Дыгъэпсу гуапэщ хэлъ цIыхугъэр

Анэм уз хьэлъэ къыщытегуплIэкIэ, быныр гужьеигъуэ йохуэ, ажалым щыщтэ мэхъу… Апхуэдэ дыдэт мы гъэм ди унагъуэм зыхэтщIар, ди анэм и лъакъуэм е екIуэу, псынщIэ дыдэу абы Iэпкълъэпкъым зыщиубгъун щыщIидзам. Узым и лIэужьыгъуэр зэуэ къызэрытхуэмыхутам Iуэхур хигъэужьыныхьри, дымыщIэххэурэ, ди анэм и гъа- щIэр щытыкIэ шынагъуэ иригъэуващ.

Лъакъуэм къеуэлIа узыфэ адэкIи мыкуэш щIыкIэ, ар пыхын зэрыхуейм драгъэувэлIэну хэтт дохутырхэр, ауэ ар гукъутэ хъыбарт сыт щыгъуи зи лъэр жану еса ди анэмкIи, абы и бынхэмкIи. НэгъуэщI Iэмал щыщымыIэм деж, ари къыхыуигъэхыжынщ, дэнэ укIуэн. Арами, гугъэр аддэ жыжьэу гущIэм щыпсэути, дытегушхуэри, Ставрополь крайм и сымаджэщым шын-травматологиемкIэ и къудамэм тшащ.

Тхьэшхуэм и Iэмыр хэмылъу мы дунейм зыри къыщыхъукъым жыхуаIэращи, абдеж, дэри дызэрыщымыгугъауэ, Iуэхум фIы и лъэныкъуэкIэ зыкъызэридзэкIыжащ. Зэман кIыхькIэ абдеж къыщыдоIэзэри, операцитI къызэднэкIауэ, ди унэ дыкъагъэкIуэж… Нобэ си анэр щIэрыщIэу и лъэ тригъэувэжауэ къызолъытэ а сымаджэщым деж зэрымыщIэкIэ дызыхуэза травмотолог-ортопед IэкIуэлIакIуэ НАРТОКЪУЭ Динур МуIэед и къуэм. Гум имыкIыжщ а сымаджэщым дыщекIуэлIа япэ махуэр. КъыбжаIэным уежьэным нэхъ хьэлъэ сыт щыIэ? Дохутырхэр зэхуэсу лъакъуэм иращIэфынум еплъу унафэ къахьа нэужь, дэ къыдэIэзэну къыдапха Динур къыдбгъэдохьэ.

ГуфIэр зи нэгум имыкI щIалэ лъапэлъагэм къыджеIэ лъакъуэр кърагъэлыфыну гугъэ зэрыщыIэр, икIэщIыпIэкIэ узыр гъэхъужыным яужь зэрихьэнур, абы папщIэ шыIэныгъэ тхэлъынуи къыдолъэIу. А дакъикъэм дохутырым и нэм щIэтлъэгъуа фIэщхъуныгъэмрэ шэч къызытримыхьэ и псалъэхэмрэ дигухэр къызэрегъэгъуэтыж… Пэжыр жысIэнщи, ди анэм къеIэзэну дохутырыр къыщысцIыхуам, и ныбжькIэ зэрыщIалэм къыхэкIыу, дзыхь хуэсщIыщэтэкъым, гурыщхъуи сигъэщIат, ауэ сымаджэщым дызэрыщIэлъа мазэм сэ абы дэслъэгъуам хьэкъ сщищIащ ар зигурэ зи щхьэрэ зэтелъ, зи Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI дохутырхэм зэращыщыр.

ТIуащIэу нэхъ гуапэ сщыхъуащ ар ди лъэпкъэгъуу, адыгэ къуажэжьым — ВакIуэ-Жылэм щыщу къызэрыщIэкIар. Си анэ сымаджэми, абы кIэрыса сэри дгъэунэхуащ Нартокъуэм и цIыхугъэр, и IэпэIэсагъыр, и IэщIагъэ зэхэщIыкIыр здынэсыр. Илъэс 11 хъуауэ мы сымаджэщым щылажьэ Динур нэхъ лъэрыхьу, дзыхь нэхъ зрагъэзу ялъытэ дохутырхэм ящыщщ. Ар зэрымыщIэкIэ медицинэм къыхэхутакъым, и сабиигъуэм зыщIэхъуэпса IэщIагъэм хуэкIуауэ аращ. ВакIуэ-Жылэ еджапIэм щеджэми нэрылъагъут ар щIэныгъэр зи гъуазэ ныбжьыщIэу зэрыщытыр. Абы и щыхьэтщ диплом плъыжькIэ ар къызэриухар. Етхуанэ-еханэ классхэм хэсу, абы и гъащIэр медицинэм зэрырипхынур быдэу игъэбелджылат, уеблэмэ хирург хъунрат зыхуейр. А IэщIагъэм ар зыми тригъэгушхуакъым, щапхъэ къызытрихын нэхъыжьи къыкъуэтакъым. И адэр и IэщIагъэкIэ ухуакIуэщ, и гъащIэ псом мэкъумэш хъызмэтым хэтщ, и анэр хьэрычэтыщIэу къекIуэкIащ. Нартокъуэм Ставрополь дэт медицинэ академиер къиухащ.

Ещанэ курсыр къызэринэкIауэ, лэжьыгъэм нэхъ щIэх хэгъуэзэну хуэпIащIэу ныбжьыщIэр медбрату Iухьащ нобэ зыщылажьэ къудамэм. Ищхьэ еджапIэр къиуха нэужь, а къудамэ дыдэр и лъабжьэу, ординатурэм щIохьэжри, къызэриухыу, абдеж къыщонэж. ЗэрыхъумкIэ, щеджа зэманым щыщIэдзауэ мы къудамэм абы и гуащIэ щегъэтIылъ. Къыхэгъэщын хуейуэ солъытэ шын-трав матологие къудамэм щекIуэкI лэжьыгъэм и хьэлъагъыр. Абы къыщIэхутэр сымаджэ хьэлъэхэщ, уIэгъэ цIынэ, хэужьыныхьа ятелъу. УIэгъэр зымыгъэкIыж нэгъуэщI уз гъэтIылъа зиIэхэр куэдыкIейуэ яхэтщ. Абыхэм уаIэзэныр хьэлъэ дыдэу зэрыщытым къинэмыщIауэ, гукIэ абы я бэлыхьыр бгъэвыну къыпхудохуэ. Ауэ, гъэщIэгъуэнщ, Динур апхуэдэ щытыкIэм игъащтэкъым, нэхъ лэжьапIэ тынш лъыхъуэнуи и пщIыхьэпIэ къыхэхуэкъым. — Ар сэ къыхэсха лъагъуэщ. Шэч хэлъкъым, мы къудамэм ущылэжьэныр Iуэху тыншу зэрыщымытым. Мыбдеж хуабжьу зыхыбощIэ цIыхухэм уазэрыщхьэпэфыр, ахэр нэрылъагъууи богъэхъужыф. Абыхэм уазэрыщхьэпар щыплъагъукIэ, лэжьыгъэм нэхъри утогушхуэ. Ди къудамэр адрейхэм ящхькъым.

Къапщтэмэ, мыпхуэдэ унэтIыныгъэ зиIэу Ищхъэрэ Кавказым мы зыращ итыр. Ди деж къашэр сымаджэ хьэлъэ, куэд щIауэ уз гъэтIылъа хэха гуэрым игъэдзыхэхэращ. ЗэгъэуIуауэ убгъэдэмыхьэмэ, зы Iэзэгъуэ лIэужьыгъуэкIэ абыхэм я узыр бгъэхъужыфынукъым. Ди къудамэм и унафэщI Душин Руслан и нэIэм щIэт гупыр зэгурыIуэу дызэдолажьэ, дэтхэнэри цIыхум зэрыщхьэпэным хущIэкъуу апхуэдэщ. Душиным и фIыщIэкIэ, дохутыр ныбжьыщIэхэмкIэ дыкъулейщ. Абы хузэфIэкIащ езыр зыдэлэжьа нэхъыжьхэм я Iуэху зэхэщIыкIыр дэ къыдбгъэдилъхьэжын. Ноби дигъэгушхуэу, дигъасэу къыткъуэтщ. Псом нэхърэ нэхъыщхьэу дызыхуигъэсар сымаджэм и хьэлэмэт зыхэлъыр япэ зэридгъэщынращ, гущIэгъу зэрытхэлъынращ, — къыддогуашэ Динур.

Дохутырыр хирургием щIэх хэсыхьащ. АбыкIэ фIыщIэ хуещI и унафэщIым. Щеджэм щыгъуи, операцэ щрагъэкIуэкIкIэ, абы дзыхь къыхуищIурэ, IэзэкIэ щхьэхуэхэр и пщэ къыдилъхьэт. Апхуэдэ бгъэдыхьэкIэм мыхьэнэ хэлъщ, сыту жыпIэмэ Iуэхум занщIэу ухамышэмэ, уесэнукъым, зыхэбубыда тIэкIури хуэмурэ пщыгъупщэжынри хэтщ. Динур фIы дыдэу ещIэж и япэ операцэр зэрыригъэкIуэкIауэ щытар. Абы и IитIым сымаджэу ягъэхъужам и бжыгъэм ущIэмыупщIэ жыхуиIэращ, апхуэдизу куэд дыдэщи. Сыт хуэдэ операцэ ищIыну къыхуамыгъэувами, зэи зэхидзкъым тыншрэ-гугъурэкIэ. — ЩыIэкъым операцэ тынш.

Операционнэм ущIыхьа нэужь, дэтхэнэ цIыхумкIи уи жэуаплыгъэр инщ. Сымаджэр и лъэ тегъэувэжынращ къалэн пажэр. Зы напIэдэхьеигъуэкIэ утеплъэкъукIын ухуиткъым, цIыхум и гъащIэмкIэ жэуаплыгъэшхуэ бохьри, — жеIэ дохутыр ныбжьыщIэм. Дэри ди насып къихьащ мис апхуэдэ дохутыр-травмотолог IэпэIэсэм дыпэщIэхуэну.

Си анэр тIэу операцэ ищIын къыхудэхуати, хъарзынэу псори зэфIигъэкIащ. Мамэ и куэм лыпцIэ къытригъэжу уIэгъэмкIэ игъэкуэшын хуейти, ар здытридам тыншу тезэгъащ икIи щIэхи кIыжащ. ИтIанэ, куэд елъытащ дохутырыр сымаджэм зэрепсалъэм. Япэ махуэм щыщIэдзауэ Динур псори тыншу зэрызэфIэкIынур ди фIэщ игъэхъуурэ, ди гур къызэригъэгъуэтыжурэ къекIуэкIащ. Зи псалъэкIэ гурыфIыгъуэ къыпхэзылъхьэф дохутырыр къэхъуакъым махуэм тIэу-щэ къыщытщIэмыупщIа, е Iэзэгъуэ иригъэкIуэкIым зэхъуэкIыныгъэ гуэр щыхилъхьэкIэ щыдимыгъэщIа. Сэри махуэ къэс ар нэкIэ къэс лъыхъуэт, зэрылажьэм сфIэгъэщIэгъуэну сыкIэлъыплъу.

Сымаджэщым щыщIэткIи зэи плъагъунутэкъым Динур и нэгур зэхэмыхауэ, зыгуэркIэ мыарэзыуэ. КIэлындор кIыхьым щрикIуэкIэ, сымаджэр коляскэм ису къыхуэзамэ, и палатэм нэс ишэжынут, я узыншагъэр зытетымкIэ ящIэмыупщIауэ зыми блэкIтэкъым. Аракъэ-тIэ цIыхугъэ зыхэлъщ жыхуаIэр?! Еш жыхуаIэр зымыщIэ дохутыру къысщыхъуащ сэ ар. Мы къудамэм щрихьэкI лэжьыгъэ хьэлъэм къинэмыщIауэ, Ставрополь травмотологие пунктми щолажьэ. — А пунктыр травмотологием и унэтIыныгъэ нэгъуэщIщ, ари сфIэгъэщIэгъуэнщ. Абдеж фэбжь зыгъуэтагъащIэм узэрыбгъэдыхьэ щIыкIэр нэгъуэщIу зэрыгъэпсам сыдехьэх, — жеIэ Динур.

КъинэмыщIауэ, дохутыр жыджэрым илъэс кIуам зыIэригъыхьащ иджыри и зы хъуэпсапIэ. Абы илъэскIэ узэIэбэкIыжмэ къызэIуихащ бзылъхугъэхэм я дахагъым здыкIэлъагъэплъ клиникэщIэ. Унагъуэ хьэрычэтыр Динуррэ абы и щхьэгъусэ Iэминатрэ зэдахь. ГъэщIэгъуэнщ, Динур гъащIэ гъусэ къыхуэхъуа бзылъхугъэмрэ езымрэ лэжьыгъэм зэрызэришэлIар. Ахэр студент щIыкIэт нэIуасэ щызэхуэхъуам. Лъэпкъ зэныбжьэгъугъэр ягъэбыдэу, адыгэ щIалэмрэ къэрэшей пщащэмрэ унагъуэ хъарзынэ зэдащIэри, пхъуитI зэдагъуэтащ, я лэжьыгъэри зы унэтIыныгъэ хъужауэ, зэгурыIуэу зэдопсэу. Иджы дыдэ етIуанэ хъыджэбзыр къахуэхъуами, Iэминат сабийри зыхуей хуегъазэ, клиникэри нэхъ зытегъэщIар аращ. УнагъуэмкIэ зигу мыныкъуэ Динур емышыжу цIыхум щхьэпэнымкIэ лэжьыгъэшхуэ егуэщI. Махуэ къэс сымаджэхэм уахэтыныр, абыхэм я хьэзаб зыхэпщIэу упсэуныр, дауи, тыншкъым.

Ешауэ къыщыщыхъум деж, Нартокъуэм иIэщ дэзыхьэх, гугъэпсэху хуэхъу Iуэхугъуэ. Абы хуабжьу фIэфIщ шыкIэ къижыхьыну. Зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм и хапIэжь йокIуэлIэжри, абдеж зыщегъэпсэху е и ныбжьэгъухэм ящIыгъуу зекIуэ йожьэ. ЗекIуэм хуэдэу и гукъыдэж къэзыIэт, псэкIэ зезыгъэгъэпсэху Iуэху щымыIэу къелъытэ Динур… Нобэ си анэр лъэрытет зэрыхъужар, Тхьэшхуэм иужькIэ, и фIыщIэу солъытэ а дохутыр ныбжьыщIэм. Зи лэжьыгъэр фIыуэ зылъагъу икIи къызэхъулIэ, цIыхугъэшхуэ, гущIэгъулы зыхэлъ Нартокъуэ Динур зэрыдохутыр лъэщыр наIуэщ. Къыхиха IэщIагъэм къыпэкIуэну мылъкум, хэхъуэм ауи емыгупсысу, япэ ирегъэщ цIыхум дэIэпыкъун, сэбэп зэрыхуэхъун хуейр. Тхьэм апхуэдэ дохутырхэр ди лъэпкъым нэхъыбэу къыхигъэкI!

БОРЭНЫКЪУЭ Мадинэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *