ТЕРРОРИЗМ псалъэр зэрызэхахыу, цӀыху куэдым я нэгу къыщӀохьэ блэкӀа мыжыжьэм, Хаттаб, Басаев Щэмил, Умаров Доку, Гочияев Ачемез, нэгъуэщӀ куэдми хуэдэ щIэпхъэджащIэхэм я зэранкӀэ ди къэралым и цӀыхубэм я гум «уӀэгъэ мыхъуж» къыщыхэна зэманыр, щызэхуэхьэса теплъэ щхьэхуэхэр. Норд-Остым, Беслан, Волгодонск, нэгъуэщӀ урысей къалэхэм къыщыхъуа, лажьэ зимыӀэ цӀыхуищэ бжыгъэ зыхэкӀуэда къэхъукъащӀэхэм цӀыхубэм я гукъэкӀыжым лъэужь фӀыцӀэ къыщагъэнащ. Нобэ, терроризмэм нэгъуэщӀ теплъэ иӀэ хъуащ. Ар къэпцӀыхуныр нэхъ гугъущ, нэхъ «хьилэщ», гущIыхьэ дыдэр – «нэхъ щӀалэ» хъуащ. Иджырей террористхэм, япэрейм хуэдэу, я плъапӀэр цӀыху мамырхэращ, къулыкъушхуэ зыӀыгъ дзэ къулыкъущӀэхэращ, къэрал, жылагъуэ лэжьакӀуэхэращ, псалъэм папщӀэ, Крокус Сити Холлым, Курск, Брянск областхэм я лъэмыжхэр къыщагъэуам, Москва, Балашихэ, Краснодар, нэгъуэщӀ къалэхэм къыщыхъуам хуэдэу.
Япэм террористхэм, зы къыхуеджэныгъэм, лъэныкъуэгъазэм зэкъуигъэува, хабзэншагъэ зыхэлъ ӀэщэкӀэ узэда гупхэм хэту, я Ӏуэху фӀейхэр ялэжьу щытамэ, нобэ, ар нэхъыбэу щӀалэгъуалэщ, ныбжьыщӀэхэри къыхощ, апхуэдэуи мигрантхэм ящыщу украин спецкъулыкъухэм къагъэдэӀуахэщ, абыхэм я сэбэп зыщӀэхэу, ахъшэ тыгъэкӀэ къащэхуахэу. СВО-р щыщӀидза лъандэрэ (2022 гъэм и мазаем щегъэжьауэ) 2024 гъэм и мэлыжьыхьым нэс властымрэ управленэмрэ я къулыкъухэм, социальнэ, жылагъуэ ӀуэхущӀапӀэхэм, транспорт, энергетикэ инфраструктурэхэм, хабзэхъумэ къулыкъухэм я лэжьакӀуэхэм, жылагъуэ ӀуэхущӀэхэм яхуэгъэзауэ диверсэ-террор акт 97-рэ ялэжьащ. Абыхэм щыщу 30-р дзэ комиссариатхэм мафӀэ кӀэщӀэдзэным, 27-р технологие Ӏэмэпсымэхэмрэ гъущӀ гъуэгухэм я инфраструктурэ псэуалъэхэмрэ зэхэкъутэным яхуэгъэзащ. Зи гугъу тщӀы пӀалъэм къриубыдэу теракт 230-рэ къагъэхъуащ. Ахэр къызэзыгъэпэщыр икӀи езыгъэкӀуэкӀыр нэхъыбэу Украинэм и спецкъулыкъухэращ, ГРУ-мрэ СБУ-мрэщ, украин военнизированнэ организацэхэмрэ батальонхэмрэщ, нэхъ мащӀэу, къэралыбэ террорист организацэхэм я гупхэращ. ЦӀыхухэр социальнэ хъыбарегъащӀэ хъыбархэмрэ мессенджерхэмрэкӀэ, Telegram хуэдэхэмкӀэ, стриминг утыкухэмрэ онлайн – джэгукӀэхэмрэкӀэ зыхашэ, апхуэдэуи къыщыхъу щыӀэщ хамэ къэралхэм щагъэхьэзырахэр къыщагъакӀуэ. Нэхъыбэу ягъэдаӀуэр «зыкъэзыгъэлъэгъуахэращ», псалъэм папщӀэ, Урысейм и бий зэгухьэныгъэхэмрэ каналхэмрэ хэту, УФ-м и политикэмрэ властым и лӀыкӀуэхэмрэ е СВО-р зэрырагъэкӀуэкӀымрэ яхуэмыарэзыуэ, е украин дзэ къулыкъущӀэхэм я телъхьэу интернетутыку зэмылӀэужьыгъуэхэм я Ӏуэху еплъыкӀэхэр къыщызыгъанэхэращ. Апхуэдэ цӀыхум и Ӏуэху еплъыкӀэр езым къегъэлъагъуэри, ахъшэ тыгъэ къызэрыхуащӀынумкӀэ къагъэгугъэмэ, адэкӀэ ар къыдэшэхынымкӀэ гугъу хъукъым. Хамэ къэрал координаторхэр апхуэдэхэм къахуотхэ икӀи «тӀасхъэщӀэх» кӀуэну, зыгуэрым сурэт трихыну, псалъэм папщӀэ, транспорт е нэгъуэщӀ инфраструктурэм, иужькӀэ сурэтыр хуригъэхьыну къыхуагъэув. Пщэрылъыр зэригъэзэщӀам папщӀэ, ахъшэ къыхуагъакӀуэ. Псалъэм папщӀэ, ӀуэхущӀапӀэм тӀасхъэщӀэх щригъэкӀуэкӀыным сурэт тезыхым — сом 1000-2000 кърат. Зыгуэр гъэсыным, мафӀэ кӀэщӀэдзыным и уасэр сом мини 10-м къыщыщӀедзэ. Релейнэ шкафхэр, сотовэ зэпыщӀэныгъэм и плъырыпӀэхэр (вышкэхэр) — сом мин 40-м нэс, адэкӀэ «Ӏуэхутхьэбзэм» и уасэр нэхъыбэщ. Зэ апхуэдэ гъуэгу пхэнж трагъэува цӀыхур «гъущэу, зыри къыкӀэрымыпщӀэу псым къыхэкӀыжыныр» фӀэщ щӀыгъуейщ. Ауэ, жагъуэ зэрыхъущи, диверсионнэ е террор Ӏуэхухэм хэтыну жэрдэмыр езы Урысейм и цӀыхум къыщыбгъэдэкӀ щыӀэщ.
Псалъэм папщӀэ, ныбжьыщӀэхэм езыхэм украинэм и телъхьэ телеграм-каналхэм зыщӀатхэ, ботхэмкӀэ зэпсалъэу щӀадзэ, каналхэм я администраторхэр къагъуэтри, Ӏуэхутхьэбзэ хуащIэну зэрыхьэзырыр жраIэ. Диверсантхэмрэ террористхэмрэ жэуаплыгъэ ямыхьыну къащыхъуми, урысей хабзэхъумэ къулыкъухэм ехъулӀэныгъэ яӀэу ахэр къыщӀагъэщ икӀи жэуаплыгъэ ирагъэхь. Апхуэдэу, псалъэм папщӀэ, гъунэгъу Ставрополь крайм ФСБ-м нэрыбгибгъу къыщаубыдащ, накъыгъэм и 9-м терактхэр ягъэхьэзыру гурыщхъуэ зэрыхуащӀым къыхэкӀыу. Абыхэм щыщу цӀыхуийр зи ныбжьыр илъэс 14-м къыщыщӀэдзауэ 16-м нэсщ, балигъыпӀэм имыува ныбжьыщӀэхэщ. Подмосковьем полицэм къыщаубыдащ илъэс 20-21-рэ зи ныбжь цӀыхуиплӀ, Москва гъущӀ гъуэгум и релейнэ шкафхэр ягъэсауэ гурыщхъуэ зэрыхуащӀым къыхэкӀыу. Нижегородскэ областым 2008 гъэм къалъхуа ныбжьыщӀитӀым уголовнэ Ӏуэху къыхуаӀэтащ, гъущӀ гъуэгум диверсэ щызэрахьэну яужь зэритам папщӀэ. Ямалым, иужькӀэ Омск аэродромхэм «Ми-8» вертолетхэр щагъэсащ. Ар зылэжьар илъэс 13-м къыщыщӀэдзауэ 16-м нэс зи ныбжь еджакӀуэхэщ. Абыхэм мыхъумыщӀагъэр ящӀа нэужь, сыхьэт дэкӀауэ къаубыдри, уголовнэ жэуаплыгъэм ирашэлӀащ. ЦӀыхухэр, псом хуэмыдэу ныбжьыщӀэхэр, диверсэ-террор Ӏуэхухэм хэшэным теухуауэ къэхъуар бжыгъэншэщ, абы, дауи, къегъэлъагъуэ бийр зэрымыжейр, абы нэхъ бзаджэу щыӀэр къызэригъэсэбэпыр, ди сабийхэм я ӀэкӀэ зэраныгъэ къытхуихьыным зэрыхущӀэкъур. Ауэ упщӀэ къытхуоув, ди бынхэм я Ӏыхьлыхэр фӀыуэ ялъагъуу, Хэкум пщӀэ хуащӀу гъэсэнымкӀэ псори тщӀэрэ?
Къэрэшей-Черкес Республикэм и МВД-м и ЦПЭ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.