КЪЭРЭШЕЙ-ЧЕРКЕСЫМ и жылагъуэ Палатэм «КъЧР-р —ди зэхуэдэ унэщ» щхьэщIэдзапIэм щIэту Iэнэ хъурей щIыкIэм тету, зэIущIэ щекIуэкIащ. Ар теухуауэ щытащ ди хэгъуэгум къыдэгъуэгурыкIуэ псэкупсэ къулеигъэр хъумэнымрэ гъэбыдэнымрэ. Зэпсэлъэныгъэм къыхашащ унэтIыныгъэ зэхуэмыдэхэм ирилажьэхэр: КъЧР-м и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и депутатхэр, республикэм и Министерствэхэм, хэгъуэгум щыIэ МВД-м экстремизмэм пэщIэтынымкIэ и Купсэм, жылагъуэ организацэхэм я лIыкIуэхэр, динырылажьэхэр, журналистхэр.
ЗэIущIэр къызэIуахащ хэгъуэгум щыIэ СВО-м и ветеранхэм я Ассоциацэмрэ республикэм и Жылагъуэ Палатэмрэ зэдэлэжьэнымкIэ зэдащIа зэгурыIуэныгъэм Iэпэ щIэдзынымкIэ. Жылагъуэ Палатэм и унафэщI Ляшовэ Еленэрэ Ассоциацэм и унафэщI Мутчаев Дахиррэ зэгурыIуащ я къарур зэхалъхьэу нобэ псэемыблэжу къулыкъум Iут ди зауэлIхэм ядэIэпыкъунымкIэ лэжьыгъэм нэхъри щIагъэхуэбжьэну. Абы хохьэ СВО-м и ветеранхэм, абыхэм я унагъуэхэм социальнэ, психологическэ, хуитыныгъэр хъумэнымкIэ дэIэпыкъуныгъэ ягъэгъуэтыныр, щIалэгъуалэр хэкупсагъэм хуэгъэсэнымкIэ проектхэр гъэзэщIэныр, жылагъуэмрэ республикэм щыIэ къулыкъу зэхуэмыдэхэмрэ я зэпыщIэныгъэр гъэбыдэныр. ЗэIущIэм хэтахэм къыхагъэщащ республикэм къыхуэув Iуэхугъуэшхуэхэр зэфIэхынымкIэ жылагъуэ IуэхущIапIэхэм я мыхьэнэр зэрыиныр.
А псалъэхэр щIигъэбыдэжу, а махуэм СВО-м хэт ди зауэлIым и зы лъэIу зэрагъэзэщIар ягъэлъэгъуащ. Черкесск къалэм дэт Никольскэ Члисэм хэту лажьэ «Соборяне» добровольческэ гупым СВО-м щыIэ ди хэкуэгъу зауэлIым зыкъыхуигъэзат вай-фай зэпыщIэныгъэ техникэ щхьэхуэм хуэныкъуэу. Республикэм щыпсэухэм я фIыгъэкIэ, абы и уасэр зэхуахьэсри, зауэлIыр зыщIэлъэIуар къащэхуащ икIи ар Щоджэн Гурин Александр зауэлIым и къуэшым IэщIигъэхьащ, адэкIэ зэуапIэм зэрыхуригъэшэжыным хуэдэу. — Мы техникэр ди сэлэтхэм я къалэнхэр нэхъыфIу ирагъэзэщIэным къинэмыщIауэ, я щхьэр яхъумэжынымкIи сэбэп хъунущ.
ФIыщIэ яхудощI а Iуэхур зэфIэдгъэкIыным зи Iыхьэ къыхэзылъхьа дэтхэнэми, — жиIащ абы. АдэкIэ зэIущIэм щрипсэлъащ УФ-м и Президент Путин Владимир 2022 гъэм къыдигъэкIауэ щыта «Об утверждении Основ Государственной политики по сохранению и укреплению традиционных российских духовно-нравственных ценностей» Хабзэр ди хэгъуэгум гъэзэщIа зэрыщыхъумрэ гулъытэ зыхуэщIыпхъэмрэ. — Къэрэшей-Черкесыр — картэм къыщыгъэлъэгъуа щIыналъэ къудейкъым. Ар, дызыщыпсэу, дызыщылажьэ, ди сабий здэтпI, псоми ди зэхуэдэ унэщ. Ар ди гъащIэр, къыддекIуэкI щэнхабзэмрэ хабзэмрэ здызэIуащэ щIыпIэщ.
Дэ псори дызэщхьэщокI, ауэ а зэхуэмыдэныгъэр ди къару мэхъу. Шэч хэлъкъым, ди хэгъуэгур егъэфIэкIуэным дэтхэнэми езым и Iыхьэ зэрыхилъхьэм. ИкIи аращ псоми ди зэхуэдэ къалэнхэр гъэзэщIэнымкIэ дызэкъуэувэным мыхьэнэ щIыхэлъыр, — жиIащ Ляшовэ Еленэ. «Iэнэ хъурей»-м хэтахэр зэпха къулыкъу елъытакIэрэ къытепсэлъыхьащ лъэпкъхэр, дин зэхуэмыдэхэр зэмыныкъуэкъуу псэуным, Хэкур фIыуэ лъагъуным, мыхъумыщIагъэ хэгъуэгум къыщымыгъэхъуным яхьэлIауэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм. ЗэIущIэм къыщаIэтащ экстремизмэм пэщIэтыным, къэмыгъэхъуным гулъытэ зэрыхуащIри. АбыкIэ динырылажьэ организацэхэм ядэлэжьэным мыхьэнэшхуэ зэрыхэлъыр жаIащ. Экстремизмэм епха щIэпхъаджагъэхэр къызэпыудынымкIэ, ар хэгъуэгум къыщымыгъэхъунымкIэ ялэжьым къытепсэлъыхьащ республикэм и МВД-м экстремизмэм пэщIэтынымкIэ и Купсэм и унафэщIым и къуэдзэ Багъ Елдар.
— Псори зэхэту къапщтэмэ, лъэпкъхэм я зэгурыIуэныгъэмрэ дин зэхуэмыдэхэр зэдыщыIэнымрэкIэ ди хэгъуэгум и щытыкIэр зэпIэзэрытщ. Лъэпкъхэр мамыру, зэгурыIуэу зэдэпсэуным фIы и лъэныкъуэкIэ зэрызихъуэжар нэрылъагъущ. Арами, зэпымыууэ щIэплъыкIыныгъэхэр идогъэкIуэкI, зыгуэр къызэрыкъуэкIыу, хабзэхъумэ къулыкъухэр хэту, икIэщIыпIэкIэ ар зэгъэзэхуэжыным дытолэжьыхь, — жиIащ абы. Жэщ-махуэ имыIэу экстремизмэр къэмыгъэхъунми къулыкъур зэрыкIэлъыплъыр жиIащ. Социальнэ зэпыщIэныгъэхэм деж абы къыхуезыджэ Iуэхугъуэхэм къулыкъур пэщIохуэ. Абыхэм гулъытэшхуэ зэрыхуащIыр къыхигъэщащ Багъым.
Зэпсэлъэныгъэм хэта дэтхэнэри арэзы ирихъуащ Къэрэшей-Черкесым и щэнхабзэ щIэиныр хъумэнымрэ лъэпкъхэр зэгурыIуэу псэунымрэ яхьэлIауэ зэдэлажьэмэ Iуэхур нэхъри зэрефIэкIуэным. А махуэм къыхэлъхьэныгъэ зыбжанэ ящIащ. Апхуэдэщ, еджапIэм этно-педагогикэ дерсыр къыхэгъыхьэжыныр, щIалэгъуалэр зэзышалIэ лъэпкъ фестивалхэр нэхъыбэу къызэгъэпэщыныр, нэгъуэщIхэри. БОРЭНЫКЪУЭ Мадинэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.