Ди щхьэхэр яхуэдывгъэгъэщхъ

КъЧР-м цIыхухэм социальнэ хуэIухуэщIэхэр ягъэгъуэтынымкIэ республикэ Купсэм Iуэхугъуэ куэд дыдэ иригъэкIуэкIащ дызыхуэкIуэ, ТекIуэныгъэ Иным и Махуэм и щIыхькIэ.

Абыхэм пищэкIэрэ, накъыгъэм и 5-м иджыри зы зэхишащ. Купсэм и нэIэм щIэтхэр хуабжьу хуэжыджэру пыкъуэкIащ мы Iуэхум икIи гъуазджэмкIэ, щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ Иванченкохэ Алексейрэ Людмилэрэ я нэIэм щIэту зыкъэгъэлъэгъуэныгъэ гъуэзэджэ ягъэхьэзырри утыку кърахьащ. Уэрэдхэр, усэхэр, къафэхэр — псори пэрыхьэту щытащ а пшыхьым. Еплъахэм я нэпсхэр кърагъакIуэу, уэрэдхэм дежьууэ, хуабагъэрэ дахагъэрэкIэ гъэнщIауэ щытащ ар. ЖыIэпхъэщи, апхуэдэ щытыкIэкъэ, атIэ, зэкъуэтыныгъэ къарукъэ Урысейр зэрыуардэр, аракъэ ди Лъэпкъ Пашэм и къыхуеджэныгъэ нэхъыщхьэр!

Зауэ! Ар псалъэ кIэщIщ, ауэ къызэрымыкIуэу дыджщ и лъэужьыр. Совет къэралышхуэм и цIыху мелуан 27-м нэс хэкIуэдащ абы. Ар зауэлI къудейхэкъым, хэкIуэдащ мамыру псэуным зи нэр къыхуикI сабийхэр, лIыжьхэр, фызыжьхэр, бзылъхугъэхэр. ЗэуапIэхэм хахуэу Iутащ ди бзылъхугъэхэри. Тылым зи гуащIэшхуэ щызыгъэтIылъахэр-щэ? Абыхэми, зауэм Iутхэм яхуэдэ къабзэу, ТекIуэныгъэр къагъэгъунэгъуащ махуэ къэс.  Зауэм къэралым и лъэр щIихащ, и завод, фабрикэ лъэщхэр зэхикъутэкIэрэ, къалэшхуэхэр щIы щхьэфэ ищIыжкIэрэ… Зауэм и нэщIэбжьэр зылъэмыIэса унагъуэ искъым Урысейм. Ленинград блокадэр, щIакхъуэ грамм бжыгъэр, гъаблэм игъэбэга сабийхэр, концлагерхэр… Дауэрэ а псори цIыхубэм зэрыщыгъупщэнур? Зэгуэрми! Дауэ мыхъуами, сыт хуэдэу щымытами, ди зауэлI хахуэхэм, ди дзэхэм бийр и гъуэм ирахуэжу ираущэбыхьыжам къыщымынэу, нацизмым и бжьым щIэхуа хамэ къэралхэри хуит къащIыжащ.

Апхуэдэ къабзэщ нобэ СВО-м и IуэхущIафэри. ЗэуапIэхэм Iут ди цIыхухъухэм Урысей гъунапкъэри яхъумэ, украин мамыр жылагъуэми и къыщхьэщыжакIуэщ. — Ди щхьэхэр яхуэдывгъэгъэщхъ а гъейхэм! Ди щхьэхэр яхуэдывгъэгъэщхъ лIахэми псэууэ къэнахэми! Апхуэдэ къыхуеджэныгъэхэм пащэу, зауэм хэкIуэдахэм дакъикъэкIэ яхуэщыгъуащ пшыхьым хэтахэр. АдэкIи, ерыскъы Iэнэхэм пэрысу зэдэуэршэращ, зауэм зи Iыхьлы-Iэулэд хэтахэм, зылъэIэсахэм я гукъэкIыжхэмкIэ зэдэгуэшащ. ТекIуэныгъэ Иным и Махуэм удз гъэгъа псори — Хэку зауэшхуэм хэтахэм! Ди Iэгуауэ лъэщыр — Абыхэм! ТекIуэныгъэ МахуэмкIэ!

ШЫБЗЫХЪУЭ Ирэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *