ хуагъэфэщащ.

 ХЬЭТАЙ Мадинэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *