«Дызэгъусэу нэхъыбэ яхуэтщIэфынущ!»

Дыгъэгъазэм (декабрым) и 9-м Къэрэшей-Черкес Республикэм и Жылагъуэ палатэм зэӏущӏэ щекIуэкIащ. «Зэгъусэу Текӏуэныгъэм: СВО-м хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ ядэӏэпыкъунымрэ защӏэгъэкъуэнымрэкӏэ ӏуэху бгъэдыхьэкӏэ нэхъыфӏхэр» зэпсэлъэныгъэр трагъэхуащ Хэкум и хъумакIуэм и Махуэм.

Зэӏущӏэм хэтащ КъЧР-м и Ӏэтащхьэмрэ и Правительствэмрэ я Администрацэм и унафэщӏым и япэ къуэдзэ Хубиев Марат, КъЧР-м и Цӏыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) лъэпкъ политикэмкӏэ, къэралщӏыб зэпыщӏэныгъэхэмкӏэ, мысату организацэхэмрэ хъыбарегъащӏэ ӏэмалхэмрэкӏэ комитетым и унафэщӏ Темрезов Науруз, гъэзэщӏакӏуэ властымрэ хэгъуэгу зэгухьэныгъэхэмрэ я лӏыкӏуэхэмрэ Жылагъуэ палатэм жыджэру дэлажьэхэмрэ.

«Иужьрей илъэсхэм щыхьэт дытехъуащ ди дзэ къулыкъущӏэхэм я лӏыгъэшхуэмрэ псэемыблэжыныгъэмрэ. Абыхэм зэуапIэм щызэрахьэ лӏыгъэм дегъэгушхуэ. СВО-м хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ ди гулъытэрэ дэIэпыкъуныгъэрэ хуэныкъуэщи, абыхэм яхуэфащэ гъащӏэ къахузэдгъэпэщын папщӏэ тхузэфӏэкӏ къэдгъэнэн хуейкъым», — къекIуэлIахэм захуигъазэкIэрэ жиIащ Хубиев Марат.

ЗэIущIэр кърагъэжьащ Iуэхугъуэ гуапэкIэ. Жылагъуэ палатэм къыбгъэдэкIыу Хэкум и хъумакIуэм и Махуэм и щIыхькIэ фӏыщӏэ тхылъхэр хуагъэфэщащ зауэ операцэ хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ защӏэгъэкъуэнымкӏэ жыджэрагърэ жэрдэмрэ къызыбгъэдэкIхэм. КъЧР-м и Жылагъуэ палатэм и пашэ Ляшовэ Еленэ абыхэм фIыщIэ псалъэхэмкIэ захуигъэзащ икIи къыхигъэщащ я къарур граждан лӏыгъэмрэ хэкупсагъэмрэ я щапхъэу зэрыщытыр. КъЧР-м и Ӏэтащхьэ Темрезов Рэшид и Унафэм ипкъ иткӏэ Маркаровэ Инессэ Жылагъуэ палатэм хагъыхьащ.

Ар утыку кърашащ икIи ехъуэхъуащ жылагъуэ гъа щIэм и сэбэп къекIыу хуэлэжьэну. Iуэху щхьэхуэу къаIэтащ СВО-м хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ ядэӏэпыкъунымрэ защӏэгъэкъуэнымрэкIэ хэгъуэгум щекIуэкI лэжьыгъэр. А упщIэмкIэ къэпсэлъащ ведомствэхэмрэ организацэхэмрэ къабгъэдэкIа лIыкIуэхэр. Хэгъуэгу военкоматым, республикэ сымаджэщым, мысату зэгухьэныгъэхэм къабгъэдэкIахэр а лъэныкъуэмкIэ ялэжьым убгъуа уэ къытепсэлъыхьащ.

2023 гъэм щыщIэдзауэ Къэрэшей-Черкесым зи лэжьыгъэр щезыгъэжьа «Хэкум и хъумакӏуэхэр» фондым и къудамэм и лӏыкӏуэхэм я лэжьыгъэр къызэщIакъуэжкIэрэ яхузэфIэкIар ягъэбелджылыжащ. Абыхэм къызэрыхагъэщамкIэ, СВО-м и ветеранхэмрэ хэкӏуэда дзэ къулыкъущӏэхэм я унагъуэхэмрэ за щӏэгъэкъуэным хуэунэтӏауэ куэд ялэжьащ. А пIалъэм къриубыдэу къудамэм и лэжьакIуэхэм къызэрагъэпэщащ икӏи ирагъэкӏуэкӏащ хэкупсэ, щэнхабзэзыгъэпсэхугъуэ ӏуэхугъуэу 200-м щӏигъу.

Апхуэдэу фэеплъ пхъэбгъу 50 ягъэуващ, Лӏыхъужьхэм я партэ 50, Лӏыхъужьхэм я аллее 15 къызэӏуахащ. Ветеранхэр щӏалэгъуалэм ӏуощӏэ зэпыт, лӏыгъэм и дерсхэр ирагъэкӏуэкӏ, хэкупсэ ӏуэхухэми хэтщ. Зауэ операцэ хэхар зэрырагъэкӏуэкӏым къыхэкӏыу, республикэм и унафэщӏхэм я жэуаплыгъэ щхьэхуэщ дзэм къулыкъу щызыщӏэхэм я унагъуэхэм социальнэ и лъэныкъуэкӏэ защIэгъэкъуэныр, зауэ операцэ хэхам хэтхэр зыхуэныкъуэхэмкӏэ къызэгъэпэщыныр. Хэгъуэгум къыщащтащ икӏи щагъэзащӏэ зауэлIхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ зэрызыщӏагъакъуэ ӏэмал 50, абыхэм финанс ӏуэху 14 яхэту. #МЫВМЕСТЕ хэгъуэгу штабым волонтёр 2000-м щӏигъу, жылагъуэ зэгухьэныгъэ 20-м щӏигъу щызэ къуигъэуващ.

Псори зэхэту къапщтэмэ, волонтёрхэмрэ доброволецхэмрэ я лэжьыгъэмкIэ къызэщӏрагъэубыдащ нэрыбгэ мин 70-м нэс. Гуманитар дэIэпыкъуныгъэу тонн 1200-м щӏигъу СВО-р здыщекIуэкI щӏыпӏэм яунэтIащ. Фондым и лэжьыгъэм къыщигъэлъэгъуа къэпщытэжыныгъэхэри къыхалъытэу, зэӏущӏэм ӏуэху бгъэдыхьэкӏэ нэхъыщхьэхэр щагъэбелджылащ. Абы ипкъ иту СВО-м хэтхэм психологие дэӏэпыкъуныгъэрэ реабилитацэ тэрэзрэ ягъэгъуэтыныр, медицинэ ӏуэхутхьэбзэхэмрэ социальнэ адаптацэмрэ я программэхэр зэхагъэувэныр нэхъыщхьэу къыха лъытащ.

Дзэм къулыкъу щызыщӏэхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ я зыгъэпсэхугъуэмрэ лэжьапӏэкIэ къызэгъэпэщынымрэкIэ жэрдэмхэри къыхалъхьащ. КъЧР-м и Жылагъуэ палатэм и пашэ Ляшовэ Еленэ зэIущIэр къипщытэжащ икIи цӏыхугъэм, социальнэ захуагъэм, граждан зэкъуэтыныгъэм я хабзэхэм тету ипэкIи зэрылэжьэнур жиIащ.

«Шэч къытетхьэкъым зауэ операцэ хэхам хэтхэм защӏэгъэкъуэныр ди зэхуэдэ къалэну зэрыщытым. Ди Хэкур зыхъумэхэм дызэгъусэу нэхъыбэ яхуэтщӏэфынущ!» — къыхигъэщащ абы.

АСЛЪЭНЫКЪУЭ Мадинэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *