Къэрэшей-Черкес Республикэми, нэгъуэщІ хэгъуэгухэми къикІа динырылажьи 150-м щІигъу дин щІэнгъуазэ
еджэныгъэ-семинарым хэтащ. Еджэныр яуха нэужь, курсхэм хэтахэм сертификатхэр
хуагъэфэщащ. Динырыгъуазэ курсхэм я купщІэр — Іимамхэм я щІэныгъэмрэ зэфІэкІхэмрэ хэгъэхъуэн, ислъам дин щІэнгъуазэр хэгъуэгум щегъэфІэкІуэнращ.
АтІэ, куэд мыщІауэ республикэм и муфтийм хэгъуэгум и журналистхэм щаІущІами игу къеуэу къыхигъэщащ дин щІэныгъэ и лъэныкъуэкІэ республикэр зэрылъашэр, абы икІэщІыпІэкІэ зыгуэр ещІэн хуейуэ зэрыщытыр.
ЖыІэпхъэщи, динырылажьэ пашэхэмкІэ мыпхуэдэ еджэныгъэхэр диным нэхъри фІыуэ щыгъуэзэнымкІэ, дунейм и зэхъуэкІыныгъэхэм, къекІуэкІ Іуэхухэм диныр зэреплъыр зэхэгъэкІауэ жылагъуэм и пащхьэ ихьэнымкІэ Іэмал хьэлэмэтщ.
Курсхэм я къызэгъэпэщакІуэщ Іимам Абу Хьэнифэ и цІэр зезыхьэ Къэрэшей-Черкес республикэ ислъам институтыр. Абы щІэгъэкъуэн хуэхъуащ ислъам щэнхабзэм, щІэныгъэмрэ егъэджэныгъэмрэкІэ Фондыр, Псыхуабэ къэрал университетыр,
КъЧР-м и ДУМ-р.
— Дэ дыщопсэу зэтемыувыІэу зызыхъуэж, къалэныщІэхэмрэ гъэунэхуныгъэщІэхэмрэ къытхуэзыгъэув дунейм. Ислъам динырылажьэхэм къалэн дохь муслъымэнхэм, къытщІэхъуэ щІэблэм псори зэхэгъэкІауэ янэтхьэсынымкІэ, ныбжьыщІэхэм гъэсэныгъэ тэрэз ядгъэгъуэтынымкІэ, — семинарым къыщыпсалъэм къыхигъэщащ КъЧР-м и ДУМ-м и тхьэмадэ, республикэм и муфтий Эркенов хьэжы Мухьэммэд.
— Согугъэ семинарым хэтхэм фи упщІэ псоми я жэуап вгъуэтыну, щІэнгъуазэрэ псэ зыузэщІыпІэрэ ар фхуэхъуну, — семинарым къекІуэлІахэм захуигъазэкIэрэ жиІащ КъЧР-м лъэпкъ ІуэхухэмкІэ, цІыхубэ зэпыщІэныгъэхэмрэ
печатымрэкІэ и министрым.
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.